ГъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр

Адыгэбзэ ныкъуэ
Ди кхъэхэм уихьа нэужь, сынхэм тетхам уеплъмэ, укъоуIэбжь. Языныкъуэхэм щыуагъэ зыхэт адыгэбзэкIэ, адрейхэм урысыбзэкIэ тратхэ. А цIэ-унэцIэ тIэкIум щыуагъэу хащIыхьыр сыт хуэдиз. КъимыдэкIэ, ущыадыгэкIэ, уи цIэ-унэцIэри адыгэбзэкIэ тетхэн хуейщ. Ярэби, апхуэдэу IэхъуэгъуэтегъэкIыу щхьэ бгъэдыхьэу пIэрэ а Iуэхум? Дунейм ехыжар зейхэр адыгэбзэкIэ тэмэму мытхэфмэ, къуажэм дэскъэ ди бзэр езыгъэдж е щыуагъэншэу тхэ? Абыхэм ечэнджэщ хъунукъэ?
 
ФIыщIэ къалэжьу пIэрэ ?
Къуажэм лъагъунлъагъу дыщыIауэ, ди сабиитIыр тщIыгъуу дыкъежьэжат къалэм дыкъэкIуэжыну. Автобусыр къэмыкIуэу уэрамым куэдрэ дытетащ. Бжьыхьэт, жьы щIыIэ къепщэу щыхуежьэм, сабийхэм я анэр къэгузэващ, «щIыIэ къахыхьэмэ» жери. Автобусыр къыщымыкIуэм машинэ блэжхэм Iэ сщIыуэ щIэздзащ. Сытми, зы зэман «Жигули» гуэрым гулъэф ирет. Шофёрым къыбгъурысу зы щIалэщIи ист. Машинэм дызэритIысхьэу рулым дэсыр къызоплъэкIри жеIэ:
- Сабийхэм я хьэтыркIэ фидгъэтIысхьащ, армыхъумэ …
АдэкIэ къыпищакъым. ГурыIуэгъуэтэкъэ жиIэнур. ЦIыкIуитIыр тщIымыгъуамэ, къэувыIэнутэкъым. Абы фIыщIэ хуэпщIыну къилэжьу пIэрэ? СщIэркъым.
НэгъуэщI зы Iуэхугъуи сигу къокIыж 70 гъэхэм я пэщIэдзэм срихьэлIауэ. Налшык пэгъунэгъу къуажэхэм щыщхэр нэхъ псынщIэу нэсыжын щхьэкIэ е гувамэ, къалэ къыдэлъэдапIэ-дэжыжыпIэм (Дубки хьэблэм) кIуэрти, Лэскэн щIыналъэмкIэ, Владикавказ лъэныкъуэмкIэ зи гъуэгу автобусхэм итIысхьэрт. КъагъэувыIэмэ. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым ди жылэмрэ къалэмрэ зэпызыщIэ автобусым сыкъыкIэрыхуауэ, сыкIуат къалэ дэжыжыпIэм. Пшапэр зэхэуауэ, уэшх тIэкIуи къригъэжьауэ, жьауи сымыIыгъыу. Зы сыхьэт ныкъуэфIкIэ сытетауэ, «згъэзэжын?» жысIэу сегупсысу, зы машинэ псынщIэ дблэжри къэувыIэжащ. Ар зейр къокIри, уэшх къытешхэ щхьэкIэ къимыгъанэу, гъунэгъу зыкъытхуещIри къоджэ:
- Ярэби, Псыгуэнсу кIуэж къыфхэт? ЦIыхуиплI фихуэнущ, фыкъакIуэ.
Мис аракъэ фIыщIэ зыхуэфащэр? Мис аракъэ псапэр?
 
Мылъкур ягъэнэхъапэтэкъым
Совет властым и зэманым, дауи, мыхъумыщIагъэ, ущIэшхыдэн куэд щыIащ ди псэукIэ-зэхэтыкIэм теухуауэ. Ауэ а лъэхъэнэмрэ нобэреймрэ зэбгъапщэмэ, уи гур ириныкъуэну, уи гукъыдэжыр ириудыхыну ди зэманым тлъагъур, ди нэгу щIэкIыр пхуэмыIуэтэщIыным хуэдизщ. Псом хуэмыдэу мылъку и лъэныкъуэкIэ иджы щыIэ зэхуэмыдэныгъэм теухуауэ.
80 гъэхэм икухэм и унэ сригъэблэгъат зауэм хэта ди зы лъэпкъэгъу лIы хэкIуэтам. И пэшхэр Iэзэвлъэзэвт, уи нэм къыфIэнэну зы унэлъащIи щIэттэкъым. ЗгъэщIэгъуащ апхуэдэ псэукIэ къызэрыгуэкI фIэкIа абы зэримыIэр. Сыту жыпIэмэ, нэхъапэхэм а лIым иIыгъат къулыкъушхуэ зыбжанэ. Уеблэмэ КГБ-м и унафэщIуи лэжьат. НтIэ, иджы щыIэ къулыкъущIэшхуэхэр пхущIэсыну пIэрэ апхуэдэ унэ? Сыти жыIи а лъэхъэнэм унафэщIышхуэхэм я нэхъыбэм цIыхубэм щхьэкIэ гууз-лыуз яIэт, яхузэфIэкIыр ящIэрт. Жэуап яхьырт я IэнатIэм щекIуэкIым папщIэ. Мылъкур япэ ирагъэщу щытауэ схужыIэнукъым, апхуэдэхэри яхэтами. Иджы диIэхэм «фу, цIыхумэ» жаIэ хуэдэщ, я къулыкъум тетыху мылъку нэхъыбэ зэрызралъэфэлIэным иужь иту къыпщохъу.

Саут СулътIан.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ