Мэрем пшыхь

ВЫНД

Теплъэгъуэ

БжьыхьэкIэщи, пщIащэхэр щIылъэм щызщ: хэт тхыпхъэщIыпхъэхэр зыхащIыхьа гухьэр дахэщ, хэти дыгъэ нэбзийр зэуэ ебэкIри, зишыхьыжащи, лъэгум къыщощхъыщхъ. Жьы щIыIэтыIэр зэзэмызэ къыкъоу, щыхь бжьакъуэу узыIуплъэ жыг къудамэхэр абы хуищIэу щIегъэхъаери, егъэкIэзыз; тхьэмпэхэр къеIэт, зыр адрейм ецырхъыу, иужьым хьэндырабгъуэм хуэдэу, ахэр щхьэхынэ-щхьэхынэу щIыпIэ-щIыпIэхэмкIэ щотIысэхыж. ТIэкIу-тIэкIуурэ щIэхуабжьэ жьым жыг щхьэкIэхэри псей къудамэхэри хуищIэу щыщIигъэхъаекIэ, абыхэм ягъэIу хуэдэщ гумрэ псэмрэ мащIэу зыгъэжьажьэ, узыгъэгумэщI макъамэ-щхъуантIагъэри, накъыгъэри, пшыналъэ дахащэр къизыш дыщэ бзу цIыкIухэри зэрыбзэхыжам хузэхалъхьа макъамэ. Псэм Iэфу зыщигъэпсэху жыг хадэшхуэм ситу лъэс лъагъуэ нашэкъашэм сыздрикIуэм, зэуэ жыг щхьэкIэмкIэ къоIукI вындыжь гуэрым и гужьеигъуэ-щтэгъуэ макъ, сызыщIэувыIыкIащи, абы сыхудоплъей: и дамитIыр ныкъуэзэгуэхщи, зэм лъагъумыхъуныгъэ щытыкIэ къысхуиIэу зегъэцыдж, къысхуогъурхъ, зелIэж, зэми, и нэр а зэрыстримыгъэкIыу, къудамэхэр къызэхепкIыхь; езыр фIыцIабзэщи, фIамыщI хьэжыгъэм зыхикухьами ярейщ.
ИкIэм абы мывэм хуэдэу зыкъредзых, тIэкIурэ си щхьэщыгур къиуфэрэзыхьа нэужь, зэрыхъуар сымыщIэу, и пэмкIэ си щхьэм къыхоуэ, иужьым и дамэхэмкIэ, иитI иджы си напэ гуэрыр къысхузэпрехулэкI жысIэу, зблэлъэтщ зишхыхьыжури, итIанэ щIым зыкъридзыхащ. КъыспэтIысащи, и дамитIыр дрегъэуей кърегъэух, зилIэжу мэкIий. ТхьэмыщкIэм и псэм гуIэгъуэр щIытелъым си нэр тохуэ: гъуэжь хъужа удзым хэсу, абы и щIыбагъым къыдэсщ, и пэр къыпылэлрэ лъыр къыжьэдэжу, и дамитIыр Iэпыхупарэ къабзийхэр зэкIэщIэжа-зэкIэщIэпхъауэ, вынд гуэр.
Сэ си гугъат а псэущхьэ тхьэмыщкIэр къасщтэу нэхъ жьыугъуэджэ, псэущхьэ гуэрхэр нэхъ щыземыкIуэ щIыпIэ схьыуэ лъэныкъуэ езгъэзыну, арщхьэкIэ дэнэт - вындыжь къыспэтIысам зилIэжыпэу хуежьащи, лIыгъэ уиIэщ бгъэдыхьи еIэби. Мо зылъэмыкIыжIам щхьэкIэ зыкъуигъэукIыну хьэзырщ. НэгъуэщI вынд гуэрхэри щIэмычэу къолъэтылIэ, арщхьэкIэ мобы и дамэхэмкIэ зеухьри-зеухь, езыкухэм заредзри, и пэмкIэ яхэуэурэ, къабзийр къыхечри къызыIуредзыж, аргуэрыжьщи, и дамитIымкIи зеухь. Сэ ахэр Iузгъэщтри зэбгрызгъэлъэтыкIащ. Иужьым гъуэгум дэздзыхщ, мобы къыпэскIухьри сежьэжауэ лъэбакъуэ тIощIырыпщI хуэдиз скIуагъэнт, си щIыбагъымкIэ къыщоIу нэхъ Iеижу зызылIэж, щтэгъуэ-гужьеигъуэ макъхэр. Гурыщхъуэ щIыIэр сщIауэ зэуэ сыкъызэплъэкIмэ – вынд гупышхуэ мо тхьэмыщкIэхэм къатеуащи, зэрызохьэ, джэдыцми пщIащэ гъуами зыкъаIэтащ. Сэ зэуэ зисчри а зэрыфыщIхэм сабгъэдэлъэдат, мохэр аргуэру Iузгъэщтыну, арщхьэкIэ мыхьэнэ лъэпкъ иIэжтэкъым. Къуаргъ уIэгъэрагъэнт: Iыхьэ-Iыхьэу зэпкъратхъакIэт, мыдрейр, гуIэгъуэр зи псэм телъу къыспэтIысарауэ къыщIэкIынт, щылът и дамэ лъэныкъуэр и лъакъуэм теукъуэдиежауэ - тхьэмыщкIэм и кIуэцIыр кърагъэуат.
«Я дэ ди Тхьэ лъапIэ! Нобэ зэрышхыж-зэрылIыж дэ - цIыху цIыкIум - къыддэплъейми ярей мыгъуи мы зи бзэ мыпсалъэ тхьэмыщкIэхэри! - КъысхуэкIуа гупсысэ хьэлъэм псалъэхэр зэтрищыпыкIырт. Си нэгу щIэкIам щхьэжагъуэ сищIауэ, хуэм дыдэу, жьажьэ-жьажьэу, сытехьэжат лъэс лъагъуэм.
Гъэунэ  Борис.

КъэкIыгъэхэр

Джэш

Джэшыр ижь зэман лъандэрэ адыгэхэм къагъэкI. Ар икъукIэ ерыскъы къэуатщ, абы шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкI, гъэгъахэм бжьэм фо къыпах.
Джэшым и къэхъупIэ-къежьапIэр Америкэрщ, Колумб Христофор а щIыналъэр зэрыщыIэр къищIа нэужь, испанхэм XVI лIэщIыгъуэм ар Европэм къашащ.
Джэшыр хуабэр фIыуэ зылъагъу къэкIыгъэщ. Ар къэкIын, зиужьын щхьэкIэ щIыгулъым хуабэу градус 20-25-рэ игъуэтын хуейщ. Апхуэдэу нэхумрэ псыIагъэмрэ фIыуэ елъагъу. А къэкIыгъэр щыхэпсэну нэхъыфIщ ятIагъуэ щIыхэм.
Джэшыр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъур къагъэлъэгъуащ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм. Ар узыфэ куэдым пэщIэтыфщ. Махуэ къэс джэшу 50 пшхмэ, лышхыр къоуэлIэныр къыпхузэтегъэувыIэну къалъытэ.
Дол  Iэминэ.

ГушыIэ

НэхъыфIу илъагъур

Я деж уэршэракIуэ къекIуэкIа гъунэгъу фызыр щIалэ цIыкIум йоупщI:
- Хэт, Емынэжь цIыкIу, нэхъыфIу плъагъур? Мамэ?
- АIэ.
- НтIэ, папэ?
- Хьэуэ.
- Хэт-тIэ?
- Уипхъу Мадинэ цIыкIущ!.
ЛIыгъур Чэрим.

 

ЦIыкIухэм папщIэ

 

Уэрэзей Рашид

Анэм хуэдэ

Зи псэр къэзыхьа
Пшэ къытщхьэщыхьа,
ЩIыр зыщIынум лъэщ
ТкIуэпсхэр къыпхощэщ.

ЗиIу гъущIауэ хъуам
Ахэр зыщIафынщ.
Пкъы щIэлIауэ хъуар
КъэщIэрэщIэжынщ.

ЩIым къыщыкIыу хъуам
Пшэм и нэIэ тетщ.
Анэм хуэдэщ ар:
ПсэщIэхэр къегъэщI.

ТкIуэпсхэр къыпхощэщ,
ЩIыр ищIыну лъэщ
Пшэ къытщхьэщыхьа
Зи псэр къэзыхьам.

Лъэбышэ и лъэIу

Фо IэфIыр и гум къихьащи,
Мыщэ лъэбышэ зеплъыхь.
Бжьэхэр зыщIыпIэ Iэпхъуащи,
Ахэр къилъыхъуэу къекIухь.

Мыщэр нэщхъейуэ мэщатэ:
«Си щхьэр хуэсщIынут лъэгущIыхь,
Къысхуэзыгъуэтым фо матэ:
Махуэми жэщми сопщIыхь!

Бжьэхэр къихьэжтэм мы лъахэм,
КъахуэзгъэкIынт удз гъэгъахэр.
Ахэр нектаркIэ тхъэжынт,
Сэри фо тIэкIу… къызатынт».

- Бжьэхэ, си лъэIур зэхэфхи,
Мы лъахэм фи лъэр къифхьэж,
ХуэфIу нектарыр къыхэфхи,
Си Iур фо IувкIэ вгъэнщIыж.

Фи фо «щIэхукIэм» и щэхур
КъэсщIэну сэ сыхуэмей,
Ауэ а дыщэ «гущыхуэр»
СимыIэм, сохьыр гугъу Iей!..

Фэ фщIэрэ?

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

ГушыIэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэ - Зыгуэрым гушыIэ папщIэу Iущыгъэ зыхэмылъ, акъылыншагъэ щыжиIэм деж къапсэлъ хабзэщ.
ГуIэр и Iэпэ йодзакъэ - Гузэвэгъуэм, щытыкIэ Iейм зэрихуэ цIыхум хэдэ-хэплъэ иIэжкъым - хэкIыпIэ хуэхъуну къилъытэм зыхуедз.
Гъуэгум пкIэлъей ебдзмэ, кIэщI мэхъу - Гъуэгум хъыбар щыжыпIэмэ, ущыуэршэрмэ, зэшыгъуэ хъуркъыми, гъуэгуанэр зэрыпкIуар умыщIэу зэпыбоч.
ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI мастэ щощIэ - Зыгуэр хуэмыныкъуэ щыIэкъым.
Дахэм и напэ пIастэ ирагъэпщIыркъым - «Дахагъэ къудейр мащIэщ, фIагъи хэлъын хуейщ» жыхуиIэщ.
ДаIуэ шхиипэ тоувэ - «Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым» жыхуиIэщ.
Дыгъужь ущышынэмэ, мэз умыкIуэ - Къыппэщыт гугъуехьхэм, шынагъуэхэм уащыщтэмэ, Iуэхум щыщIэбдзэн щыIэкъым.
Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ - НэхъыщIэр нэхъыжьым нэхърэ нэхъ губзыгъэу, нэхъ акъылыфIэу щытынкIи мэхъу.
Джэд щыкъун и пщIыхьэгъущ - Хэт сытым хуэныкъуэми, игъэпIейтейми, ар абы йогупсыс икIи топсэлъыхь.
Джэджьей зеуалэ псывэ хоупIэ - ЦIыху мызагъэр бэлыхь щыхэхуам деж хужаIэ хабзэщ.
ДжэдыкIэм цы къыхех - «Iейуэ дзыхьмыщIщ, гурыщхъуэ сыт ищIысми хуещI» жыхуиIэщ.
Джэдым зэрыфIагъэжыну сэр езым къеулъэпхъэщыж - Езыр зытекIуэдэжын Iуэху зезыхуэм теухуауэ къапсэлъ.
Дзыхь зыхуамыщI щыкъур мэкъутэ - ЦIыхум а нэхъ и нэIэ зытет, нэхъ зыхуэсакъ дыдэм зыгуэр къыщыщыщIам деж, игу хэщIу къипсэлъ хабзэщ.
Ер вы бжьакъуэм къокI - Щхьэусыгъуэ мыхьэнэншэ дыдэкIи бэлыхьышхуэ къыщыхъу щыIэщ.
Жылэр щыIэпхъуэм гуащэм къаз егъэхъу - «ИщIэн хуей Iуэху нэхъыщхьэр къигъэнауэ, нэхъ мыхьэнэншэ Iуэхур елэжь» жыхуиIэщ.
Щауэ Къалидар.

Хъыбар цIыкIухэр

И лIым щхьэ емыгупсысарэ?

Гъунэгъу фызыр и дэлъхум щхьэкIэ хъущIэрт:
- ЛIыуэ зибжыжмэ, лIы хуэдэу щрет! Сыт ар апхуэдизрэ и фызым жиIэм щIедаIуэр? И жьэр щхьэ зэщIригъэхыххэрэ?
Абы и псалъэхэр щызэхэсхым, сыкъыпыгуфIыкIащ. Езым и щхьэгъусэм (фIы дыдэу соцIыху, си ныбжьэгъущ) хуитыныгъэ лъэпкъ щиIэтэкъым унагъуэм. Уеблэмэ лэжьапщIэм щыщу пивэ уасэ и жыпым къринауэ къищIэмэ, къаугъэ ирищIэкIырт. ЗэрыжаIэу, псори зи IэмыщIэ илъыр езырат. И дэлъхум щыхуэшхыдэм езым и лIыр сыту игу къэмыкIыжарэ!

Унагъуэм щытепщэр

Налшык и уэрамхэм ящыщ зым сыздрикIуэм солъагъу: зи ныбжь хэкIуэта цIыхухъу зыIэщIэлъымрэ цIыхубзымрэ белхьэкхъуафэ зырыз яIыгъыу машинэм къригъэджэлыкIа растворыр я тыкуэн бжэIупэм щызэбгратхъу. IухьэпIэм япэм тралъхьа асфальтыр ныкъуэхэкIуэдэж хъуат. Дунейр хуабэти, лIым спортивнэ гъуэншэдж фIэкI щыгътэкъым, ари пыщэтыжауэ. Абдежым цIыхубзым и макъ зэхызох:
- Апхуэдиз раствор абдей щIытебупцIэр сыт, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн?!
- Мыбдей къэчащи аращ, - Iэдэб дыдэу ет лIым жэуап.
- Тхьэ, узыхуейрамэ, уи кIуэцIыр къэзгъэчэнмэ! Пхэ дыкъуакъуэжь ухъужауэ, щысхь жыхуаIэр, бжэгъукIэ къраудмэ, пщIэркъым.
ЦIыхухъум абы зыри пидзыжакъым. ГурыIуэгъуэт унагъуэм щытепщэр хэтми. Абдежым сигу къэкIаращ: зэщхьэгъусэхэм е я къуэ къишащ, е япхъу яшащ. Абы щыгъуэ, шэч хэмылъу, хъуэхъу дахэ куэд къыхужаIащ а тIуми, «ЗэгурыIуэу зэдопсэу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, адыгэ хабзэ щызекIуэ унагъуэщ…» Апхуэдэ хъуэхъу абыхэм яжезыIахэм езгъэлъэгъуащэрэт а махуэм си нэгу щIэкIар!
Саут СулътIан.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ