Iуэху пэжхэм щыхьэт техъуэу

Мэлыжьыхьым и 19-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «НАТО. ГущIэгъуншагъэр къэзыгъэлъэгъуэж» гъэлъэгъуэныгъэр.
Абы къыщыхьа дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ топсэлъыхь НАТО-р хэту дуней псом щекIуэкIа зэныкъуэкъуныгъэхэм - 1940 гъэхэм къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэсыху.
Гъэлъэгъуэныгъэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшащ, Америкэр Хиросимэрэ Нагасакирэ зэрызэтрикъутауэ щытам, США-мрэ абы и Iуэху еплъыкIэхэр дэзыIыгъхэмрэ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм и ужькIэ СССР-м теуэну зэрагугъам  щытепсэлъыхьу.
КъищынэмыщIауэ, абы къыщыIуэтащ  XX лIэщIыгъуэм и кIэм - XXI-м и пэхэм екIуэкIа дзэ зэпэщIэтыныгъэхэр, 1999 гъэм Югославием зэреуар, 2000 гъэхэм Иракымрэ Афганистанымрэ щекIуэкIа зауэхэр, Сирием къыщыхъеяр, Украинэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэри яхэту.
Гъэлъэгъуэныгъэр игъэхьэзыращ Урысейм иджырей тхыдэмкIэ и Къэрал музей нэхъыщхьэм. Абы къигъэсэбэпащ ТАСС-мрэ «Урысейр нобэ» МИА-мрэ я дэфтэр сурэтхэр, зауэм ехьэлIа архив тхылъымпIэхэр.
Выставкэр накъыгъэм и 15 пщIондэ екIуэкIынущ, щIыхьэпщIэ хуейкъым. Тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм я дежкIэ Iуэху щхьэпэщ.

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ