И плъапIэмрэ и гурыщIэмрэ гъунэншэщ

Дунейпсо литературэм и «губгъуэшхуэм» уи вагъэбдзумэ щыпхыпшыныр, дунейпсо усыгъэм и уафэгум зыми емыхь уи вагъуэ щыпыбгъэнэныр Iуэху джэгукъым. Уеблэмэ ар зэхэгъэкIыпIэ нэхъ ткIий дыдэхэм ящыщщ. Апхуэдэу щытми, къалэмыр Iэпэгъу зыхуэхъуахэм яхэту къыщIэкIынкъым а къалэн гугъум, мащIэ-куэдми, зыгуэркIэ пэлъэщыну къимыгъэгугъэ. Арыншамэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ущIэтхэни щыIэкъым. АрщхьэкIэ усэ зытх псори усакIуэкъым. Усэр зэрытха бзэр фIыуэ зыщIэ дэтхэнэми усыгъэр къыгурыIуэу къэплъытэныр зэрыщхьэгъэпцIэжым ещхьыркъабзэу, усэ ухуэкIэм уи гупсысэр къибгъэтIасэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым усыгъэ нэсым и Iуэхур. Усэр, къызэрыгуэкI псалъэкIэ мыхъуу, усэбзэкIэ тхауэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, литературэм и художественнэ IэмалхэмкIэ «хуэпауэ» щытыпхъэщ. Ауэ абы и закъуэкъым. Нэхъыщхьэращи, абы хэлъын хуейщ усыгъэ зыщIыж мафIэ.

Усэр, уакъылыфIагъкIэ къыбгурыIуэнукъым, ар цIыхупсэм хэгъэпщкIуа гурыщIэ малъхъэдисхэм зыщIашэ шэху хьэлэмэтыщэщ. ИкIи зи гум дахагъэ къыщыуша, зи акъылым зиузэщIа, дунейпсо классикхэм я фIыпIэм щыгъуазэ тхылъеджэрщ а «щэху хьэлэмэтыщэм» гухэхъуэ къызыхуихьынур. Зэчий зиIэ усакIуэхэр куэд зэрымыхъум ещхьыркъабзэу, апхуэдэ тхылъеджэхэри мащIэ дыдэщ.
КIэщIу жыпIэмэ, усыгъэм езым и хабзэрэ и щэхурэ иIэжщ. ИкIи, куэдым загъэусакIуэ щхьэкIэ, зи IэдакъэщIэкIхэр ипэжыпIэкIэ усыгъэ нэсым и мэсхьэбым къитIасэхэр закъуэтIакъуэххэщ. А закъуэтIакъуэххэм, Тхьэр зыхуэупсэу усэныр зи натIэ къритхахэм, ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан.
Сэ мы тхыгъэ кIэщIым зыубгъуауэ сыщытепсэлъыхьыфынкъым Ацкъаным и зэфIэкI псом. Ауэ и усыгъэм хэлъ нэщэнэ зыбжанэм сыкъытеувыIэнщ.
Руслан и усэхэм укъыщеджэкIэ, дахагъэр щытепщэ дуней телъыджэ укъыщохутэ. А дунейр, нэпсым, псынэпсым, сабийпсэм, япэ лъагъуныгъэм къыдэуш гурыщIэ хейхэм ещхьыркъабзэу, къабзащэщ. Тхэн зэрыщIидзэрэ Руслан зы хьэлым тетщ: кIий-гуом зыдригъэхьэхыркъым. языныкъуэхэм ещхьу, щымыIэ къигупсыскIэрэ, зэбгъапщэ мыхъун гуэрхэр зэригъапщэкIэрэ, псалъэ дыгъэлхэр къигъэсэбэпкIэрэ, и усэхэр «цIуугъэнэ» ищIыну хэткъым. Абы и лирическэ лIыхъужьыр, ухуей-ухуэмейми, къоущиехэм ящыщкъым - гуапэу, щабэу, и щхьэ урилъыту къыбдоуэршэр. Ар уи гуфIэгъуэр къыбдэзыIэт, уи гуауэр бдэзыгъэпсынщIэ, хэкIыпIэншэу укъыщынэхэм деж чэнджэщ щхьэпэ зыщыбгъуэт, пцIым пэжыр, мысэм хейр, кIыфIым нэхур, залымыгъэм цIыхугъэр зэрытекIуэнур уи фIэщ зыщI, дахагъэм укъыхуэзыгъэуш, фIым укъыхуезыджэ ныбжьэгъуфIщ. И дзыхь къуигъэзынущ, уигъэпэжынущ, ныбдежьэнурэ уи гъуэгум пкIэлъей къыпхуридзу къыбдекIуэкIынущ, хуей хъумэ, шыгъу пути къыбдишхыфынущ. Езыри хуейщ апхуэдэ дыдэу укъыхущIэкIыну.
Хахуэщ, пэжым и телъхьэщ, цIыхухэр фIыуэ зылъагъущ, зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыжщ, уIэгъуафIэщ, гущIэгъулыщ - кIэщIу жыпIэмэ, цIыхум цIыхукIэ щIеджэж хьэл-щэныфI псори зыдэплъагъущ Руслан и лирическэ лIыхъужьыр. Ар яхуэгуапэщ псэ зыIуту мы дунейм тет псоми - хьэпщхупщым деж къыщыщIэдзауэ цIыхум деж щиухыжу.
ГурыщIэ къабзэр, гупсысэ нэхур къызэрыIуэтапхъэр езыхэм яхуэфэщэжын псалъэ хэщыпыхьахэмкIэщ. Руслан и усэхэм псалъэ быркъуэшыркъуэ ущрихьэлIэркъым. Уэрэдыжьым зы псалъэ хэбдзмэ, и пIэм нэгъуэщI зэрыпхуимыгъэувэнум хуэдабзэу, абы и псалъэ къэс и пIэм итыжщ, къызыхураджа къалэныр игъэзащIэу.
Ацкъаным и гупсысэмрэ и гурыщIэмрэ, дунейм ещхьыркъабзэу, гъуни нэзи яIэкъым. ИгъащIэ лъандэрэ цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ Iуэхугъуэхэм: гъащIэм, ажалым, лIыгъэм, пэжыгъэм, гуапагъэм, лъагъуныгъэм - а псоми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэтыф, куэдым зыщыгъуазэу я гугъэж гупсысэр лъэныкъуэщIэ гуэркIэ къегъэхъуэпскIри, гу зылъумытэм лъыуигъатэу, и нэкIэ урегъэплъыф. Ар, шэч хэмылъу, Iэзагъэ нэсым и нэщэнэщ.
ГъащIэм и хабзэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэрщ, зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр къызэриубыдыфырщ, цIыхупсэм и щэхухэр къызэриIуэтэфырщ Ацкъаныр усакIуэ пажэхэм я сатырым лъэ быдэкIэ хэзыгъэувар.
Дунейр къызэрыунэхурэ усэ ятх. АрщхьэкIэ зэманым и кхъузанэ ткIийм IэщIэкIыркъым усэ «хуэнщIейхэр». Усыгъэ нэсым и щапхъэхэрщ абы икIыу дунейм къытенэр. Апхуэдэхэр, цIыхур дахагъэм къыхуагъэушу, фIым хуаузэщIу, игъащIэкIэ къэгъуэгурыкIуэнущ.
Нобэ зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъу Ацкъан Руслан и усэ куэд цIыхухэм яIурылъщ. Си гуапэщ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу, ар дяпэкIи и лъэпкъым хуэлэжьэну, зэманым и нэпкъыжьэ зытелъ усэ купщIафIэхэмкIэ усыгъэ нэсым хуэнэхъуеиншэхэр игъэгуфIэну. Куэдрэ упсэуну, упсэухукIи уусэну, Руслан!

МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ.
Поделиться: