Мэрем пшыхь

 ДызэпыкIыжащ

Ауан

Хьэкъарэ Зулчифрэ сэрэ Iэджэ щIауэ дызэныбжьэгъут. Ауэ ди унагъуэхэр зэкIэлъыкIуатэкъым.
Тхьэмахуэ махуэ гуэрым си щхьэгъусэ Жануэсрэ сэрэ Хьэкъарэхэ драгъэблагъэри дагъэхьэщIащ. Джэд тхуаукIащ. Дагъэтхъащ. Iыхьэлейм икIауэ ди нэгу зрагъэужьащ. Нэжэгужэ дыдэуи дыкърагъэжьэжащ.
ЕтIуанэ тхьэмахуэм Хьэкъарэ зэщхьэгъуситIыр дэри къедгъэблэгъэжри дгъэхьэщIэжащ. Къаз пшэр яхуэдукIащ. Дгъэтхъащ. Абыхэм я гумрэ я псэмрэ дыдыхьэн папщIэ тлъэкI лъэпкъ къэдгъэнакъым. ДащыгуфIыкIыжуи едгъэжьэжащ.
Ещанэ тхьэмахуэм Хьэкъарэхэ аргуэру драгъэблэгъэжащ. Гуэгушыхъу бэгъуа тхуаукIащ. ЦIыху тхъэмэ, дагъэтхъащ. Ди ныбэ къэпкIахэм пкIауэ тебукIэ хъуну дыкъаутIыпщыжащ. Ауэ дыкъыщежьэжым Зулчиф и щхьэгъусэ Зулифэ тIэкIу пэбжьауэ хуэдэу къыщIысщыхъуар сщIэркъым.
Зулифэ хуеймэ, зэгуэудыху ирепэбжьауэ! Дэ абы щхьэкIэ Iейуэ дыгузавэрэ? Сыт дэ абы я щIыхуэ щIызытедгъэхуэнур? ЕплIанэ тхьэмахуэ гуэрым дэ ахэр ди деж къедгъэблэгъэжащ. Къущхьэхъу щыIауэ гъэлъэхъу пшэр яхуэдукIащ. ЗэтещIэжу Iэнэ бэлыхь къахуэтIэтащ. Хуабжьу дгъэтхъащ. Телевизор едгъэплъащ. ЗикI тхузэфIэкI лъэкъ къэдмыгъанэу ди ныбжьэгъу зэщхьэгъусэхэм хьэщIагъэшхуэ якIэлъызетхьащ. Ауэ ахэр щежьэжым Зулифэ и хьэдэ нэщхъыр нэхъ Iеижу зэхэлът.
«Ярэби, сыту пIэрэ мы тхьэIухуд нэ закъуэм и пэм къытхурихур?» - сигу къэкIащ, абы сыщыIуплъэм. Си гуныкъуэгъуэм гу лъитам хуэдэу, Зулифэ а зы напIэзыпIэм къыщиудащ.
- Ей, си къуэшыжьхэ, - жи абы, езыр цIыхухъу фIэкIа умыщIэну, - гу лъыфтэркъэ иужьрей зэманым дэ Iэнэ пэрысын фIэкIа Iуэху димыIэжу дыкъызэрынам? А телъыджэлажьэ, е дыкиноужкъым, е дытеатрыжкъым, е дыконцертыжкъым. А псори къызогъанэри, ди унагъуэ Iуэху дыдэ тхуэмыгъэзэщIэжу дыкъэнащ.
- Уэ узыхуей дыдэр жыIэ, Зулифэ, ауэ зы выщIэ домбей тхуумыукIыжауэ зэрымыхъунур хьэкъыу зэгъащIэ!  - жиIащ си щхьэгъусэ Жануэс, куэбжэм дэкIыжу тпэIэщIэ хъуа ди ныбжьэгъухэм якIэлъыпсалъэурэ.
- Апхуэдизу зи шэрэзыр къытхуизыдза фызым узэрыщыгугъын щыIэжу къыщIэкIынкъым, - си щхьэгъусэм и псалъэр жьэдэзгуэжри, унэм дыщIыхьэжащ.
Ауэ, итIани, ди гур ди ныбжьэгъухэм яхуэпабгъэрт, ди бгъэр ишиикIауэ абыхэм дапэплъэрт. АрщхьэкIэ дэнэт? Абы иужькIэ зы тхьэмахуи тхьэмахуитIи дэкIащ. ЗэщхьэгъуситIыр доплъэ-додаIуэри дыщысщ. Ауэ Хьэкъарэхэ зыкъагъэхъеижыркъым. Дыкъэгубжьщ, зитчри Жануэсрэ сэрэ ди ныбжьэгъухэм я деж дыкIуащ.
Дэ ахэр къызэрытIуплъэххэу, IурыуфIыцIыкIащ. ИкIэрауэ, «феблагъэ, фытIыс!» - къыджаIакъым. Абы щхьэкIэ дэ Iейуэ дыпщIантIэрэт? ДызэрыщIыхьэххэу диваным зидгъэщэтащ.
Дыщысщи-дыщысщ, езы хэгъэрейхэри къытщхьэщытщ. Дэ допэзэзэх, езыхэри къыдопэбжьауэ.
ИтIанэ зэлIзэфызыр пщэфIапIэм зэрыщIэшащ. Абы хэту хьэкъущыкъу зэтекъутэ Iэуэлъауэшхуэ къэIуащ. Абы къикIыр къыдгурымыIуэу дэ пэкIэ псы дефэрэт? «ХьэпIацIэ бгъунжу зыщIевгъэхыжыт!» - жаIэу арат абыхэм. Ауэ зыкъэдгъэпIэтIэуакъым.
- Дыкъаужэгъуа мыгъуэу къыщIэкIынущ, Мурат!  - къызэIущэщащ си щхьэгъусэр.  - Ди щIыхуэ тIэкIур зытрагъэкIыжатэмэ, сэ сыцIыхубз напэншэт мыбыхэм я бжэщхьэIу сыпсэуху сыкъебэкъуэжтэмэ!
Зы тэлай дэкIауэ зэлIзэфызыр зэхъуцацэурэ къыщIыхьэжащ.
- Лажьэр къатихуэ псоми! - бгащ фызыр. - СыфхуэпщэфIэн си гугъати, ди псыр благъуэм иубыдащ. Ауэ щыхъуакIэ, фэр щхьэкIэ дгъэхьэзыра концертым федгъэплъынщ. ТIэкIу фи нэгу зедгъэужьынщ.
ИтIанэ еувалIэри зэлIзэфызым телевизорри, радиори, радиоприемникри, радиолэри, транзисторри гъуахъуэу яутIыпщащ. Ар зэфIэкIа нэужь, лIым зы пшынэжь гуэр къищтауэ зэщIегъавэ, фызым я роялыжьыр зэщIегъэвууэ.
Абы хэту, ягъэIущами ярейуэ, я Iэуар къыхэгъыкIащ, я джэдур къыхэпщIэукIащ, я хьэмаскIэжь цIыкIур къыхэкъугъыкIащ. А къомыр апхуэдизкIэ зэщIэгъуахъуэрти, мы дунеишхуэр зэтекъутэж фIэкIа пщIэнтэкъым.
Гужьеигъуэшхуэр ттелъу зэщхьэгъуситIыр дыкъыщылъэтыжащ. БжэщхьэIум дыкъыщебэкъуэж дыдэм, Хьэкъарэхэ я хьэмаскIэжь цIыкIур къапхъуэри Жануэс и лъэкIэн сэмэгур хиупщIащ. КъыкIэлъыпхъуэри, си лъэнкIапIэ нэгэгъур къричащ.
Сыт щIа абы лъандэрэ! Ауэ Хьэкъарэхэ я бжэщхьэIу дэри дебакъуэркъым, езыхэри къедгъэбэкъуэжыркъым.
Дудар  Хьэутий.

Хабзэ

ЦIыхубз хьэщIэ

Пасэрей ди цIыхубзхэр куэдрэ унэм икIыу щытакъым. «ЦIыхубзым и Iуэхур жьэгу пащхьэмрэ бжэщхьэIумрэщ», - жаIэу щытащ. ЛIым кърихьэлIэр фызым зэригъэзахуэу, зэригъэпэщу унэм щIэст. Унагъуэм зыгуэр къехьэлIэным цIыхубзым и Iуэху хэлътэкъым.
ЦIыхубзыр зэзэмызэххэт щежьэр, Iыхьлы-гъунэгъухэр илъагъуну.
ЦIыхубзыр зэрежьэр выгут. Выгум Iэмал имыIэу гущхьэ телът. Гущхьэр и кIыхьагъкIэ щIэуфат упщIэкIэ, щагъэ хужь бгъуэшхуэкIэ тепхауэ. Гущхьэр щIытелъыр уэшхымрэ дыгъэмрэ щихъумэн, мыдрейуэ, гъуэгум зыщрихьэлIэну цIыхухэр къыIурымыплъыхьын щхьэкIэт. Пасэрей ди цIыхубзхэр, иджы хуэдэу, цIыхухъухэм я нэIуасэу, ахэр куэдрэ зэIущIэу щытакъым. ЦIыхубзым нэмыс лей хуащIырт.
ЦIыхубз зэрыс гум шу закъуэ къахуэкIуэу ярихьэлIамэ, бзылъхугъэм нэмыс хуищIу шум дигъазэрти, зыкъомрэ дэкIуатэрт. ЦIыхубз хьэщIэр здэкIуэм зэрынэсу, бысым цIыхухъум IумпIэр иубыдырти, пщIантIэм дишэрт. Ауэ хьэщIэр цIыхухъум иригъэблагъэртэкъым. ар унэм щIэзышэр цIыхубзхэрат. Сыт хуэдиз и лъапIагъыу щымытми, цIыхубзыр хьэщIэщым ирашэртэкъым.
ЦIыхубзыр нэхъ зэрагъэхьэщIэ хабзэр джэдкъазт, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ хуэдэхэр арат.
Адыгэ хабзэкIэ, зы унагъуэм цIыхухъурэ цIыхубзрэ зэрихьэлIауэ зэхьэщIэгъу хъуамэ, зэнэIуасэу щымытмэ, зэдэуэршэрыну, зэдэшхэну хабзэтэкъым. Ар къызыхэкIыр цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэхуаIэ нэмысыр арат. Ауэ хьэщIэхэр щIалэ зи къэшэгъуэрэ хъыджэбз зи ишэгъуэу щытмэ, а тIур зэрагъэцIыхурт, хэгъэрей зэхуащIырт, зэдагъэуэршэрырт.
Хамэ цIыхухъу здэтIыс Iэнэм цIыхубз ядэтIысыртэкъым, ядэшхэртэкъым. Ядэшхэн дэнэ къэна, Iэнэм хьэщIэ щысмэ, цIыхубзхэр щIэкIырт е мытIысу ящхьэщытт, шхэн яухыху.

КъардэнгъущI Зырамыку.

ГушыIэ

Иджы сыт къэхъужар?

Я Iыхьлы гуэрым я хьэгъуэлIыгъуэм кIуэну иригъажьэурэ, анэм и къуэ Угъурлыжь еущийр:
- Чэф зыпщIу уи напэр зытумыхыж, си щIалэ. Благъэхэри умыгъэукIытэ.
- Сыт абы щхьэкIэ сщIэн хуейр, ди анэ?
- ТIэкIу ухэфурэ, стэканыр гъэувыж, и кIэм нэс иумыкъуртIыкIыу.
- Дауэ?!  - къэуIэбжьащ Угъурлыжь, кърат чэнджэщыр къабыл имыщIу.  - Хьэнтхъупс сефэми ерыскъы гуэр сшхыми, щIэмычэу жыпIэу щытащ: «Уи насыпыр къыумынэу, пшхыр нэгъэс» жыпIэу… Иджы сыт къэхъужар?..

НэхъыфIу илъагъур

Я деж уэршэракIуэ къекIуэкIа гъунэгъу фызыр щIалэ цIыкIум йоупщI:
- Хэт, Емынэжь цIыкIу, нэхъыфIу плъагъур? Мамэ?
- АIэ.
- НтIэ, папэ?
- Хьэуэ.
- Хэт-тIэ?
- Уипхъу Мадинэ цIыкIущ!..

ЛIыгъур  Чэрим.

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

Къаз псы кIэрыпщIэрэ?!

Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ. Псалъэр псынщIэу хэIущIыIу зэрыхъум теухуащ.
Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур джэдыгуншэу. Зым Iыхьэ Iэджэ лъос, зы Iыхьи ялъыскъым Iэджэм.
Зы сампIэм ситI зэдихуэркъым. Пашэныгъэр, бжьыпэр, тетыгъуэр убыдыным зэхуэдэу хущIэкъухэр зэгъусэу зэдекIуэкIыфыркъым.
Зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжщ. Унафи хабзи яIэжкъым: зым зыр кърехуэкI - я Iуэху зэIумыбзщ.
Зы IэкIэ хъарбызитI пхуэIыгъынукъым. Iуэху зыбжанэ къызэдэпщтэмэ, языхэзи къохъулIэнкъым.
Зыгуэр къепсыху: «Упсэу!» пхужеIэжынкъым. ЖаIэ псоми упэджэжыфынкъым, псори арэзы пхуэщIынкъым. Зыгуэрхэм я псалъэмакъ мышухэм, хъыбарыпцIхэм гулъытэ яхуэмыфащэу къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
ЗыхуэмышыIэ пщтырафэщ. Зыгуэрым ежьэнымкIэ, пэплъэнымкIэ шыIэныгъэр зыхуримыкъу хабзэ цIыхум теухуащ.
ЗыщIэн зымыщIэжым и унэ иречри иресэж. Игу къриха, къигупсыса Iуэху мыхьэнэншэ зезыхьэ цIыхум ауаныщIу хужаIэ.
И гъащIэр Iэхъуэхэмыхьэу ехь. Закъуэныгъэр нэхъ зыфIэфIу щытым теухуащ.
И ныбэ нэщI и Iэ телъыжщ. ИмыIэми зыхуегъэшэч: и напэр щIытекIын илэжьыну хуейкъым  - хьэлэлу, пэжыгъэр и нэрыгъуу псэумэ, нэхъ къещтэ.
И Iэгу и Iэнэщ. Хьэлэлым хужаIэ.
Ин жыIэ цIыкIу Iуатэщ. Балигъхэм жаIэу зэхахыр сабийхэм яIуэтэж.
«Истамбыл губгъуафэ изоплъ» жызыIам нэхъей. Езым зэрыхуигъэфащэ, къызэрыфIэщI, зэригугъэ къудейм Iуэхур тезыщIыхьым ауаныщIу хужаIэ.
Къаз псы кIэрыпщIэрэ?! «Зэрыщытауэ къонэж» жыхуиIэщ. Бзылъхугъэ зыгъэделэ, дэзышэх цIыхухъум ехьэлIауэщ нэхъ къызэрагъэсэбэп хабзэр.
Къандзэгу пэтрэ гур егъэуфэрэкI. Зыгуэр зылъэмыкIын щыIэкъым.
КъэIэти, тедзэ. «Зыри къыпыпхынукъым» жы­хуиIэщ.
Къепыдж жысIа щхьэкIэ, къепыджыпэ жысIат? ЩIэпхъаджагъэ нэгъуэщIым езыгъэлэжьу зызыухеижыну пылъым хужаIэ.
КъызэрызащамкIэ узощэж. Зэрызэхэсха дыдэм хуэдэу бжызоIэж. ЖаIар зэрыпэжымкIэ шэс щимыувэм деж къапсэлъ.

Щауэ  Къэлидар.

ТхылъыщIэ

«Си псэм и щIасэу си лъэпкъ мащIэ»

А фIэщыгъэр иIэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф и IэдакъэщIэкI. Ар теухуащ тхакIуэм и лъэпкъым и тхыдэм.

ГукъэкIыжхэр щызэхэухуэна тхылъщ къыдэкIыгъуэр жытIэмэ, дыщэуну къыщIэкIынкъым. Кашиф и гъащIэм къриубыдэу и нэгу щIэкIа Iуэтэж куэдым щыгъуазэ дищIкIэрэ къыдгурегъаIуэ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ быдэу зэрызэпыщIар. Ар зытепсэлъыхьыжыр и лъэпкъым, Елгъэрхэ, ехьэлIауэ и адэм къыхуиIуэтэжахэмрэ езыр зыщыгъуазэхэмрэщ.
«Си гугъащ ди нэхъыжьхэр игъащIэкIэ тхуэпсэуну, сэри ныбжьри узри зэи къыстемыкIуэну. Армыхъумэ, пщэдейрей ныбгъуэм сыщымыгугъыу, нобэрей бзур зэзгъэзэгъамэ, сымыщIэхэмкIэ сызэупщIын, чэнджэщэгъу схуэхъун ди нэхъыжьхэр щызиIэм мыхэр тхын щIэздзауэ щытамэ… Иджы къысхуэнэжыр лIо? Си щхьэм сыщыгугъыжынырщ; си нэгу щIэкIауэ сщIэжхэмрэ жаIэу зэхэсхауэ си гум къинэжахэмрэ, Алыхьыр си дэIэпыкъуэгъуу, стхыжынращи…», - щыжеIэ пэублэ псалъэм Елгъэрым. Апхуэдэу щытми, тхылъым и напэкIуэцI бжыгъэм тепщIыхьмэ, 400-м щIегъу, жиIэжын и мащIэтэкъым Кашиф. Гуауэри гуапэри щызыхэша гукъэкIыжышхуэ и гу лъащIэм щихъумэрт тхакIуэм.
Елгъэр лъэпкъым, псом хуэмыдэу Кашиф и унагъуэм, дежкIэ тыгъэ лъапIэщ мы тхылъыр.

Тхьэхущынэ  Ланэ.
 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ