Медалищ къахьащ

БэнэкIэ-хуит

Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грознэ дэт «Олимпийский» уардэунэм дыгъэгъазэм и 19 – 20-хэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. А зэпеуэр къызэIуахащ бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Вараев Адлан и фэеплъу. 

Урысейм и щIыналъэхэм къикIа, зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуа ныбжьыщIэу 270-рэ зыхэта зэпеуэр я хьэлъагъ елъытауэ гуэшауэ щытащ. КъБР-м спортсменхэм а зэхьэзэхуэм медалищ къыщахьащ. 
Килограмм 48-рэ хъухэм я гупым щыбэна Азаматов Руслан, финалым щызыпэщIэхуа, Шэшэным щыщ Масаев Ахьмэд хигъащIэри, япэ увыпIэр иубыдащ. Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ Гергоков Саидрэ (кг 60), Хасауов Смаилрэ (кг 65-рэ).
 

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: