Батыр Софие и ехъулIэныгъэ

КъБР-м Олимп резервымкIэ и школым и гъэсэн, илъэсипщI фIэкIа мыхъу Батыр Софие Пензэ къалэм псым есынымкIэ щекIуэкIа урысейпсо зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьащ. А зэхьэзэхуэм Урысейм и щIыналъэхэм къикIа сабий 200-м нэблагъэ хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Батырым и закъуэщ абы кIуэфар.
Иужьрей илъэсипщIым къриубыдэу апхуэдэ лъагапIэм нэсыфауэ диIэр Софие и закъуэщ. Метрищэ зи кIыхьагъым абы етIуанэ увыпIэр щиубыда нэужь, метр 200-м ещанэ щыхъуащ, абы и фIыгъэкIи, етIуанэ спорт разрядым и мардэхэр игъэзэщIащ.
Зэхьэзэхуэм Батыр София хуигъэхьэзыращ абы и тренер Гаракян Роберт.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: