Бзэр хъумэным йолIалIэ

Адыгагъэ, хабзэ, нэмыс, Iулыдж зыхэлъ дэтхэнэми ди лъэпкъым пщIэ хэха хуищIу игъащIэми къокIуэкI. ЦIыху псэ къабзэщ, пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ зи гъуазэщ Къэбэрдей- Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент Бозий Наимэ Борис и пхъур. Зи гъащIэр анэдэлъхубзэр хъумэным епхауэ псэу бзылъхугъэр апхуэдэуи хьэл-щэн дахэ зыхэлъщ, гупсысэ шэщIарэ Iуэху зехьэкIэ екIурэ зиIэщ.

Наимэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэ къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школми щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ щызригъэгъуэта КъБКъУ-ми фIы дыдэу зэрыщеджам къыдэкIуэу, пщащэр сыт щыгъуи жыджэру хэтащ а IуэхущIапIэхэм щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэхэм. Апхуэдэу купщIафIэу студент илъэсхэр езыхьэкIа Наимэ и щIэныгъэм аспирантурэм щыхигъэхъуащ и егъэджакIуэхэм я чэнджэщкIэ. ИужькIэ ар университетым уващ студентхэр адыгэбзэмкIэ иригъэджэну.
 Бозийр и студентхэм псэ хьэлэлкIэ къытхэтщ. Ар хущIокъу щIалэгъуалэм адыгэ хабзэм и фIыпIэхэр къызэрытхилъхьэным, езыми пщIэ, нэмыс, хабзэ хэлъщ. Зи къалэнхэр хьэлэлу зыгъэзащIэ егъэджакIуэм, унэтIакIуэм студентхэм ди дзыхь куэдрэ идогъэз, чэнджэщэгъуи тхуохъу. Абы щIэблэр дыхуеущий ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр – ди анэдэлъхубзэр – хъумэн зэрыхуейм. Езыми и къару куэд а Iуэхум ирехьэлIэ.
- Бзэр лъэпкъым и псэщ. Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъри кIуэдынущ. И анэдэлъхубзэр имыхъумэжыфмэ, лъэпкъ цIыкIур лъэпкъышхуэм хэшыпсыхьыжынущ. А шынагъуэр ди бжэщхьэIум къэсащ, - адыгэбзэм и нобэрей щытыкIэм тогузэвыхь Наимэ. - Дэ псоми ди къалэн нэхъыщхьэщ ар хъумэныр. Бзэр гъэлэжьэн хуейщ, псом япэрауэ, абы унагъуэм щрипсэлъэн, щIэблэр щIэпIыкIын хуейщ. Анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр зыхэзыщIэу къэтэдж сабийр лъэпкъым хуэпэж хъунущ.
Ди егъэджакIуэ, гъэсакIуэ икIи ущиякIуэ Iэзэ Бозий Наимэ и ныбжькIэ щIалэми, куэд хузэфIокI, адыгэбзэр, лъэпкъ литературэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIу. Ди унэтIакIуэм и Iуэху дэкIыу, узыншагъэ иIэу, и мурадхэр къехъулIэу куэдрэ лэжьэну, псэуну ди гуапэщ.

 

ВЫКХЪЭ Аринэ, КъБКъУ-м и студенткэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ