Инджылыз сурэтыщIхэм ягъэщIагъуэрт

Совет лъэхъэнэм ипэкIэ адыгэхэр, Кавказым щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм яхуэдэу, тхыбзэншэу щытащ. ИужьыIуэкIэ ди лъэпкъым и блэкIа жыжьэм ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд къатIэщIыжами, дызыщымыгъуазэр нэхъыбэщ. Ауэ «дыдыр къэпым ибдзэкIэ гъэпщкIуа хъукъым, а дыдым и пэр къэп зрадзам гува-щIэхами къиплъынущ» зэрыжаIэм ещхьу, ди лъэпкъым и тхыдэр, дауэ ямыгъэпщкIуми, щIамыуфэми, къыщIощыж…
Адыгэхэм я псэукIам, я щIыналъэм и дахагъым, щIыуэпсым и IэфIагъым ди эрэм ипэкIэ лIыщIыгъуэ етхуанэм псэуа Диодор Сицилийскэр купщIафIэу тетхыхьауэ щытащ. Адыгэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд къритхэкIауэ къыщIэнащ Полиенми. Псалъэм папщIэ, мэуэт гуащэу  Тыргъэтауэ и хъыбар нобэм къэзыхьэсар Полиенщ.

Кавказым щыхьэщIа, адыгэхэм сурэт тезыщIыхьа цIыху зэчиифIэхэм ящыщщ инджылыз сурэтыщI цIэрыIуэ Уильям Симпсон. Ар1853 - 1856 гъэхэм Инджылызым и лIыкIуэу Кавказ КъухьэпIэм щыIащ, икIи мыбдеж щыпсэуа адыгэ лIакъуэхэм тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэт телъыджэхэр ятриухуащ.
Симпсоным и тхыгъэхэмкIэ, и сурэт гъуэзэджэхэмкIэ къигъэлъэгъуащ адыгэхэм я зэуэкIэр, я фащэр, я гупсысэкIэр, я дуней тетыкIэр. Абы и тхыгъэхэмкIэщ, сурэтхэмкIэщ адыгэхэр зыхуэдэр хамэ къэралхэм къызэращIэу щытар.
1855 гъэм и бжьыхьэ мазэм Инджылызым и министр Пелэм-Клинтон Генри Кърымым щызауэ я къэралыдзэм и Iуэху зытетыр и нэкIэ зригъэлъагъуну Кавказ КъухьэпIэм къэкIуауэ щытащ. Зауэ зращIылIа адыгэ лъэпкъым и псэукIэм, ахэр зыгъэгумэщIым зыщигъэгъуазэмэ и гуапэу, Генри адыгэ Хэкуми щыхьэщIащ а лъэхъэнэм. Абы щыгъуэ Генри и блыгущIэту щIытащ Уильям Симпсон. Ауэ а гъэ дыдэм лорд Абердин и правительствэм тетыгъуэр IэщIахыжри, адыгэхэр зыщыгугъа дэIэпыкъуэгъухэр пщIыхь IэфIым хуэдэу бзэхыжащ.
Генри и ужькIэ IэнатIэншэу къэна герцог Ньюкасл зыплъыхьакIуэу Кърымым къыщыкIуам, Симпсон абы иригъэлъэгъуащ и сурэт зыбжанэ, хы ФIыцIэм деж Инджылызымрэ Урысеймрэ я хыдзэхэм яIа зэпэщIэтыныгъэм теухуауэ. Сурэтхэр герцогым хуабжьу игу ирихьауэ къыщIэкIри, герцогым щIыгъу цIыхухэм Симпсон хагъэхьэри, гупыр адыгэхэм я деж хьэщIапIэ къэкIуащ. А гупым Симпсон и мызакъуэу, сурэтыщI Iэзэ Освальд Брайерли, тхакIуэ Лоренс Олифант, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр фIыуэ зыщIэ герцогым и унэIут Лукэ сымэ герцогым щIыгъуу адыгэхэм я деж хьэщIапIэ къыздишауэ щытащ.
1855 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м гупым я кхъухьыр Анапэ и кхъухьтедзапIэм къекIуэлIащ. ХьэщIэхэм адыгэхэр хабзэм тету къапежьэри, Псыжь псыхъуэ щыпсэухэм я деж кърагъэблэгъащ. Адыгэхэм я хьэщIэхэм кIэлъызэрахьэ хабзэхэр, унагъуэм къыщекIуэкI зэхущытыкIэхэр, Iэнэм къытрагъэува шхыныгъуэхэр къритхэкIащ тхакIуэм. Инджылыз сурэтыщI зэчиифIэм бысым хуэхъуахэр и гум, и псэм хэпщIэпат. Адыгэхэм къахуеблэгъа хьэщIэхэм ирагъэлъагъун яхузэфIэкIащ хьэщIэм пщIэуэ хуащIыр, ерыщагъ яхэлъу бийм и пащхьэ лIыгъэ къызэрыщагъэлъэгъуэфыр. Симпсоным и нэкIэ илъэгъуащ адыгэхэр я Хэкум папщIэ зыщымысхьыжу, къикIуэт ямыIэу, езыхэм нэхърэ хуэдищэкIэ къару нэхъыбэ зиIэ бийм зэрапэщIэтыфыр.
Адыгэхэм я щIыналъэм Урысей правительствам кърищIыхьа быдапIэхэм ящыщ зым Симпсон и бысымым теуэ къызэригъэпэщам езыри здащтэри, и нэкIэ ирагъэлъэгъуащ лIыгъэу, бэшэчагъыу, шыIэныгъэу адыгэхэм яхэлъыр здынэсыр, хабзи-бзыпхъи зимыIэу, зэуэн нэхърэ нэгъуэщI Iуэхухэм хуэмыгъэпсауэ пащтыхь генералхэм къаIуатэ адыгэхэр зыхуэдэр.
СурэтыщIым и дежкIэ а Iуэхугъуэр лъэужьыншэу блэкIакъым. Симпсон и тхыгъэхэм щыжеIэ адыгэхэм нэхъыщхьэу къалъытэ Iуэхугъуищыр - ар лIым и джатэр мэисэу, жьабзэу, и Iэнэм шхыныгъуэ плIыщI къытригъэувэфу щытынырщ. Пэжщ, Iэнэм шхыныгъуэ плIыщI къытрагъэувэну адыгэ псоми лъэкIыныгъэ яIакъым. Ауэ адыгэ лъэпкъым иIэр уимыгъэшхыфу цIыху яхэтакъым.
Симпсон гъэщIэгъуэныщэ щыхъупар бийм къауIа адыгэлIым шэр къыщыхахыжым, шыIэныгъэ къигъэлъэгъуаращ. Инджылыз е урыс сэлэтхэм я узыр, уIэгъэр зыгъэужьых хущхъуэ ирахьэлIэмэ, адыгэ зауэлIым зы щэIу макъ къимыгъэIуу, хущхъуи ирамыхьэлIэу шэр къыхахыжат.
Симпсон и сурэт «Лагерь в Черкесии» зыфIищам егъэлеиныгъи, щыщIи имыIэу адыгэ жьэгум и теплъэр зэрыщыта дыдэм хуэдэу къегъэлъагъуэ. Сурэтым щыболъагъу герцог Ньюкасл Iэнэ лъакъуищым бгъэдэсу адыгэхэм пщIэ къыхуащIу зэрагъэхьэщIэр.
Псом нэхърэ нэхъ удэзыхь¬хыр абы и сурэт «Черкесы у форта Вайя» зыфIищаращ. Мы сурэтым и деж IупщIу зэхэхауэ щыболъагъу быдапIэр щаухуа щIыпIэм (фортым) и дахагъыр, цIыхухэм щыгъын ящыгъхэр, дэтхэнэми я нэгухэм зыщIэгупсысыр къызэриIуатэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мы сурэтымкIэ быдапIэр здэщыта щIыпIэр иджы зэманми къэбгъуэтыжыфынущ.

 

Тамбий Гуащэмахуэ.
Поделиться:

Читать также: