Дуней псом и спортсмен нэхъыфIхэм ящыщщ

Яламов Эдуард и фэеплъу Екатеринбург гъэ къэс къыщызэрагъэпэщ урысейпсо щIымахуэ зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ къыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуэ Ласицкене Марие.
А зэпеуэм, хабзэ пыухыкIам тету, саугъэт I3-м щыщIэбэнащ. Абыхэм ящыщт атлетикэ псынщIэмкIэ къызэрагъэпэща зэпеуэри. А лIэужьыгъуэмкIэ зэпеуэну къэралым и спортсмен нэхъ лъэрызехьэхэр зэрихьэлIат.
Ласицкене Марие и хьэрхуэрэгъу цIыхубз псоми ятекIуэри, Башкирием щыщ цIыхухъур иужьрей зэIущIэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ.
ТекIуэныгъэр къихьын папщIэ ар Лысенкэ Данил ефIэкIын хуейт, ауэ Марие метр I,94-рщ къыхуэщтар, Лысенкэр 2,30-кIэ дэлъеящ. А зэхьэзэхуэм абыхэм къыщагъэлъэгъуащ дунейпсо пщалъэмкIэ спортсмен нэхъыфIхэм зэращыщыр.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: