Медаль 15 къахьащ

Краснодар крайм и Витязевэ къалэм щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ Урысейм и Кубокым щыщIэбэна зэхьэзэхуэр. 
Къэралым и щIыналъэ 50-м къикIа спортсмен ныбжьыщIэу 1500-р кикбоксингым къигъэув «лоу-кик», «лайт-контакт», «поинтфайтинг», «фулл-контакт», «К 1»  хабзэхэм тету зэхьэзэхуащ. 
Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я гупым хэт Блашэ Темырланрэ кикбоксингым и «фулл-контак» лIэужьыгъуэмкIэ Урысейм и чемпион, Алтай крайм щыщ Габов Степан я зэхьэзэхуэкIэр удэзыхьэхт. Ар раундищкIэ екIуэкIащ, ди щIалэм и текIуэныгъэкIи иухащ.
Красноярск крайм щыщ Шацкой Еленэ къыхигъащIэри, КъБР-м щыщ Ржевская Еленэ дыжьыныр къихьащ. Ещанэ хъуахэщ Абдурахмановэ Дианэрэ Боллоев Аланрэ. 
«Лайт контакт» лIэужьыгъуэмкIэ япэ увыпIэр къихьащ Шопаговэ Раянэ. ХъутIэ Адэлбий ещанэ хъуащ. «Фулл контакт»-мкIэ Гъубжокъуэ Рустам япэ увыпIэр къихьащ, Молэ Ислъам етIуанэщ, Каримовэ Замирэ, Алътуд Владимир, Щэрдэн Марат сымэ ещанэщ.
Шопаговэ Раянэ етIуанэ, Пэрыт Казимир ещанэ увыпIэхэр къахьащ «Лоу кик» лIэужьыгъуэмкIэ. «Лоу кик» и «К I»-хэмкIэ ГъущIо Марат бжьыпэр иубыдащ.
 Зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныбжьыщIэхэм медалу I5 зыIэрагъэхьащ, абы щыщу 4-р дыщэу.
Спортсмен ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ тренерхэу Сасыкъ Анзор, Боллоев Аслъэн, Апажэ Рашид, Къудей Залым сымэ.
Урысейм и Кубокыр къэхьыным щIэбэну медал къэзыхьахэр Урысейм и гуп къыхэхам хагъэхьащ. Ахэр дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хэтынущ.я

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: