Марем пшыхь

Нэщэнэхэр
Псы макъыр ипщэкIэ къыщыIумэ…

Мэрем, гъубж пшыхьхэм цы япхыртэкъым, яджыртэкъым, ятIэ зэрахьэртэкъым, фIыкъым жаIэрти.
Нал къэбгъуэтыну фIыщ.
Нэр шхэмэ, угъынущ, жаIэрт.
Псы макъыр ипщэкIэ къыщыIумэ, уэфI хъунущ.
Псы къудей къэбгъэкъуалъэмэ, уи вым и пщэр мэкIуэд, жаIэрт.
Iэ щIыбкIэ псы къибгъэхъуэну фIыкъым.
Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну къалъытэрт.
БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ, узэщохьэ жаIэрт.
Былым къозытыр щIэмыфыгъуэжмэ, мэбагъуэ жаIэрт.
Гущэм цIыбэ къибнэну фIыкъым.
Шыгъур щIэупсапсэмэ, дунейр къопсэпсауэ жаIэрт.
Шхыныр шыугъэ яIэщIэщIэмэ е шыгъу иракIутмэ, унэм къаугъэ къихъуэну къалъытэрт.
Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым.
Щхьэцышхуэр насып пэлъэныкъуэщ жаIэрт.
Iэгур шхэмэ, ахъшэ къыхэхъуэнущ жаIэрти, фIэрафIэм и натIэм щахуэрт.
Унэм ущыщIыхьэкIэ лъапэ ижьыр нэхъапэ щIэшие жаIэрт.
Хуэ зышхым и щхьэцыр кIыхь хъууэ къалъытэрт.
Хьэ къугъым мелыIыч елъагъу жаIэрт.
Хьэдэ зэрыщIалъхьа бел зэIэпахыртэкъым.
ХьэкIэ къызытеуам и гугъу ящI жаIэрт.
Цыбэ угъурлыщ, насыпыфIэщ жаIэрт.

Прозэу тха усэхэр
ХэтщIыкIыу пIэрэ?

Си лэжьэгъу цIыхубз гуэрым и фIэщыпэу:
- УкъысщIэнэкIэнуми ухуитыжщ, ауэ дыгъуасэ лъандэрэ IупщI дыдэу си нэгу къыщIыхьэжащ…
- Сыт къыщIыхьэжар?
- Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ… сэ сыпсэууэ щытащ сынэгъуэщI цIыхуу. НэгъуэщI хэку сыкъыщалъхуауэ. НэгъуэщIыбзэкIи сыпсалъэу. Иджы сыщхьэмыгъуэжьу си закъуэмэ, абы щыгъуэ фIы дыдэу слъагъуу зы шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIу сиIэт. Махуэм скIэрымыкIыу. Жэщ хъурэ гъуэлъыжамэ, и жьэгъу цIыкIум деж щабэу сыхуемытIэхъуауэ мыжеижыфу…
Абы хэту зыгуэр ныщIыхьэри, ди псалъэмакъыр зэпыдгъэун хуей хъуащ. Сессие диIэу ди зэрызехьэгъуэти, дызэблэжу фIэкIа дызэрымылъагъуурэ, гъэ еджэгъуэр иухри, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэри къэсащ.
Бжьыхьэр екIуэкIыу, дэри лэжьэн щIэддзэжауэ, а цIыхубз дыдэр къызбгъэдохьэ:
- Зэ зыгуэр бжесIати…
- ФIы дыдэу сощIэж.
- Нэхъ гъэщIэгъуэныр къыщыхъур иужькIэщ… Гъэмахуэм Индием сыщыIащ сэ.
- Ар зэхэсхат.
- Щи, Бомбей и курыкупсэм дыдэту, дыкъызэрежьэжыну экспрессыр асыхьэтым къыIукIыну, гупыр къэзгъанэу сакъыхэмыкIыжынкIэ Iэмал имыIэу сыкъохъу. КIуэаракъэ, си псэм сыкърехуэкI, гузэвэгъуэр къызитауэ.
Автобусым сыкъиувыкIащ иджы щыжысIэ дыдэм ирихьэлIэу машинэ псынщIэ цIыкIу къос, къоувыIэри, зылI къокI - блэ и пщэм къешэкIауэ. Блэ гъуабжэ тхьэIухуд цIыкIу, пыжьынэ хъужу!
Сэ зызмыщIэжу а блэ цIыкIумкIэ зызодз, езыми зыкъысхуеший. ЛIыри къэувыIащи, Iэнкуну щытщ, зыри жимыIэу къызоплъ.
Сэ, ар къысфIэмыIуэхуххэу, блэ цIыкIум си Iэр хузоший, езыми и жьэгъур къысхуехьри, щабэу сыхуотIэхъу - а зы напIэзыпIэми Iурех, и щхьэ тIэкIур си Iэм къытрегъащIэри!
ЛIыр къэуIэбжьащи, ищIэнур ищIэжыркъым; мыдэкIи автобусым ису хъуар, щхьэкIэ увыным нэсауэ, зэрызохьэ, зэрогъэкIий…
Дауэ къыпщыхъурэ ар?
P.S. Сытыт абы жэуапу естынур? Зыри жысIакъым - сщIэртэкъыми. Ярэби, фIыщэу дызыщыгъуазэу ди гугъэж мы дунейм зыгуэр хэтщIыкIыу пIэрэ дэ?

Iуэхум и пэжыпIэр

ПщIыхьым ещхьу IэфIт Гельдерлин и дунейр.
Ар сыт щыгъуи нэхут.
Сыт щыгъуи гуапэт.
Гъыбзи, гыбзи, узи, лажьи щыземыкIуэу.
Абы щыпсэу цIыхухэр псори хэлъэфауэ лъагэу.
Лъагэми къыщымынэжу - лъатэу.
Iужажи, фыгъуэнэди, хьэсыи, пхъаши яхэмыту.
«ЗэфIэнэ», «зэрыукI», «зэрыфыщI» псалъэхэр ямыщIэххэу.
Лъагъуныгъэр - я уафэ щIэншэ щхъуэшрэ пшэ къыщытехьэр зэзэмызэххэу.
Диотимэ и нэ фIыцIэ пIащэшхуитIыр - къуэмыхьэж дыгъэу - а уафэ щхъуэшым и курыкупсэм жэщи махуи къыщилыдыкIыу.
Дауи, гупыкIыгъуейт апхуэдэ дунейр.
Ар пхъуэж хъунт-тIэ уэрэ сэрэ фIыуэ тцIыху дунеймкIэ?
Аращ Гельдерлин къыщыщIари: хуэхъуэжакъым.
P.S. Iуэхум и пэжыпIэр къыщыпщIакIэ, Гельдерлин ехьэлIа мыфэмыц гуэр зэхэпхмэ, уи фIэщ умыщI.
Къэжэр  Хьэмид.

Фэ фщIэрэ?
Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

Адакъэр мыIуэкIи, нэху щын къанэркъым. Iуэху къэхъун хуейм зыри пхухэлъхьэнукъым - къэхъун хуейр къэхъунущ.
АдрыщIым ущIэдэумэ, мыдрыщIыр къып­лъысынщ. Куэдым къыщыщIэбдзэмэ, а уэ узыхуей мащIэр нэхъ зэбгъэхъулIэнщ жыхуиIэщ.
Ажалыр бжэщхьэIум нэхърэ нэхъ благъэщ. НапIэзыпIэм укъытехуэу улIэнкIэ зэрыхъунур къэплъытэущ дунейм узэрытетын хуейр.
Алыхьым къыптрилъхьэмэ, фошыгъу шей уефэнщ. Iуэху гурыхь ирагъэувалIэ цIыхум гушыIэ хэлъу къипсэлъ хабзэщ.
Бадзэм и кIуэдыжыгъуэм дзэкъэрей мэхъу. ЩIэпхъаджащIэхэм ятеухуащ. Iуэхур я псэм къэса нэужь, ахэр нэхъей зэрыхъум - зыми зэремыплъыжым ехьэлIауэ къапсэлъ.
Банэ и пIэ банэ къокIэж. Адэ-анэм я ныкъусаныгъэ, зэкIэлъымыкIуагъэ сытхэр бынхэм я дей къыщытрагъэзэж. Гъэкъуэншэныгъэ хэлъу къап­сэлъ.
Банэм и щIыб ухъу. «ТпэIэщIэ ухъу» жыхуиIэщ.
Бгым джэдыкIэкIэ еуэ. «Зыри пхуэщIэнукъым» жыхуиIэщ.
Бзаджэ къэзылъху и гуэн лъапэ щетIэж. Уи Iейр ущэху - унагъуэм иумых, хэIущIыIу умыщI.
Бзэгум къупщхьэ хэлъкъым. Сыт ухуейми жыпIэфынущ. Зи хъыбарым, псалъэмакъым мыхьэнэ ирамыт цIыхум хуэгъэзауэ къапсэлъ.
Бзум ил и лэпсщ. ГуащIэмащIэм теухуауэ ­къапсэлъ.
Благъэжьрэ дыжьыныжьрэ. «ТIури укъэзымыгъэпцIэнщ» жыхуиIэщ.
Бланэ щалъху йокIуэлIэж. Гува-щIэхами, зыщалъхуа щIыпIэжьым, адэжь щIыналъэм и псэр ехьыж цIыхум.
Быныр зейр къэзылъхуаракъым - зыпIырщ. Сабийр гъэсэнымкIэ, пIынымкIэ адэ-анэм я пщэ къалэнышхуэ къызэрыдэхуэр, ахэр жэуаптакIуэу зэрыщытыр къэзыIуатэ псэлъафэщ.
Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ. Зыгуэрым и ныбжьым, и къарум, и зэфIэкIым хуэмыкIуэ е ар зыхуэмыхьэзыр, абы къытехьэлъэн къалэн и пщэ щыдалъхьэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Вы пэтрэ мэтэдж. Хабзэр зымыIыгъ, зымыгъэзащIэ цIыхум хуэгъэза хъуэрыбзэщ.
Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ. ЦIыху нэс къызыхэкIынур цIыкIу щIыкIэ къыбощIэ: и зыщIыкIэ, и псэлъэкIэ, и дуней тетыкIэ, и IуэхущIафэ сытхэм къыбжаIэ.
Вым лъэмыIэсыр гуфэм йоуэ. Щхьэж и зэчий, и зэфIэкI къызыпекIуэкIыр елэжь.
Гугъэмрэ жеймрэ адэ щIэиныфIщ. Гугъэр цIыхум зэи фIэмыкIуэд къулеягъщ. Абы цIыхум кърет къару лъэщ. А къарур цIыхум сыт щыгъуи къыщхьэщож. Насыпыншагъэ, мыгъуагъэ, лъэпощхьэпо Iэджэхэм япэувкIэрэ, цIыхур гъащIэм къыхешэж абы. Псэлъафэр цIыхум жезыгъэIэри аращ.
Гупсыси - псалъэ, зыплъыхьи - тIыс. УзыхущIегъуэжын жумыIэ, зыхуэфащэр къэбгъанэу тIысыпIэр умыубыд.
Гур зэрыгъум дыгъур кърокIуэ. Гум къэхъунур ещIэ, жыхуаIэращ.
Щауэ  Къэлидар.

Абхъаз хъыбарыжь
Бейм и къуэ

ЩыIащ-псэуащ зы беижь гуэр. Абы зы къуэ закъуэ иIэт. Махуэ къэс беижьым и щIалэм ахъшэ иритырт, мыдрейми абыкIэ и ныбжьэгъу къомыр игъэхьэщIэрт, ныбжьэгъухэми абы пэкIуэу щIалэм щытхъупсыр кърагъэжэхырт. Апхуэдэу зыкъомрэ екIуэкIащ. ЛIыжьыр и къуэм зэпымычу елъэIурт а делагъэр къигъэнэну. Ауэрэ лIыжьыр къулейсызи кхъахэ дыди щыхъум, и къуэм уэсят къыхуищIащ:
- Сэ солIэ, си щIалэ. СылIа нэужькIэ, уэ уи Iуэхур гугъу дыдэ хъунущ, ауэ апхуэдиз зэбгъэшха уи ныбжьэгъухэр къыбдэIэпыкъуным ущымыгугъ. Пхуэмышэчыжыххэ хъурэ зыбукIыжыну уигу къихьэмэ, а ущыжейм къыбгъэдэт пэш цIыкIум щIыхьэ. ЩIыхьи, бгыкъум къелэлэх кIапсэм зыфIэдзэж.
ЛIыжьыр куэд дэмыкIыу лIащ.
ЩIалэм и адэм къыщIэна тIэкIури щIэх дыдэу къыIэщIэухэри, ищIэнур имыщIэу къэнащ. Зэгуэрым, мэжалIэм сихьыпэнущ мыпхуэдэурэ жиIэщ, щIыхуэ тIэкIу къезытын ерагъкIэ къилъыхъуэри, жэм бзэгу къищэхуащ. Бзэгур иIыгъыу бэзэрым къыздикIыжым, абы къыхуэзащ иригъафэу-иригъашхэу щыта ныбжьэгъухэр. Бзэгу иIыгъыр щалъагъум, абыхэм щIалэр ауан къащIу щIадзащ. Арати, мо щIалэ укIытам иIыгъ бзэгур мывэм трилъхьащ. Абы ежьэу щыса хуэдэ, хьэ гуэр къыкъуэжщ, бзэгур къипхъуатэри, - макIуэ-мэлъей, - ирихьэжьэри ежьэжащ.
ЩIалэр унэм къэкIуэжащ, зиукIыжын мурадыр иIэу. Апхуэдэу Iуэхум зыкъыщридзэкIым, абы зэуэ игу къэкIыжащ адэм къыжриIауэ щытар. Пэш цIыкIум и бжэр ерагъкIэ Iуихщ, щIыхьэри, щIалэм къигъуэтащ и адэм жыхуиIа кIапсэр. Шэнтым теувэщ, кIапсэр щылъэфыгъуэ ищIщ, и щхьэр ирилъхьэщ, шэнтыр щIиудыжри… АрщхьэкIэ - тобэ! - мо кIапсэ кIапэр зэпхам хуэзэу унащхьэр къыщIэщIыкIщ, унэкум щIалэр къихуэри…дыщэ ахъшэхэр зэщIэжьыуэу къытелъалъэу хуежьащ. Дэплъеймэ, - унащхьэм гъуанэ гуэр иIэт, а гъуанэми дыщэ ахъшэ къомыр къилъэлъырт.
КъыщыщIа псор зэпишэчщ, ибг щIикъузэри, щIалэм екIуу псэууэ щIидзащ.
Зэгуэрым уэрамым ирикIуэу ар яхуэзащ и ныбжьэгъухэм. ЩIалэр зэщыхуэпыкIауэ щалъагъум, модрейхэр гуфIэжу къыбгъэдэлъадэри, къауфэфыхьу щIадзащ. Мыдрейми, ахэр зыхуейр ищIэрти, къригъэблэгъащ и деж. ГуфIэжу щызэхэтIысхьэм, абыхэм къалъэгъуащ Iэнэм тет шынакъ закъуэр. Бейм и къуэм шынакъыр зыбгъэдигъэкIуатэри, шхэуэ щIидзащ. Къэхъуар ямыщIэу къыщеплъым, щIалэм мыпхуэдэу яжриIащ абыхэм:
- Бейуэ, си Iэгур си Iэнэу хьэлэлу сыщыщытам сэр хуэдэ щымыIэу жыфIэу екIуэкIащ фэ, ауэ си Iуэхур икIэ щыхъуам, сыкъивдзэжакъым. Иджы къулей сыхъужати, аргуэру мис, фыкъысхуохъуахъуэ. Хьэуэ, тIасэ! - нэгъуэщI делэ къэфлъыхъуэ, иджы сэ ныбжьэгъу сыфхуэхъужынукъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ
Поделиться:

Читать также:

19.03.2024 - 10:01 НОБЭ
18.03.2024 - 10:55 НОБЭ
15.03.2024 - 11:29 НОБЭ
14.03.2024 - 09:00 НОБЭ
13.03.2024 - 15:50 НОБЭ