ЕхъулIэныгъэ къыщагъэлъагъуэ

Алыдж-урым бэнэкIэ

Москва и «Олимп къуажэ-80» спорт комплексым дыгъэгъазэм и 17 – 18-хэм щекIуэкIащ «Тараскиным и Мемориал» зыфIаща урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар СССР-м спортымкIэ и мастер, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щыта Тараскин Сергей и фэеплъу къызэрагъэпэщат. А зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медалибл къыщахьащ, абы щыщу 3-р дыщэщ.

Зэхьэзэхуэм щытекIуащ Ульбашев Iэдэм (кг 55-рэ), Бапинаев Къурмэн (кг 60), Мамедов Аслъэн (кг 67-рэ) сымэ. Дыжьыныр къахьащ Тау Алимрэ (кг 63-рэ), Шыгунэ Алимрэ (кг 97-рэ). Ещанэ хъуахэщ МэшылI Ислъамрэ (кг 72-рэ), Шыбзыхъуэ Къантемыррэ (кг 97-рэ).
 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: