МафIэсым щIидзагъэххэщДызэрыщыгъуазэщи, илъэс къэс дуней псо мэзым щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщылыб мафIэсхэм хэщIыныгъэшхуэ къытхуехь. Ар псэущхьэ, къэкIыгъэ, хьэуа, цIыху гъащIэ ирехъу. ЩIымахуэм дыкъиутIыпща къудейуэ, гъатхэм гу щыдмыхуауэ къытщыхъуми, Урысейм и мэзхэр мафIэм ес, къызэрыщIэкIымкIэ.
«Урысейм мафIэсхэм щIадзагъэххэщ. Уеблэмэ гъэм и зы зэман мычэму, зэпымычу ису жыпIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, 2021 гъэм и иужьрей мафIэсыр дыгъэгъазэ мазэм дгъэункIыфIауэ щытащ. 2022 гъэм и япэ мафIэсыр щIышылэм и 2-м Приморьем къыщылыбащ. Урысейр къэралышхуэщ, климат и лъэныкъуэкIэ лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэхэлъщ. Зы щIыпIэм щыщIымахуэкIэ, адрейм щыгъэмахуэщ. Аращ ар къызыхэкIыр. Иджыпсту дызыIутыр нэгъуэщIщ – мэкъумэш лэжьыгъэм хухаха щIым къыщыхъу мафIэсхэм мэзым зремыгъэдзынырщ. Дауэ дымыщIами, вэн-сэным зэран хуэдгъэхъу хъунукъым», - жеIэ Рослесхозым и унафэщI Советников Иван.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|