МЭРЕМ ПШЫХЬ

Хабзэм щыщщ
Хъытех

Мыр адыгэ унэишэм и пкъыгъуэ гъэщIэгъуэну щытащ. Абы и кIапэлъапэу къэплъытэ хъуну къыщIэкIынущ нысащIэр фызыжьхэм я деж щIашауэ абы и щхьэтепхъуэр яIэтурэ щеплъыр. Хъытех хабзэр Нэгумэ Шорэ и лъэхъэнэм къыфIэкIагъэнукъым. Адыгэ хабзэм хуэгумащIэ Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм абы щхьэкIэ зы тIэкIунитIэ къыхощыж, езы псалъэ «хъытехри» къыщехь. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, нысащIэм и щхьэтепхъуэр шабзэшэкIэ псынщIэу къытрапхъуэтыкIын хуейт. Ар къалэн щащIауэ къытезыпхъуэтыкIым хъытехкIэ еджэрт.
Нэгумэ Шорэ и фIыщIэкIэ хъытех жыхуаIэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм деупщIу къэдублат, икIи абы теухуауэ ди жьыщхьэ махуэхэм ящIэжыр мащIэтэкъым. Дауи, ар нобэрей нэхъыжьхэртэкъым, атIэ хыщI-блыщI гъэхэм илъэсищэм нэса, абы щхьэпрыбэкъукIахэрт, адыгэ хабзэм щIапIыкIахэрт. Хъытехыу ущытыныр, ар къыпхуагъэфэщэныр щIыхьышхуэт икIи дзыхь щхьэхуэт. Абы къищынэмыщIауэ, шынагъуэ гуэрхэри пылъу къалъытэрт. Ар ящIэу, хьэгъуэлIыгъуэ зиIэ унагъуэм я нэхъыжьыр мыр хъытех тхуэхъуащэрэт, жиIэу зэхъуапсэм я деж кIуэрти, абы и адэ-анэм елъэIурт, ямыгъэщIэхъуу а хабзэр я щIалэм ирырагъэзэщIэну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъапэм хъытехыу щытар цIыхухъущ, щIалэ е лIы. ИужькIэ, унэишэм щыгъуэ ар бзылъхугъэхэм къапехуэтэкIыжащ. Ар Нэгумэ Шорэ и зэманым ирихьэлIауэ къыщIэкIынущ, сыту жыпIэмэ, абы зи гугъу ищI хъытехыр цIыхубзщ.
Щхьэтепхъуэр щхьэкум и деж къыщыфIагъанэрти, шабзэмкIэ, нэхъ тэмэму, шабзэшэмкIэ псынщIэу къытрапхъуэтырт. ИужькIэ ар башкIэ къытрах хъуащ. Шэрджэсхэм апхуэдэ башыр ямыгъэкIуэду зэрахьэрт, нысащIэм сабий игъуэтмэ, гущэпс баш ящIыну.
ЦIыхухъухэр хъытехыу щыщытам щыгъуэ абы къагъэсэбэпыр къамэт е сэшхуэт. НысащIэм и щхьэтепхъуэр трапхъуэтын ипэкIэ ар бгыкъу гуэрым и лъабжьэм щIагъэувэрт. Бгыкъу щымыIэмэ, щIалитIым бжэгъу къащтэрти, абы щхьэщаIыгъэт. АбыкIи зэфIэкIыртэкъым. Щхьэтепхъуэр сэшхуэпэкIэ е къамэпэкIэ къытрипхъуэтыным ипэ къихуэу, щIалэр нысащIэм елъэIурт, зимыхъунщIэну, Iэдэб цIыкIуу щытыну. Абы нысащIэм тепхъуа щхьэтепхъуэм и кум деж Iэщэ иIыгъым и пэр къыщыфIигъэнэну зищIырт, зэи, тIэуи. Апхуэдэхэм и деж ар шынауэ къыIулъэтыным ещхьу зищIырт, итIанэ аргуэру къытригъазэурэ щхьэтепхъуэм щIэтым елъэIурт, ар губзыгъэ цIыкIуу щытыну, зишыIэну, зимыхъунщIэну.
А псори зы джэгукIэ гъэщIэгъуэн гуэрым ещхь ­хъурт - щIалэм и лъэIухэр, къауIэ, къаукI зэрыпэтар, къыIумылъэтамэ. Щэнейрэ къытрагъазэрти, еплIанэм щыгъуэ, пэж дыдэу, щхьэтепхъуэр нысащIэм и щхьэм къытрипхъуэтырти, къамэмкIэ е сэшхуэмкIэ щэ еуэгъуэ еуэрт нысащIэр зи лъабжьэ щIэт бгыкъум е абы щхьэщаIыгъэ бжэгъум.
Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, унэишэм хэкIуэдыкIыжа мы хабзэр гъэщIэгъуэныщэщ. Абы узригъэгупсысыр щхьэтепхъуэм щIэт бзылъхугъэм Iэщэ иIыгъыу е абы пэшэгъу иIэу, ар бзаджэ гуэрхэм пыщIауэ, цIыхур абы щышынэу зэрыщытырщ. ИужькIэ нэгузыужь джэгукIэу къытщыхъуу къэна щхьэкIэ, абыхэм лъабжьэ куу яIэщ, лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и нэпкъыжьэ хэмыгъуэщэжу къэнауэ.

МАФIЭДЗ  Сэрэбий.

Лакербай Михаил
ЩIы IэмыщIэ

- Хамэм къыпхуишия хьэлур егъэхыгъуейщи, хамэщI ухуэзышэ гъуэгуанэр хьэлъэщ, - жиIэри и хъыбарыр къригъэжьащ си ныбжьэгъушхуэ КIэву Аайсэ. - Си ныбжьыр илъэсипщIым нэса къудейуэ арат, дэ - си адэ-анэр, сэрэ си шыпхъу цIыкIумрэ - фелюгэкIэ зэджэ кхъухь цIыкIухэу Тыркум кIуэхэм щыщ зым драгъэтIысхьэу дыщежьам. Дэ истамбылакIуэ дыхъуати, ди гум къыщIитхъыу къызэднэкIат дыщалъхуа Апсны - Абхъаз щIыналъэр.
Кхъухьыр IукIыу и гъуэгу теува къудейуэ, тенджызыр къэукъубеящ. АпхуэдизкIэ дызэридзэрти, си анэмрэ си шыпхъу цIыкIумрэ хуабжьу гуауэщхьэуэ хъуат, я фэр пихуауэ. Абыхэм тиф къеуэлIауэ гурыщхъуэ ящIри, тырку матросхэм а тIури тенджызым хадзащ. Тщыщу сымаджэ хъу псоми арат а гущIэгъуншэхэм иращIэр. Дыдейхэм, ар ямыдэу, ткIийуэ зыкъратIэрти, матросхэм япэувырт, арщхьэкIэ сыт иращIэфынт абыхэм цы Iув зи гум къытекIэжа, зи ныбэр из лIыукIхэу Iэщэм щIигъэнахэм?.. Си адэ тхьэмыщкIэу гуауэм делэ ищIыным нэсам и мурадащ езыми тенджызым зыхидзэжыну, арщхьэкIэ цIыхухэм яубыдри кърагъэлащ.
Дэ, унагъуищэм щIигъу дыхъуу, тырку щIыналъэм дыщрагъэтIысыкIащ, Трапезунд къалэм пэмыжыжьэу. ПщыIэ тщIыщ, чэтэн унэхэр дгъэуври, абдеж щыпсэун щIэддзащ, дышхыныншэу, щIыIэм диукIыу, сымаджэри ди куэду.
Пщэдджыжьым къыщыщIэдзауэ пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху ди цIыхухэм къалэ уэрамхэм къыщаущыхьырт, хьэлу IыхьэкIэ зыгъэлэжьэн лъыхъуэрэ пщIантIэ къэс дэплъэу. Ауэ мо фейцейуэ хуэпахэм, куэд щIауэ зэрышхыныншэм зи фэр ирихахэм къалэдэсхэр къащымэхъашэрт, лэжьыгъэ гуэри къратыртэкъым, дзыхь къыхуащIу. Тщыщхэр гъунэгъу къуажэхэми кIуэрт, ауэ зыри къикIыртэкъым, пщIэншэрыкIуэ хъуауэ къагъэзэжырт.
Арати, зы махуи дэкIыртэкъым мэжэщIалIагъэм зи къарур щIиха, сымаджэ ирихъукIа цIыхухэм щыщу зы е зыбжанэ тхэмылIыкIыу. Жэщ хъуамэ, псэупIэ гъуэмбырэщу ихъуреягъкIэ щызэхэтхэм къыщIэIукIырт гур зыкъутэ цIыхубз бжэ макърэ жьыкIэфэкIэхэм я гыз макърэ.
Зыри тхэмылъыжу хьэлэч дыхъуат си адэмрэ сэрэ.
Арати, махуэ гуэрым, сыкъеIэ пэтми, зыкъысхуэIэтакъым, сыкъыхэкIыфакъым тепIэнщIэлъын папщIэу сызыхэлъ хъыданыжьхэм. ЛIауэ Iэджэ слъэгъуати, къызгурыIуащ сэри щIэх сызэрылIэнур.
Апхуэдэурэ махуитI е махуищ дэкIа, нэхущым си нэр къызэтесхмэ, солъагъу зыкъысхуишияуэ къызэплъу къысщхьэщыс си адэм нурыншэ хъуа и нэгур. Зыри жимыIэу, зыкъомрэ къызэплъат ар, итIанэ зэуэ сыкъипхъуатэщ, пIэм сыкъыхихри сыкъигъэуващ.
- ЗыIыгъ, дад! ЗыIыгъ, си щIалэ! - жиIащ. - ЛIы хуэдэу щыт, къарууэ уиIэж тIэкIур зэхуэхьэс! Къалэм дыкIуэнщи, къоIэзэн дохутыр гуэр згъуэтмэ, урегъэхъуж, еш сымыщIэу сыхуэлэжьэнщ. ИкIи ухъужынкъэ, умыгузавэ. Уэ плъагъужынущ ди Апсны адэжь щIыналъэр. Аращи, упсэун хуейщ, дад - си щIалэ…
Сызеджалэу, си адэм и ужьым ситу сежьащ, сымыджэлэн щхьэкIэ абы и щыгъын кIапэ гуэр сIыгъыу. Гузэвэгъуэ защIэу махуэ куэд си нэгу щIэкIат сэ къэзгъэщIа илъэсипщIым къриубыдэу, ауэ а гъуэгуанэм хуэдэу хьэлъэу щыта сщIэжыркъым. Куэдрэ дыкIуащ дэ. Сыджалэмэ, си адэм сыкъиIэтыжырти зыкъомрэ IэплIэкIэ сихьырт.
Шэджагъуэ хъуауэ дынэсыфа къудейщ къалэм. Ауэ си адэм къехъулIакъым зыщыгугъар: игъуэтакъым дохутыри лэжьыгъи…
СощIэж, унэшхуэ гуэрым и дэкIуеипIэм зыдгъэпсэхуу дыздытесым, си адэм макъ гущIыхьэкIэ жеIэ, и щхьэ хуэпсэлъэж щIыкIэу:
- Сыт сщIэну-тIэ, гузэвэгъуэшхуи си Iуэхур! Уэ ущIэсымаджэр ушхыныншэщи аращ…
Псэлъэн щигъэтри и пIэм ижыхьащ хэгупсысыхьауэ, итIанэ, нэщхъейуэ и Iэхэр ищIурэ, и щхьэ щэхуу зыгуэр хужиIэжу щIидзащ. Абдежщ япэ дыдэу абы и нитIым нэпс щыщIэслъэгъуар. Егупсысыт абы: абхъаз цIыхухъум и нэпс къекIуат, и нитIым щIэзу! Ерагъыу къызэхэсхащ мы псалъэхэр: «Хьэуэ, хьэуэ… Сэ ар схузэфIэкIынкъым…» И щхьэр лъахъшэу ирихьэхауэ, си адэр зыгуэрым егупсысырт. ИтIанэ занщIэу си Iэр иубыдри сришэжьащ уэрам дэкIыпIэ гуэркIэ. ЗыщIыпIэ деж сигъэтIысри ткIийуэ, сигъэшынэу, тIэкIуи къысщIэкIиеу къызжиIащ:
- КъэдаIуэ, дад! Щыс мыбдеж, си щIалэ! Укъэмытэдж икIи си дежкIэ унэмыплъэ! КъыбгурыIуа? Унэмыплъэ! Сэ езым къэзгъэзэжынщ уи деж.
Арати, си адэр IукIри еуэкIыпIэм къухьащ.
Зыкъомрэ сыщысащ, блэкIхэм сеплъу. Ауэ кIуэ пэтми нэхъ пIейтей сыхъурт, сыту пIэрэ си адэм ищIэну и мурадыр, жысIэу. Сыт щыIукIым щыгъуэ, «си дежкIэ унэмыплъэ!» жиIэу, ткIийуэ, и мыхабзэу тIэкIуи къысщIэкIиеу къыщIызжиIар? Си закъуэу щхьэ сыкъигъэна мыбдеж? Къимыгъэзэжыххэну IукIамэ-щэ?..
Сыгузавэу сыкъэтэджри еуэкIыпIэм нэс сыкIуащи, сыкъуоплъ. ИкIи къызолъагъу зи дэкIуеипIэм дытеса унэшхуэм и щIыхьэпIэм деж щыт си адэр. Ар яхэплъэрт гъунэгъуу блэкI цIыхухэм, зэм пудыгъэ зыхэлъ гуфIэкIэ нэпцI и нэгум къищу, зэми ткIийуэ и нэщхъыр зэхиукIэрэ и Iупэхэр игъэпIэжьажьэу.
Сыздэплъэм, солъагъу си адэм хуэмурэ гъунэгъу къыхуэхъу цIыхубз лъагэр. Абы и ужьым итт шхын зэрылъ сумкэшхуэ зыIыгъ и IуэхутхьэбзащIэ бзылъхугъэри. Ахэр щIыхьэпIэм къызэрысу, си адэр хуежьат и Iэр къиIэту яхуишиину, зыгуэр къратын папщIэ, арщхьэкIэ и Iэр къыхуэIэтыркъым, бдзапцIэу хьэлъэ хъуащи.
ЦIыхубз лъагэм си адэм и дежкIэ зыкъигъэзат, къыбгъэдыхьэу зыгуэр къыIэщIилъхьэну, арщхьэкIэ мыдрейм гужьеяуэ, псынщIэу зригъэзэкIащ. ЦIыхубзыр IукIыжащ, и дамащхьэр дригъэуейри.
Иджы сэ къызгурыIуат Iуэхур зыIутыр: си адэм сэ сымылъагъуу факъырэ Iус къыхихыну мурад ищIауэ арат. Сыт хуэдизу сыцIыкIуу щымытми, си гум зихузри сымыбэуэжыфу, си бгъэм зыгуэр тенат…
Слъагъуурэ си адэм цIыху зыбжанэ блигъэкIат, и Iэр яхуишиину хуежьэми, ахэр къызэрысу, нетIэ хуэдэу, къемыдаIуэу, къыфIехуэхыжырт. И натIэр къэпщIэнтIат, и нэкIу фагъуэри зыгуэрурэ хъурт, тхьэмыщкIафэ дыдэ къытригъауэу. Сэ сыкъэшынащ. Зэм сыкъэхъурт абы деж сыжэну, зэми сыхуейт, ар апхуэдэу сымылъагъун щхьэкIэ, сыIужу си лъакъуитIым сыздахьым нэс сыжэну, арщхьэкIэ си нэр абы къытесхыфыртэкъым, зызгъэхъеинуи слъэкIыртэкъым.
Асыхьэтым си адэм деж къэсри къэувыIащ ар къызыкъуэмыщ тырку лIышхуэ гуэр, къулейуэ хуэпауэ, фескIэ плъыжьи щхьэрыгъыу. Тыркум си адэр зыкъомрэ зэпиплъыхьащ, и Iэпхъуамбэ пIащэхэмкIэ щыгъэ игъажэу. Иджы щытт ар, си адэм къеплъу, зыгуэр къэхъуну пэплъэ нэхъей. Си адэм и щхьэр ирихьэхри и Iэр игъэхъеящ, гу лъыптэ къудейуэ, арщхьэкIэ Iэр асыхьэту мэзэгъэж, зэфIэжыхьами ярейуэ.
Тыркум мыпIащIэурэ и жыпым кърихащ ахъшэ зэрылъ и къэдабэ хъуржын цIыкIур, ар щигъэсысым, къэIуащ ахъшэ жьгъей макъ. Сэ къэслъэгъуащ си адэм и нэкIур зэблэша зэрыхъуар икIи, мафIэ къыщIэнауэ, къызэрызэщIэплъар. Абы и Iэм, зы хьэлъэ гуэрым зыкъыIэпих нэхъей, хуэмурэ зыкъиIэтри, лIым дежкIэ зишиину хуежьат, арщхьэкIэ ехуэхыжащ, путищэ хъу хьэлъэ гуэрым иришэхыжа хуэдэ.
И нитIыр си адэм къытримыгъэкIыу къеплъурэ, тыркум и хъуржын цIыкIум дыщэ ахъшэ жьгъей зыбжанэ кърихащи, и Iэгум щегъэджэгу, и дзэ хужь пIащэхэр къыIупсу, пыгуфIыкIыурэ.
Си адэм и нэкIур хужьыбзэ хъуат, хьэжыгъэ щахуам хуэдэу. Абдеж мащIэу хэкIиикIщ, и гум епхъуэжри тхьэмыщкIэр щIым хэхуат мыхъеижу.
Тыркур ежьэжащ. Полицай гуэр къэсри си адэм и хьэдэр блэкIхэм зэран яхуэмыхъун папщIэ, гъуэгум трилъэфри къуэкIийм дидзащ…
Тщыщ гуэрхэм хьэдэр къахьыжри, кхъэ бгынэжа гуэрым щыщIалъхьэжащ. Зэгъэжащ факъырэ Iус къилъэIухуну зи Iэр зыхуэмышия дадэ. ЩIалъхьэн и пэ абы и пщэм кърахат быдэу да хъуржын цIыкIу. Зэгуагъэжрэ еплъмэ - илъыр щIы IэмыщIэт, дыщалъхуа Апсны здриха щIы IэмыщIэ…
Аайсэ лIыжьым и псалъэр фIызэпыуащ. Дакъикъэ зыбжанэкIэ щыма нэужьщ абы къиIуэтэж хъыбар гущIыхьэр и кIэм щыхунэгъэсар:
- Ди лъэпкъэгъухэм дыщалъхуа щIыналъэр щабгынэкIэ, я псэм хуэдэу ялъагъу псори къагъанэ пэтми, Iэмал имыIэу зэдащтэрт нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэ хъугъуэфIыгъуэу тIу икIи мы дунейм теттэкъым ахэр ятезыхыфын - я щIыхьымрэ я Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэмрэ.

ЗэзыдзэкIар  КЪАГЪЫРМЭС  Борисщ.

Гупсысэр - псалъэкIэ
ГъащIэр чэзущ

ЦIыхум и гъащIэр, сыт хуэдиз и кIыхьагъми, къомэщIэкI и IуэхущIафэкIэ, илэжьыну зыхуеямкIэ хуримыкъуу. ГъэщIэгъуэнкъэ, сыт хуэдиз илъэс бжыгъи ет къигъэщIэну - къыIэщIэмэщIэнущ. И дуней тетыкIэми елъытакъым ар - Iуэху щхьэпэ зэфIигъэкIыу псэуари мыхьэнэ имыIэу гъащIэр къызыIэщIэухари зэхуэдэщ абыкIэ. ГъащIэ нэхъ кIыхь дыдэ зылъысри зэрыпсэур илъэсищэщ е абы тIэкIу щIигъущ. Нэхъ мащIэ къэзыгъащIэми, нэхъыбэ зылъысми къахуиухар ярокъу IейкIэ е фIыкIэ цIыхум зыкърагъэцIыхуну. Дунейм теткъым тIум язымкIэ къамыцIыхун. Дунейм Iейрэ фIыуэ щекIуэкIри зи IэрыкIыр цIыхуращ. И унагъуэ Iуэхум щыщIэдзауэ, дуней къэхъукъащIэм нэс и лэжьыгъэщ. ЗэрыжаIэщи, дунейр зэIещIэфри икIи еузэщIыф. ЦIыхум езым къегъэлъагъуэ хузэфIэкIыр.
Япэ къалъхуамрэ иужь итымрэ я зэманыр зэкIэлъыкIуэми, зэрызэтемыхуэращ «дуней гъащIэ» жыхуаIэжыр. Абы щхьэкIэ къанэркъым дэтхэнэми езым и Iыхьэ къыхинэн. Дунейм зыужьыныгъэ иIэнутэкъым, гъащIи щыIэнутэкъым, илъэсищэ къэзыгъащIэри абы нэмысри - цIыхуу щыIэр зы зэманым щыпсэуамэ. Зи ныбжь нэсыр, езым и дуней цIыкIур здехьри, псоми я зэхуэдэ дунеишхуэм йохыж, псоми зэдай, зэдагуэш гъащIэри къегъанэ. Къыхуегъанэ езым къыкIэлъыкIуэнум. Дунейм тетхэм езым я зэман, чэзу зэраIэжращ, «дуней гъащIэ» жыхуаIэжыр. Быныр къалъху, къалъхуар балигъ мэхъу, къэзылъхуам и ныбжьыр жьыгъэм хуокIуэ, жьы хъуар дунейм йохыж. ГъащIэ зиIэм къыпэщылъ, зыри зыхэмызэгъэн чэзущ. Ар псоми ящIэ. ЯщIэ езым я пIэм нэгъуэщI къызэриувэнур. Аращ дунейр япэкIэ зыгъэкIуатэр. Ауэ псори егупсысу пIэрэ япэ итым иужь итыр зыужьыныгъэкIэ зэрефIэкIым, япэ итахэм я нэгу къахущIэмыгъэхьар яужь итхэм зэрызрагъэхъулIэнум? ЯужькIэ щыIэну дуней зыужьыныгъэм хэплъэну дэтхэнэ зыри хуейми, зыхалъхуа зэманым къриубыдэращ и Iуэху зыхэлъыр. Ауэ дэтхэнэ цIыхуми хузэфIэкIынущ къыкIэлъыкIуэну и щIэблэм и Iейр щигъэпщкIун, и фIым хуиущиин, и къэкIуэну гъащIэ гъуэгур хухишын. ЦIыхуу дунейм тетыр я щхьэ фIэкIа емыгупсысамэ, дунейр и пIэ имыкIыурэ жьы хъунт, я гъащIэм и тхыдэр къызыхуагъэнэн къащIэмыхъуэу. Я ужь къиувэнухэращ япэ итхэр щIэпсэур.
Нэхущ Хьэжпагуэ.

Фэ фщIэрэ?
Псэлъафэхэм къарыкIыр

Псым хэмыхьэу бдзэжьей ишхын фIэфIщ.
Гугъу зрамыгъэхьу - «мыпщIантIэу тхъэн хьилагъэр дин зыхуэхъуахэм» ятеухуащ.
Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ.
Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым.
ЦIыхур и щхьэ къыщхьэщыпсэлъыкIыну, къызыщхьэщыжыжыну, зыхуэуэчылыжыну хуитщ.
Щхьэ къуийм и лажьэр щхьэ псом ищIэркъым.
НэгъуэщIым и щхьэ къылъысар, игъэвыр - и Iуэху зыIутыр зэхэзымыщIыкIхэм яхуэгъэза псэлъафэщ.
Пхъэ щакъутэм къуэщIий щолъей.
Щыуагъи ныкъусаныгъи къыхэмыкIыу, зыгуэри хэмыкIуадэу мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ Iуэху зэфIэкIыркъым. Щыуагъэ, ныкъусаныгъэ, н. къ. Iуэхум и мыхьэнэм и гугъу зэрамыщIыр я фIэщ щыхъум деж къапсэлъ.

ЩАУЭ  Къэлидар.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ