Лъэпкъым дыхуэлэжьэныр къыдэгъэхъулIэ

 Дэтхэнэ къэралми и лIыщхьэр IэнатIэм щыпэрыувэм деж, щIыналъэм щызекIуэ хабзэм елъытауэ, хэт - Инджылым, хэт - КъурIэным, хэти - Конституцэм теIэбэурэ, цIыхубэр зэрагъэпэжынумкIэ, псори фIы хуэзэным зэрыхущIэкъунумкIэ тхьэ яIуэ. Дэ дымыгъэунэхуа гъэщIэгъуэн гуэрщ, щапхъэм и хьэтыркIэ, иджыблагъэ Тыркум щекIуэкIа хэхыныгъэм щытекIуа Эрдоган Тайипрэ абы дэлэжьэну къулыкъущIэхэмрэ цIыхубэм я пащхьэм духьэ зэрыщащIар. ЩыIуар нэгъуэщI щIыналъэми, дэтхэнэ зы муслъымэнми зи Iыхьэ хэлъ мы тхьэлъэIум дыщыгъуэзэныр лейкъым. 
 «Алыхьу ди Тхьэ! ДынолъэIуу ди Iэхэр къэтIэтащ, уи арэзыныгъэм дыщIолъэIури, я Алыхь, уи щIыб къытхуумыгъазэ! Алыхьу Лъэщ! Зэманымрэ щIыпIэмрэ зи унафэм щIэт! Нобэ дызэхуэсащ ди лъэпкъри дэхуэхауэ щыIэ псори куэд щIауэ зыщIэхъуэпс «тырку лIэщIыгъуэр» къэдгъэщIэрэщIэжын ди мураду. Уи фIыгъуэм дыщIэлъэIуу, ди Iэгухэр дущIауэ, гурэ псэкIэ зыпхудогъазэри, я Алыхь, Укъыдэмылъэпауэ! Алыхьу ди Тхьэ! Мы ди дунейр шынагъуэ здэщымыIэ щIыпIэ тщIыжыну лъэкIыныгъэ къыдэт! Мы щIылъэм фIыр тепщэ щыхъужыным дытегъэлажьэ, ар зэрызэдгъэхъулIэну къарум дыщумыгъащIэ! Алыхьу ди Тхьэ! Ди президентри, ди къэралри, ди лъэпкъри, дунейпсо цIыхубэри ефIэкIуэн папщIэ, еш ямыIэу лажьэ къулыкъущIэхэм къадэIэпыкъу. Уи арэзыныгъэм дыщумыгъащIэу, ди лъэпкъым дыхуэлэжьэныр къыдэгъэхъулIэ. Алыхьу ди Тхьэ! Пэжым, захуагъэм, Уи гущIэгъум япэIэщIэ думыщI! Лей зытехьэхэм къащхьэщыжу, лей зезыхьэхэм япэщIэтыфын дыщI! 
 Алыхьу ди Тхьэ! Дыгъуэщэным, щыуагъэрэ нэмыплъысыныгъэрэ тIэщIэкIыным, дин пхэнж зетхьэным дыщыхъумэ! Я Алыхь! ЕпцIыжакIуэхэм я хъуагъэщагъэхэр зэтезыгъэщахэ ди Тхьэ Лъэщ! Ди цIыхубэмрэ ди къэралымрэ и кIуэцIкIи, и щIыбкIи къещакIуэ бийхэмрэ епцIыжакIуэхэмрэ я мурадыр къахузэпумыщэ. 
 Я Алыхь! Ди гугъэм дыхигъэкIыжыну, ди мамыр гъащIэр зэтрикъутэу ди гъуэгум дытрашыну къытхуэпабгъэхэм датекIуэфын хуэдэу, пхыплъыкIэ нэгъэсарэ Iущыгъэрэ тхуригъэкъу. 
 Я Алыхь! Ди адэжьхэм я щIэин лъапIэр, ди Хэкур, ди щхьэхуитыныгъэр, дунеитIми къыщытпэплъэ ди къэкIуэнур зыхъумэ ди лъэпкъ махуэм къехъуэхъу! Уэгуми, щIылъэми, хыми, дэнэ щIыпIи ди лъэпкъ щэджащэм къыщыщхьэщыж, щIыхь зиIэ ди армэм текIуэныгъэр и Iэпэгъуу, ефIакIуэ зэпыту сыт щыгъуи щытыну къыдэIэпыкъу. 
 Алыхьу ди Тхьэ! Шэхьид минхэм я псэр зыщIата ди Хэкур, ди лъэпкъыр, Iуэху пэжыр фIыуэ зылъагъун щIэблэ къыдэт. ГущIэгъурэ фIыгъуэрэ щымыщIэ ди Тхьэ! Ди къэралри адрей ислъам щIыналъэхэри егъэфIакIуэ! Ди щIыналъэмрэ ди жьэгумрэ фIыгъуэрэ берычэтрэ из щIы. ИугъащIэ ди зэкъуэтыныгъэм! Алыхьу ди Тхьэ! Ди фIэщ Уохъу, дзыхь пхудощI, дыпщогугъ! Уэрыншэу дыкъыумыгъанэ, Хэкуншэ, дэIэпыкъуэгъуншэ, азэныншэ думыщI. Амин. Бегъымбар псоми Алыхьым и хъуэхъур къатриIуэ. ФIыщIэр Алыхьым ейщ». 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: