Адыгэхэм ящыщу япэу академик хъуа Щоджэн IэсхьэдКъэхутакIуэ емызэш Лъэпкъ щIэныгъэлI пажэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием (РАН) адыгэхэм ящыщу япэу хагъэхьа, Адыгэ Республикэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэу биологие щIэныгъэхэм я доктор хъуа, профессор, Урысей Федерацэм, Кубаным, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щоджэн Iэсхьэд Хьэзрэт и къуэр ящыщщ зи зэфIэкI лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэ мэкъумэш щIэныгъэм и зыужьыныгъэм тыхь хуэзыщIахэм. И ныбжьыр илъэс 65-нэм иту арами, абы щыщу 40-м щIигъур Щоджэным хуигъэпсащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр зэфIэхыным. Псори зэхэту къапщтэмэ, къэхутакIуэ емызэш Щоджэн Iэсхьэд и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ статья 1150-рэ. Абыхэм ящыщу 36-р монографиерэ зэреджэ тхылъхэщ, 80-р чэнджэщ щхьэпэхэр зэрыт брошюрэщ, адрейхэр щIэныгъэ журналхэм, газетхэм къытехуа тхыгъэ щхьэхуэхэщ. УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщрагъаджэ пособиехэри куэд дыдэ мэхъу.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 14:00 →
ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 →
НОБЭ
26.04.2024 - 12:55 →
Уэрамыр къагъэщIэрэщIэж
26.04.2024 - 12:33 →
Гъатхэр фыщысакъын хуей лъэхъэнэщ
25.04.2024 - 16:00 →
ЩIэщхъуитI
|