Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр

КъБР-м и Правительствэм и Унэм ще­кIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щахуэзащ ди районхэм, къалэхэм я пашэхэм. 

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Админист­рацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. 
Республикэм и пашэр къыщыпсалъэм къыхигъэщащ гъэ еджэгъуэщIэр къызыхуэтыншэу, лъэпощхьэпоун­шэу щIыналъэм зэрыщаублэжар. Апхуэдэу гулъытэ хэха хуищIащ лъэпкъ проектхэр щIыпIэхэм зэрыщагъэзащIэм, абыхэм япкъ иткIэ екIуэкI лэжьыгъэхэр ныкъусаныгъэншэу, и чэзум зэфIэхыпхъэу щытын зэрыхуейр къихигъэбелджылыкIыу. 
Мусуков Алий зэрыжиIамкIэ, зэпэщ щIын хуей еджапIэ унэу 40-м ящыщу 20-м лэжьыгъэхэр щызэфIагъэ-кIащ. Абыхэм я бжэхэр фокIадэм и 1-м сабийхэм къыхузэIуа­хыжащ. Зэрытраухуа пIалъэм тету, жэпуэ-          гъуэм и 1-м ирихьэлIэу, хьэзыр хъунущ иджыри школи 4, щэкIуэ­гъуэм и 1-м - 12, дыгъэгъазэм и 1-м - 4. 
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ КIуэкIуэ Казбек къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр пщэрылъ яхуи­щIащ а IэнатIэхэмкIэ жэуап зыхь къулыкъущIэхэм.

Поделиться: