Нобель и саугъэтыр

Нобель и саугъэтыр дуней псом нэхъ тыгъэ лъапIэу къыщабж. Швед щIэныгъэлI, химик Нобель Альфред игъэбелджылауэ щыта саугъэтыр ят 1901 гъэм щегъэжьауэ. ЩIэныгъэлIым уэсяту къызэригъэнам тету, саугъэтыр ират физикэм, химием, медицинэм, физиологием, литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэм, дуней псом мамырыгъэ щыIэным папщIэ Iуэху къызэрымыкIуэ зылэжьыфхэм. 1969 гъэм саугъэт зратхэм хагъэхьащ экономикэмкIэ щIэныгъэлIхэри. Саугъэтыр ят Нобель Альфред дунейм щехыжа махуэм – дыгъэгъазэм и 10-м. Швециемрэ Норвегиемрэ я пащтыхьхэм лауреатхэм ират дыщэ медалхэр, щIыхь тхылъхэр, швед крон мелуани 8 (сом мелуан 60-м щIегъу) хъу ахъшэм и чекыр. Саугъэтыр къызэрежьэрэ, ар яIэрыхьащ цIыху 900-м щIигъум. Абыхэм ящыщу 50-м нэблагъэр бзылъхугъэщ. Нобель и саугъэтыр къызэрыунэхурэ ар нэхъыбэ дыдэрэ ялъысащ американхэм. КъызэрахутамкIэ, Нобель и саугъэтыр зратахэм я нэхъыбэр къыщалъхуа махуэщ накъыгъэм и 21-р е мазаем и 28-р. 
Къапщтэмэ, саугъэтыр зратам я нэхъыбэр илъэс 50-60 ныбжьым итхэрщ. Ауэ ар зыхуагъэфэщахэм мащIэу яхэтщ ныбжькIэ щIалэ дыдэхэри. 2015 гъэм илъэс 25-рэ хъууэ арат саугъэтыр къэзыхьа Брэгг Лоренс Уильям. Лауреат нэхъыщIэ дыдэщ Пакистаным щыщ Юсуфзай Малалэ. 2014 гъэм саугъэтыр щратым ар илъэс 17 хъууэ арат. Хъыджэбзым саугъэтыр хуагъэфэщащ сабийхэм лей къатемыхьэным, дэтхэнэ ныбжьыщIэми пщIэншэу щIэныгъэ етыным теухуауэ иригъэкIуэкIа бэнэныгъэм папщIэ. Саугъэтыр щалъыс щыIэщ зи ныбжь хэкIуэтахэм. Илъэс 89 – рэ хъууэ ар Iэрыхьащ Шепли Ллойд Стауэлл. Саугъэтыр зылъысахэм я нэхъыжьщ Гурвич Леонид. Абы 2007 гъэм, илъэс 90 щыхъум, саугъэтыр иратащ экономикэм теухуауэ илэжьахэр къалъытэри. ЩыIэщ мыпсэужу Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэщахэри. 1931 гъэм Аксель Эрик ар къихьащ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ. 1961 гъэм мыпсэужу саугъэтыр аргуэру лъысащ Хаммершельд Даг. Нобель и саугъэтыр зылъыса бзылъхцгъэхэм я нэхъ цIэрыIуэу къалъытэ тIэунейрэ ар зыхуагъэфэща Кюри Марие.1903 гъэм – радиацэр къызэрихутам папщIэ, 1911 гъэм – химием радий, полоний элементхэр къызэрыщигъуэтам щхьэкIэ.

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: