Хамэ щIыпIэхэм къыщылыда ди вагъуэхэр (Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр. Ещанэ Iыхьэ)

НэгъуэщI къэрал гъуэгу  пхызыша Биджий Хьэсэнбий

Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету 1983 гъэм джэгун иригъэжьащ икIи зэIущIэ 52-м абы и гъуэр ихъумащ. ИлъэситI дэкIри, дзэм къулыкъу щищIэну здраджа Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ.

КъыкIэлъыкIуэу Мэзкуу и «Локомотив»-м 1989 гъэм ирагъэблэгъащ икIи 1998 гъэ пщIондэ абы хэту зэIущIэ 50 иригъэкIуэкIащ. СССР-м и кубокым и финалым 1990 гъэм щыджэгуащ. Урысей Федерацэм и чемпионатым и дыжьын (1995, 1998), жэз (1994) медалхэр къихьащ.
Ди щIалэхэм ящыщу (и анэр адыгэщ и адэр къэрэшейщ) япэу хамэ къэрал футбол командэм джэгун щригъэжьащ. Петах-Тихвирэ Тель-Авиврэ (Израиль) я «Хапоэль» командэхэм я гъуэр ихъумащ. Европэм и кубокхэр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэхэм хэту зэIущIи 9 иригъэкIуэкIащ.
ИужькIэ гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыуващ. Мэзкуу и «Локомотив»-м, Пермь и «Амкар»-м, нэгъуэщI командэхэми къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щрихьэкIащ. ИтIанэ «Спартак-Налшыкым» къигъэзэжри, абы и тренер нэхъыщхьэу 2018 гъэ пщIондэ лэжьащ. А илъэс дыдэм Курск и «Авангард»-м ирагъэблагъэри, а командэр, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокым и финалым нигъэсащ. А зэIущIэм ди лъахэгъу Мырзэ Резуан къащыхудигъэкIа топым саугъэт лъапIэр ар зыхэта Ленинград областым къикIа «Тосно»-м Iэригъэхьащ.
2002, 2004 гъэхэм «Локомотив»-р къэралым и чемпион зэрыхъуам къыхэкIыу абы и унафэщIхэм яхэту дыщэ медалхэр къыхуагъэфэщащ.

Командищым хэту дыщэ медалу плIы къэзыхьа гъуащхьэтет Хьэпэ Заур

Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ.
Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол школ хэхам и гъэсэн Хьэпэ Заур япэ дыдэу Налшык и «Спартак»-м щыджэгун щыщIидзам и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий хъуатэкъым: 1981 гъэм Ставрополь «Динамо»-м щыIущIэну кIуауэ ди командэм и гъуащхьэтет Кокорин Николай сымаджэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ ар хъуэжын хуейти, Хьэпэ Заур гъуэм дагъэуващ.
 Джэгум щIидзэри дакъикъибл дэкIауэ арат Заур топ къыщыхудагъэкIам. ЩIадзапIэр узэмыхъуэпсэнт. АрщхьэкIэ гъуащхьэтет щIалэщIэм къыдэджэгу нэхъыжьыIуэхэу Бэч Русланрэ Наурыз Басиррэ къыбгъэдыхьэри, къыжраIащ къэхъуаишхуэ зэрыщымыIэр икIи, адэкIэ нэхъ тегушхуауэ гъуэм дэтмэ, псори тэмэм зэрыхъунур. Апхуэдэуи къыщIэкIащ - джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ, Заури тренерхэм я щытхъу къилэжьащ.
Дзэм ираджэхукIэ Хьэпэр Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ. И чэзур къыщысым армэм дашри, Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ. ИужькIэ къигъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумащ.
Зи зэфIэкIыр лъагэ адыгэ щIэлэщIэр 1986 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. КъыкIэлъыкIуэу Ярославль и «Шинник»-м хэтащ. 1989-1990 гъэхэм Тбилиси и «Динамо»-м и гъуэм дэтащ икIи Куржым и чемпионатым и дыщэ медалхэр къихьащ.
Хьэпэ Заур и вагъуэр нуру щыблар Владикавказ и «Спартак-Алания»-м щыджэгуа 1991-1999 гъэхэращ. Ди гъунэгъухэм яхэту 1995 гъэм ар Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ, 1992, 1996 гъэхэм дыжьын медалхэр зыIэригъэхьащ. Ар щыщ хъуащ къэралым и гъуащхьэтет нэхъыфIхэм икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 1994 гъэм хагъэхьащ.
2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Хьэпэ Заур Мэзкуу Iэпхъуащ. Ар ирагъэблэгъащ абы и «Локомотив»-м щыджэгуну икIи илъэс зыбжанэкIэ зыхэта командэ цIэрыIуэм аргуэру тIэунейрэ къэралым и чемпион щыхъуащ, Урысей Федерацэм и кубокыр къихьащ.
Урысейм и командэ къыхэхам щригъэкIуэкIа зэIущIи 4-м къищынэмыщIауэ Хьэпэр Чемпионхэм я лигэм, УЕФА-м и Кубокым щIэбэнащ. Абыхэм Европэм и командэ лъэщхэм ехъулIэныгъэкIэ щапэщIэтащ. Ди къэралым и футболист нэхъыфI 33-м Заур щэнейрэ хабжащ.
Топ джэгуныр иуха иужькIэ «Локомотив»-м и тренер хъуащ, Пермь и «Амкар»-м, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, «Спартак-Налшыкым» я гъуащхьэтетхэр игъэсащ.
Хьэпэ Заур и сабиигъуэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр ди редакцэм щигъэкIуащ. Абы и анэ ТIэш (Хьэпэ) Анинкэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) адыгэ газетым и корректору илъэс куэдкIэ лэжьащ икIи къызыхуигъэнэн щыщымыIэм и деж и къуэ цIыкIур «здигъэIэпыкъуну» къыщыздишэ щыIэт.
Адыгэм и щIыхьыр ди къэралым, дунейм и щIыпIэ куэдым Хьэпэ Заур щиIэтащ. Иужь илъэс пщыкIутIым ар Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэм я тренерщ. А командэ цIэрыIуэм хэту нэгъабэ ещанэу Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. Дохъуэхъу иджыри илъэс куэдкIэ и цIэр фIыкIэ къраIуэу утыку итыну, и щхьэгъусэ Терезэ узыншэу къыкъуэту я бынхэу Лаурэрэ Артуррэ я насып ялъагъуну.

Новороссийск щыцIэрыIуэ ДыщэкI Хьэзрэт

ДыщэкI Хьэзрэт и цIэр дыщэпскIэ иратхащ зи зэфIэкI инымкIэ и пщIэр лъагэу иIэта Новороссийск и «Черноморец»-м и тхыдэм - абы нэхърэ нэхъыбэрэ хуэджэгуарэ топ нэхъыбэ я хьэрхурэгъухэм яхудэзыгъэкIарэ а командэм зэи яхэтакъым.
Я «Цемент»-р къэзыцIыху щIагъуэ щымыIэу етIуанэ дивизионым зэрыхэт лъандэрэ ДыщэкIыр Новороссийск щоджэгу. Командэм и гъусэу япэ дивизионым, итIанэ премьер-лигэм кIуащ. ИужькIэ «Черноморец» зыфIащыжам и капитану щытащ.
Джэгун иухри, тренеру а гупым къагъэнэжащ. ЯпэщIыкIэ щIалэгъуалэр игъэсащ. Абыи зэфIэкI инхэр къыщигъэлъагъурти, мыгувэу балигъхэм я тренер нэхъыщхьэ ящIащ. ДыщэкI Хьэзрэт и унафэм щIэту Новороссийск и «Черноморец»-р япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм 2002 гъэм щытекIуащ икIи аргуэру премьер-лигэм хишэжащ. АрщхьэкIэ, абы иращIэкIа дауэдапщэхэр имыухыу, ди лъэпкъэгъур яфIэщIалэIуэу ягъэIури, нэгъуэщIым а къулыкъур иратащ. Хуабжьу щыуауи къыщIэкIащ - новороссийскдэсхэм гуп нэхъыщхьэм зыщаIэжьакъым.
«Черноморец»-м трагъэкIа иужькIэ, ДыщэкIыр Астрахань псынщIэу ирагъэблагъэри, япэ дивизионым щыджэгу «Волгарь-Газпром»-м и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. ЕхъулIэныгъэхэр щиIащ Каспий тенджызым и Iуфэми адыгэ щIалэм.
Зэман дэкIыу, къехуэхыурэ етIуанэ дивизионым къыщыхута Новороссийск и «Черноморец»-м 2007 гъэм и зэхьэзэхуэри щIагъуэу къыщIидзакъым: япэ джэгугъуитхум ящыщу тIум щытекIуат, апхуэдизри къыщыхагъэщIат. Етхуанэ зэIущIэм Новороссийск щыIэу и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Ставрополь и «Динамо»-р къызэрытекIуар абы и унафэщIхэм яхуэшэчакъым икIи, иджыри къэс лэжьа тренер нэхъыщхьэр трагъэкIри, ДыщэкI Хьэзрэт къашэжащ.
Адыгэ щIалэм и унафэм щIэту иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэр «Черноморец»-м и текIуэныгъэкIэ иухащ икIи 2008 гъэм япэ дивизионым щыджэгуну Iэмал игъуэтащ. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуа илъэсыр абы хуэугъурлакъым икIи етIуанэ дивизионым ар къехуэхыжащ.
ДыщэкI Хьэзрэт нэгъуэщI тренер нэхъыщхьэкIэ яхъуэжащ. АрщхьэкIэ я Iуэхухэр нэхъ Iеиж хъурт икIи къахузэтемыгъэувыIэу командэм и къехуэхыныгъэм пищэрт. Дауи, сыт щыгъуи хуэдэу, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу, адыгэ щIалэр кърашэлIэжащ.
Аргуэру дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу новороссийскдэсхэр къыщелъэIум, Хьэзрэт ахэр хуэгъэщIэхъуакъым. КIэух увыпIэхэм ящыщ зыр иIыгъыу къыIэрыхьэу еплIанэ увыпIэр япэ дивизионым а гъэм зыщригъэубыда Новгород Ищхъэрэ и «Волга» командэм и тренер нэхъыщхьэ къулыкъур къигъанэри, зи гуи зи пси кIэрыпщIа, ехъулIэныгъэ куэд щиIа «Черноморец»-р и унафэм щIигъэувэжащ. Къалэн нэхъыщхьэр - а командэр икIэщIыпIэкIэ япэ дивизионым гъэкIуэжынырт. Ар ДыщэкIым зэрыхузэфIэкIынум зыми шэч къытрихьэртэкъым.
Псори хъарзынэу зэфIэкIа, Iуэхур тэмэму зэтригъэувэжа иужькIэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щыджэгу Новороссийск и «Черноморец»-м и тренер нэхъыщхьэ ДыщэкI Хьэзрэт 2011 гъэм езым и фIэфIыныгъэкIэ и къулыкъум текIащ. Ар куэдыр зыпэмыплъат.
Апхуэдэ лъэбакъуэ гугъу езыгъэчар ди лъахэгъум хэIущIыIу ищIакъым. АрщхьэкIэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэм ящIэрт мылъкушхуэ щызекIуэ, тенджыз ФIыцIэм и кхъухь тедзапIэ нэхъ ин дыдэр зи хэщIапIэ «Черноморец»-м футболым пэжыжьэ, ар лъэныкъуэ езыгъэз, уеблэмэ хэзыгъэкIуэдэж куэд зэрыщекIуэкIыр. Абы къыхэкIыу щIыпIэ командэри зэм лъагэу яIэтырт, адрейми куу дыдэу кIуэцIрагъэхурт.
Шэч хэлътэкъым, зэман дэкIынурэ «Черноморец»-м и Iуэхур иджыри зэIыхьэжынут икIи адыгэ щIалэм къеджэжынут. Ауэ къыщыхуэныкъуэм и деж зыIэт, я Iуэху дэкIа иужькIэ къыхуэмеиж новороссийскдэсхэм Хьэзрэт дяпэкIи ядэIэпыкъуну пIэрэ? А упщIэм и жэуапыр хуабжьу тфIэхьэлэмэтт. Абы щыгъуэми ДыщэкIым дэнэ щIыпIи щIэупщIэшхуэ зэрыщиIэм и щыхьэтщ, зэгуэрым ехъулIэныгъэкIэ щылэжьа Астрахань занщIэу зэрырагъэблэгъэжар.
Къызэрыхэдгъэщащи, ДыщэкI Хьэзрэт Краснодар крайм хуабжьу щыцIэрыIуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Тэрч къалэм 1965 гъэм къыщалъхуа пэтми, абы футболист, адэкIэ тренер лъэщ къыщыхэкIар а щIыпIэращ. Армавир и «Спартак», «Торпедо» командэхэм, иужькIэ Новороссийск и «Цемент»-м (иджы «Черноморец»-м), Краснодар и «Кубань»-м пщIэрэ щIыхьрэ иIэу хэтащ. Топ джэгун папщIэ зэ закъуэщ ди республикэм къыщигъэзэжар. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым а лъэхъэнэм хэта Бахъсэн и «Автозапчасть»-м 1997 гъэм кърагъэблэгъэжри, абы и фащэр щыгъыу зэIущIэ 17 иригъэкIуэкIати, плIэнейрэ къыщыхэжаныкIри, абдежым щыщигъэтащ.
Псори зэхэту Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я чемпионатхэмрэ кубокхэмрэ зэIущIэ 460-рэ щригъэкIуэкIащ ДыщэкIым икIи абыхэм топи 148-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ. Новороссийскдэсхэм яхэту 137-рэ къыхэжаныкIащ икIи абыкIэ къылъэщIыхьэн а командэм зэи щыджэгуакъым. Ди жагъуэ зэырхъунщи, куэдрэ къызэрыхъу хабзэу, хамэ щIыпIэм и пщIэр илъэс зыбжанэкIэ зыIэта, Iэзагъ ин зэриIэр псоми наIуэ защищIа джылахъстэней щIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэ Налшык и «Спартак»-м и унафэщIхэм зэи гу лъатакъым икIи и зэфIэкIыр республикэм папщIэ къагъэсэбэпакъым.
2000 гъэм щегъэжьауэ ДыщэкI Хьэзрэт тренер IэнатIэм пэрытщ. Новороссийск и «Черноморец»-м, Тольятти и «Лада»-м, Астрахань и «Волгарь»-м, Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-м, Химки и «Химки»-м, Владивосток и «Луч-Энергия»-м, нэгъуэщI куэдми ехъулIэныгъэкIэ щылэжьащ. Абы и унафэм щIэту «Черноморец»-мрэ «Волгарь»-мрэ япэ дивизионым дэкIуэтеящ, итIанэ новороссийскдэсхэр лигэ нэхъыщхьэм хигъэхьащ. Тренерхэм я курс нэхъыщхьэхэр Мэзкуу ехъулIэныгъэкIэ къыщиухауэ, Урысей Федерацэми, нэгъуэщI къэралхэми я премьер-лигэхэм щылэжьэну хуит зыщI «Pro» лицензэр иIэщ.
2017 гъэм ирихьэлIэу Новороссийск и «Черноморец»-р хэкIуэдэжыпэным нэсат. Уеблэмэ, ар етIуанэ дивизионым къыщыкIэрыхухэм ящыщт. Новороссийскдэсхэм зэрахабзэти, я Iуэхухэр хэкIыпIэншэ щыхъум, зыдагъэIэпыкъуну ДыщэкI Хьэзрэт аргуэрыжьу зыхуагъэзащ. 2018 гъэм Урысей Федерацэм щыIэну футболымкIэ дунейпсо чемпионатым и зэIущIэ зыбжанэ щрагъэкIуэкIын папщIэ мылъку куэд дыдэ трагъэкIуадэу Сочэ къалэм щызэрагъэпэщыжа, илъэсиплI ипэкIэ щIымахуэ Олимп джэгухэр къыщызэIуаха икIи щызэхуащIыжа «Фыщт» стадионым хуэфэщэну а щIыпIэм щызэхуашэса командэм и тренер нэхъыщхьэу лажьэ, къэкIуэну дахэ къызэрыпэщылъыр ищIэ пэтми («Сочи» гупыр мы гъэм япэ дивизионым щытекIуэри, премьер-лигэм кIуащ) Хьэзрэт и псэм хэлъ Новороссийск къалэм еплIанэу тренер нэхъыщхьэу игъэзэжащ.

Псыжь и Iуфэр зыгъэбжьыфIэ ЛIыс Артур

Дэ сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу дахущытщ дэнэ щIыпIи къыщыхэжаныкI ди лъэпкъэгъухэм икIи абыхэм я ехъулIэныгъэхэм газетеджэхэр щIэх-щIэхыурэ щыдгъэгъуазэ зэпытщ. Дауи, тщIэрт Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зэфIэкI лъагэ иIэу ЛIыс Артур 2001 гъэ лъандэрэ зэрыхэтыр. АрщхьэкIэ нэхъ гъунэгъуу къыщытцIыхуар, и щхьэкIэ щызэдгъэлъэгъуар «Спартак-Налшыкыр» къэралым и командэ нэхъыфIхэм 2006 гъэм и пэщIэдзэм яхыхьа иужькIэщ. Пэжщ, абы щыгъуэм ар зыхэта Краснодар и «Кубань»-м а лъэхъэнэм «лифт» цIэр фIащауэ щытащ, илъэситхукIэ зэкIэлъхьэужьу премьер-лигэмрэ япэ дивизионымрэ я зэхуакум зэритам къыхэкIыу. Ар 2006, 2008, 2010 гъэхэм япэ дивизионым щытекIуэурэ къэралым и гуп нэхъыщхьэм хыхьэрт, ауэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым абы зыщимыгъэбыдэфу, кIэух увыпIитIым языр иубыдырти, къыхагъэкIыжырт. Дауи, 2006-2012 гъэхэм уей-уей жезыгъэIа ди командэми зэпэбжу щымыт илъэсхэм (премьер-лигэм щыхэтхэм) тIэунейрэ къыщыхуэзэрт. Апхуэдэхэм ящыщ зыр хуабжьу гум къинащ.
ИлъэсипщI ипэкIэ, 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м, адыгэ щIалэ ЛIыс Артур зыхэт «Кубань»-р Краснодар къалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм щыджэгурт. Дауи, «Спартак-Налшыкым» дызэрыдэщIым къыдэкIуэу, дыпIейтейуэ дыкIэлъыплъырт ди лъэпкъэгъур хамэ гупым къызэрыхэщымрэ абы щиIэ зэфIэкIхэмрэ. ИкIи къэхъун хуейтэкъэ, краснодардэсхэм я футбол тхыдэм хыхьэну Iуэхугъуэ ЛIысым ди деж щилэжьыну?! «Спартак-Налшыкым» а пщыхьэщхьэм абы къыхудихуар Краснодар и «Кубань»-м дежкIэ къызэрыунэхурэ зыхэта зэхьэзэхуэ псоми щыдигъэкIа топ мин ещанэу къыщIэкIащ.
«Кубань»-м и топ мини 3-р ЛIыс Артур зэрыдигъэкIар гулъытэншэу къэнакъым. А командэм дэщIхэм къабгъэдэкIыу адыгэ щIалэм кубок дахэрэ 3000 бжыгъэм и унэцIэр дэщIыгъуу зытратха футболкэмрэ абы къратащ.
Иджы и чэзу хъуащ ЛIыс Артур нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхуну. 1982 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 10-м ар Черкесск къалэм къыщалъхуащ. Абы топджэгум зыщигъэсащ икIи щIыпIэ «Нартым» хэту етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм щригъэжьащ. Мыгувэу и джэгукIэфIым гу къылъатэри, и ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъуауэ, къэралым и дивизион нэхъыщхьэм а лъэхъэнэм щыджэгу Новороссийск и «Черноморец»-м ирагъэблэгъащ. Абы хэту зэIущIэ 22-рэ иригъэкIуэкIри, зы топ и хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ.
АрщхьэкIэ, «Черноморец»-м Артур зэрыхагъэтар а зы илъэсырщ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм ар къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зы Мэзкуу и ЦСКА-м яшащ. Абы зэIущIих фIэкIа щримыгъэкIуэкIами, къыщыхэжаныкIыну хузэфэкIащ икIи а командэм и гъусэу 2003 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
ЕхъулIэныгъэхэр иIэ пэтми, ЛIыс Артур и унэм нэхъ пэгъунэгъуу къекIуэлIэжмэ нэхъ къищтащ икIи 2004 гъэм «Кубань»-р къыщыщIэупщIэм хыхьэри, илъэс пщыкIутIкIэ зэкIэлъхьэужьу абы щыджэгуащ, и пщIэр лъагэу иIэтрэ гуимыхуж текIуэныгъэхэр къыхуихьу.
Зэхьэзэхуэм топ нэхъ дахэ дыдэ зэрыщыдигъэкIамрэ краснодардэсхэм я топ 3000-р къызэрехъулIамрэ къищынэмыщIауэ, иджыри зы Iуэхугъуэ инкIэ адыгэ щIалэр «Кубань»-м и тхыдэм хыхьащ - ЛIыс Артур нэхъыбэрэ абы и фащэр щыгъыу зыри зэи джэгупIэ губгъуэм къихьакъым! 2013 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 28-м Санкт-Петербург и «Зенит»-м дригъэкIуэкIамкIэ псоми ящхьэщыкIащ, зэIущIэ 284-м нигъэсри. ИужькIи а бжыгъэм хигъэхъуащ, зэи зыри къылъэщIэмыхьэжыфын хуэдэу. КъыщызэтеувыIар зэIущIэ 333-м нэсауэщ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ топ 26-рэ щыдигъэкIащ.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: