Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм траухуэ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи истории» дерс щхьэпэр. Абы хэтащ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и 1-нэ курсым, ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурно-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым и 2-нэ курсым щеджэ студентхэр. 
КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент Соблыр Заретэ студентхэм яхутепсэлъыхьащ махуэшхуэр зэрагъэувам, адыгэ лъэпкъым и зыужьыныгъэм, и псэукIэм, и тхыдэ къэхъугъэхэм, нэгъуэщIхэми. Студентхэр зыщIэупщIахэми абы жэуап иритащ.
- Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр 2014 гъэм КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ ягъэуващ икIи ар зыгъэпсэхугъуэ махуэу къащтащ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ зыужьыныгъэмрэ къыгуэхыпIэ зыхуимыIэ махуэшхуэр хуэунэтIащ лъэпкъым и щхьэр, и анэдэлъхубзэр, къыдекIуэкI щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр, хабзэ дахэхэр, лъапIэныгъэхэр ихъумэжыным, - жиIащ Соблырым. - Хамэ щIыпIэхэм щыпсэу адыгэхэм экономикэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, спортым хэлъхьэныгъэхэр хуащI, «хэхэс» цIэр зэрахьэми, ди бзэмрэ ди фащэмрэ зэрахъумэжыным хущIокъу. Апхуэдэу а махуэр къыхалъхьащ дуней псом и плIанэпэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ пыщIэныгъэр тхъумэн, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр дгъэбыдэн папщIэ.
Тхыдэ дерсыр и кIэм щынэблагъэм, студентхэр ирагъэплъащ режиссёр, продюсер, сценарист цIэрыIуэ, Урысейм и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Нэгъаплъэ Аскэрбий и «Черкесия. Адыгэ хабзэ» фильмым щыщ пычыгъуэ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: