ЯщIэр жаIэм щытемыхуэм

ЦIыху куэдым яфIэфIу пщэдджыжьыпэм ираф кофер зэрымысэбэпым зэман куэдкIэ дыщIагъэдэIуащ. Иджы къызэрыщIэкIар, абы уефэным нэхърэ, уемыфэныр нэхъ зэранущ.
ЩIэныгъэлIхэм я иужьрей псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, кофем цIыхум и узыншагъэр ирегъэфIакIуэ, уеблэмэ ирамыгъэлейуэ ар изыфхэм я гъащIэм илъэси 4-5 хэхъуэнущ. Зы махуэ щапхъэу 4-5 уефэныр къещтэ, ар экспрессэу е капучинэу щытмэ, ауэ а бжыгъэр 8-9-м нэбгъэсыныр къезэгъыркъым.
Мыбдежми кофе хьэжам нэхърэ зэрыхьэдзэу къэфщэхуу, фэ езым фхьэжыжыныр егъэнэхъыфI, кофеин, теобромин, антиоксидант пкъыгъуэ сэбэпхэр щыхъума зэрыхъум къыхэкIыу. Гъэвэн хуэмейуэ занщIэу зэхащIэ кофехэр я фIагъкIи, я сэбэпынагъкIи адрейхэм ялъэщIыхьэнукъым, къытрагъэзэжурэ зыбжанэрэ зэрелэжьым къыхэкIыу. Нэхъыбэу ди тыкуэнхэм узыщрихьэлIэр арабикэ, робустэ лIэужьыгъуэхэрщ. Теобромин пкъыгъуэр зибэ арабикэм гур егъэмамыр, шэджагъуэ нэужьхэм уефэныр хъарзынэщ. Робустэм кофеиныр нэхъыбэу хэлъщ, уефэну щыфIыр пщэдджыжьырщ. Языныкъуэхэм тIури зэхалъхьэ, нэхъ яфIэгуакIуэу.
Кофе къудейр зыфIэмыфIхэм кхъуейрэ тхъуцIынэрэ щIакхъуэм телъу драф хабзэщ. А тIур щызэгъусэкIэ, тхъуцIынэхэми дыкъытеувыIэнщ. ГОСТ-м тету ящIхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу егуэш, ящIэлъ дагъэр зыхуэдизым тещIыхьауэ: процент 99-р тхъущ, 50-р «чайное» жыхуаIэращ, абыхэм я зэхуакум дэтщ сыт щыгъуи щыIа 82,5-р, цIыху щхьэхуэхэм ятещIыхьа 80-р, совет лъэхъэнэм къыщIагъэкIыу щыта крестьянскэ 72,5-р, щIакхъуэм телъу зыгуэрхэм дэшхын-дифыным тещIыхьа процент 61,5-р.
Иджыпсту куэдым къазэрыщыхъур процент 82,5-р гъэшхэкI продукцэущ. Процент бжыгъэхэм ерыскъым хэлъ дагъэр зыхуэдизыр къызэригъэлъагъуэр псоми ящIэ, цIыхур зыщIэупщIэр нэгъуэщIщ… 
Псалъэм папщIэ, дагъэ мащIэ дыдэ фIэкIа зыщIэмылъ шатэ лIэужьыгъуэхэр гъунэжщ, нэхъ мащIэ дыдэу къалъытэ процент 15-м щыщIэдзауэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, шатагъэу абыхэм яхэлъ щыIэкъым. КъищынэмыщIауэ, абыхэм я нэхъыбэр гъэш хьэжыгъэм къыхах. Ещхьыркъабзэу, тхъуцIынэр тхъуцIынэ хъун щхьэкIэ, шатэр шатэу щытын хуейкъэ? 
 Дагъэр зи мащIэ шатэр щымышатэкIэ, процентыр щымащIэ тхъуцIынэри апхуэдэн хуейт. Зэрыубыдын къудейм нэхъ хэмылъмэ, а процент иримыкъур субпродукт гуэркIэ гъэнщIын хуейщ. Мис ар къызыхахырщ, ящIэну хуейуэ цIыхур, зыщIэупщIэр.
Крестьянскэ тхъуцIынэр (процент 72,5-р) совет лъэхъэнэм къыщIэгъэкIын щIадзащ. Апхуэдэу щIащIами щхьэусыгъуэ иIэт; къэралым гъэшыр хурикъуртэкъым, тхъуцIынэм хэлъ дагъэр проценти I0-кIэ зэригъэмэщIам щытыкIэм къришащ. Ауэ къэлъытапхъэщ, а зэманым иджы къагъэсэбэп пкъыгъуэ зэранхэмрэ фIагъ зыбгъэдэмылъ къэкIыгъэ дагъэхэмрэ зэрыщымыIар. Нэхъыбэ дыдэу тхъуцIынэми шатэми хащIыхьыфынур, шэ е кефир хакIэнкIэ зэрыхъунурт. Аркъудейхэри къабзэт.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: