Зэрыпсэум хуэдэу мэусэ, зэрыусэм хуэдэу мэпсэу

Къэбэрдей литературэм къикIуа гъуэ­гуанэм уриплъэжмэ, IупщIу къыхощхьэхукI абы нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ зыщиужьа лъэхъэнэр - ХХ лIэщIы­гъуэм и 50 гъэхэм къыщыщIэдзауэ 60 гъэхэм я кIэуххэм нэс. А илъэсхэм ди литературэм къыщызэщIэрыуащ абы адэкIэ зэрызиужьыну унэтIыныгъэхэр куэдкIэ зыубзыхуа усакIуэ, тхакIуэ гупышхуэ, Тхьэгъэзит Зубер деж къыщегъэжьарэ Ацкъан Руслан деж щиухыжу. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зрикIуа лъагъуэхэмрэ гъуазэ яхуэ­хъуащ­ къыкIэлъыкIуэ совет нэужь лъэхъэнэм - 90 гъэхэм къыщыщIэдзауэ - литературэм къыхыхьа ныбжьы­щIэ­хэм: Къанкъул Заур, Къаныкъуэ Заринэ, ПщыукI Латмир, Аброкъуэ Беллэ, Бэлагъы Любэ, МахуэлI Нарзан, нэ­гъуэщIхэми. Къэдгъэлъэгъуа лъэхъэнитIым лъэныкъуэ зырызкIэ япэщ­хьэ­хуэу, ауэ зэпыщIапIэ яхуэхъуу я зэхуаку дэуващ 70 гъэхэм я кIэуххэм къэбэрдей литературэм лъэбакъуэщIэ къыхэ­зыча Мыкъуэжь Анатолэ и творчествэр. Къалэнышхуэ, къалэн гугъу и пщэ къызэрыдэхуэр езыми зыхищIэу, и усэ­хэм ящыщ зым абы мыпхуэдэу щетх:

Сэ зэманыжьым срикIэухщ,
Сэ зэманыщIэм срищIэдзапIэщ.
Сэ лIэщIыгъуитIым сралъэмыжщ,
Сэращ къэкIуэнум и кхъухь тедзапIэр.

(«Сэ зэманыжьым срикIэухщ...»)

Мыкъуэжьым и усыгъэм адыгэ литературэм увыпIэ хэха щеубыд. Абы и IэдакъэщIэкIхэм езыр зыхэпсэукI зэманым и нэпкъыжьэр IупщIу къатощ, и лъэхъэнэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр художественнэ Iэзагъ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащ. Анатолэ и усыгъэм и нэщэнэ нэхъыщхьэу къыхэбгъэщхьэ­хукI хъунущ гурыщIэ куурэ гупсысэ жанрэ зэрыщызэщIэлъыр.
Зэ еплъыгъуэкIэ Мыкъуэжьым и усыгъэр лирикэ щабэ зэфэзэщу къып­фIэ­щIынуми, усэхэм я купщIэр жылагъуэ, политикэ Iуэхухэм щытегъэпсыхьари мащIэкъым. БлэкIа лIэщIыгъуэм и ­80 - 90 гъэхэм ди къэралым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр образ щIэщыгъуэ­кIэ къыщыгъэлъэгъуащ «Ди кхъухьыр» усэм. А лъэхъэнэм къэрал унафэр зы­Iэ­щIэлъахэм цIыхубэр зыхуаша на­сы­пыншагъэхэмрэ СССР-кIэ зэджэ къэ­ралышхуэр зэрыкъутэжамрэ уса­кIуэм къигъэлъэгъуащ езым и закъуэу дэсея кхъухьым и образымкIэ. ГъащIэм и толъ­къунхэм зэтрагъэщэха а кхъухьыр псыхьэлъахуэу нэпкъым къытридзэжащ. Абы игъэпIейтея усакIуэм и пащ­хьэ къиуващ упщIэ куэд:

Дапщэщ ди дыгъэр пшэхэм
къыкъуэкIыжу
А псыхьэлъахуэр
щигъэгъущыжынур?
А псыхьэлъахуэм кхъухь
 къыхэтщIыкIыжу,
Тенджызым тетхэм
дащыщIыхьэжынур?

(«Ди кхъухьыр»)

90 гъэхэм я пэщIэдзэхэм Совет Сою­зыр зэрыкъутэжам къыдэкIуащ цIыху­бэм я псэукIэр куэдкIэ екIэкIуэныр, лэжьапIэ IэнатIэхэр яфIэкIуэдыныр, зи унагъуэ зыхуэмыпIыж цIыхухъухэр фадафэу уэрамым къыдэнэныр. А псом пэщIэтыфар «тахътэм ису, зи Iэнэхэр зэтету зи дунейр жэнэтхэмрэ» зи напэр мылъкукIэ зыщэжахэмрэщ. А Iуэхугъуэ гугъусыгъухэр Мыкъуэжьым и усэхэм уигъэпIейтейуэ къыщигъэлъэгъуэжащ.
Фадафэм и образыр гуемыIуу, гу­ры­мыхьу гъащIэм къыдокIуэкI, литературэми, хабзэ зэрыщыхъуауэ, ар персонаж мыхъумыщIэу къыхощ. И дуней тетыкIэрэ и IуэхущIафэкIэ мыгурыхь цIыхум и гущIэм щыхъэхэр зыми къы­фIэIуэху хабзэкъым, дэхуэхам зы­щIэ­зыгъэкъуэфхэри мащIэ дыдэщ. Ауэ усакIуэм и псэ пIащIэм гъащIэм и дурэшплIэрэш псори къетIэщIыф, цIыху зэхуэмыдэхэм я гущIэлъапсэм йоп­лъэф. «Фадафэ» зыфIища усэм Мы­къуэжьым къыщегъэлъагъуэ ап­хуэдэр нэрыгъ зыхуэхъуа цIыхум и гум щы­щIэхэр. Ар зэгуэрым «IэщIагъэлIу», «лэжьакIуэшхуэу», «и щапхъэм щIэб­лэр щIапIыкIыу», «и лъэпкъи лъахи иригушхуэу», «щыхузэфIэкI-щихьэм­те­тыгъуэм ныбжьэгъу куэдыкIей иIэу», «гуп псо и уасэу къекIуэкIат». Арщ­хьэкIэ:

ЗэхъуэкIыныгъэм и псы уэрыр
Пэмыплъэххауэ къыщIэуащ.
ИгъэлъэпIари щIэпсэуари
IэщIихри - щIигъэмбрыуащ.

Зэпхъуэну шхийр къыхуэмыгъуэту
Бэлыхьу мащIэ ишэчар?!
И бампIэр фадэм ныхуиIуатэу
Къыдэнэжакъэ – зэфIэкIащ.

(«Фадафэ»)

АдэкIэ усэм къеIуатэ фадафэм ­гъуэгу пхэнжкIэ дидзыхын хуей щIэ­хъуа щхьэусыгъуэхэр - «хуеякъым хъуну хьэ­кIэпыч», «хьэрычэтыщIи хъуфакъым», «зи гупкIэ исым и уэрэдым де­жьууфакъым», «зыхуегъэкIуакъым зэманыщIэу зи напэр сомкIэ зыщэжам», «гъэпцIагъэм зыхуегъэсакъым». Ауэ, нэхъыщхьэращи, ар «мыбзаджащIэ», «мыдыгъуакIуэ», «мыIужажэ», «мы­ахь­макъ», и зэран зыми емыкIыу шхапIэм хуэзышэ лъагъуэ закъуэм тетщ. Пэжымрэ захуагъэмрэ и телъхьэ усакIуэр блэплъыкIыфыркъым апхуэ­дэ мыхъумыщIагъэм икIи къэралыр зы­хуэкIуа псэукIэр зи Iэужьхэм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ захуегъазэ: «… Фэ, къэрал жыпыр зыунэщIахэ, / Фыхуиткъым фщIы­ну ар ауан. / Фэращ цIыхубэр гугъапIэншэу / Уэрамым дэзыутIыпщхьэжар. / Фэращ къэралыр зыгъэплъа­къуэу / ЩыхупIэ нэзым Iузышар». Мыкъуэжьым и усэм дызыщрихьэлIэ фадафэр - къызэщIэзыкъуэ образщ, езы усакIуэми къызэрыхигъэщщи, «апхуэ­дэ дэсщ ди къалэ къэскIэ, ди къуажэ къэскIи къыдэпшынщ». Нэхъ шына­гъуэжращи, апхуэдэ щIэпхъаджагъэмкIэ жэуаптакIуэу зы цIыхуи къэувыфакъым, икIэм-икIэжым, абы къри­кIуа­ращи: «Нэмысу игъуэ псэ хей минхэр, / КIакхъу щIамычауэ, яукIащ».
УсакIуэ нэсым и IэдакъэщIэкIхэм езыр зыхэпсэукI лъэхъэнэм и сурэт наIуэ къыхэщ хабзэщ, ар абы бгъэдэлъ зэчийм и зы нэщэнэу, и фIагъыу къоув. Мыкъуэжьми хузэфIэкIащ езым и лъэхъэнэм - «щысхьыншэу хейхэр хэзыу­тэ», «нэжэсхэм я IупэфIэгъу», «цIыху уасэр мылъкукIэ къэзылъытэ», «лыд псори дыщэу зылъагъу» зэманым - и сурэтыр и усэ сатырхэм «щигъэжын», абы щыгъуэми, и псэр къабзэу ихъу­мэу, «фIыр и плъапIэу къэнэжын».
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа усэхэм къы­щыIэта Iуэхугъуэхэр нэхъ кууужу, зы къэ­ралымрэ цIыху щхьэхуэмрэ я щы­IэкIэ-псэукIэм емыхьэлIауэ, атIэ гъащIэм и философиеу къыщыгъэлъэ­гъуащ «Шэрхъ гудзэншэу дунеижь абрагъуэр…», «Дунеижь», «Гъа­­щIэ-ма­фIэгужь», «ГъащIэ-хышхуэ, хэт хьэ­фэ гъэпщакIэ…», «Къысхубохь гуфIэгъуи…», «АкъылкIэ сэ…», «ГъащIэм», «Ди зэманыр зэрыакъылыфIэ…», «Дунеижьым дыщэм зыхуегъэщхъ…» усэхэм, нэгъуэщIхэми.
«Дунеижь» зыфIища усэм къыхощ Мыкъуэжьым гъащIэм хилъагъуэ мы­хъу­мыщIагъэхэр. Абы псэкIэ къищтэркъым «е-щхьэзыфIэфIыр зи жьантIэ­дэс», «цIыхугъэ нэсыр зи бжэкъуагъ­къуэт», «акъылыфIагъэр зыфIэделагъэ», «нэмыукIытагъэр зи жьэгу щы­пэкIу», «бохъшэ домбейхэм къа­деуд­жэкI», «шатащхьэ IувкIэ щыкIар зыгъашхэ», «здэармырамкIэ еджэ­рэ­зэкIыурэ гурыгъ мелуанхэр изыгъэжа» дунеижьыр. Абы къыхэкIкIи, нэгъуэщI усэм - «Шэрхъ гудзэншэу дунеижь аб­рагъуэр…» жыхуиIэм - и кIэухым деж усакIуэм езы дунейр зи IэмыщIэ илъым лъэIукIэ зыхуегъазэ:

Ди щхьэщыгум дыгъэр къизыIыгъэу,
Зи IэмыркIэ щIыр къекIэрэхъуэкI,
Пэлъэщауэ е-бзаджейм цIыхугъэр
ЩIы хъурейр зэгуэрым нэху къегъэкI.

(«Шэрхъ гудзэншэу
дунеижь абрагъуэр…»)

Мыкъуэжьыр «усакIуэ нэщхъей» цIэр зытеIукIахэм ящыщщ. Ауэ абы къи­кIыркъым Анатолэ и усыгъэр тхьэ­у­сыхафэ е гъыбзэ зэфэзэщу зэхэлъу. Абы къикIыращи, усакIуэр куууэ, наб­дзэгубдзаплъэу гъащIэм хоплъэф, абы и хужьыр хужьу, и фIыцIэр фIыцIэу - зэ­рыщыт дыдэм хуэдэу елъагъу. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, нэгъуджэ ­щхъуэкIэплъыкIэкIэ дунейм хэплъэну хуейхэм Мыкъуэжьым и усыгъэр къагу­ры­мыIуэнри хэлъщ, ауэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, абы гъуджэу къытощ пэжыгъэр, захуагъэр, усакIуэм и гу­­щIэ­лъапсэм щызэпцIа сатырхэм къапкъ­рыкI гумащIагъэр, псэ къабзагъэр, хьэлэлыгъэр - дунейр мыкъутэжу зэтезыIыгъэ хъугъуэфIыгъуэхэр. «Ус­а­кIуэ нэщхъейхэм» зэрыхалъытэм ехьэ­лIауи Мыкъуэжьым етх:

«ЩIым темытыжми гуфIэгъуэ
Ярейуэ, щхьэ унэщхъей?» -
Къеджа иужькIэ си тхыгъэм,
Ныбжьэгъухэм къызжаIэрейщ.
<…>
ГуфIэгъуэщ, сэ фIыуэ сощIэ,
КъыщIигъэщIар мы дунейр…
СыгуфIэщэну сыхуейщи,
Аращ сэ сыщIэнэщхъейр.

(«ЩIым темытыжми гуфIэгъуэ…»)

ГуфIэгъуэмрэ гуауэмрэ, гъащIэмрэ а­жалымрэ, зауэмрэ мамырыгъэмрэ я зэпэщIэтыныгъэ мыухыжхэм Мы­къуэжьым и усыгъэм щIыпIэ щхьэхуэ щаубыд. Зауэм и бийуэ и усэ сатырхэр игъэпскIэрэ Мыкъуэжь Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэм мамырыгъэр щегъэлъапIэ, абыкIэ цIыхугухэр гуапагъэм, къаб­загъэм, къуэшыгъэм, зэныбжьэгъугъэм къыхуегъэуш. Псалъэм папщIэ, «Макъхэр» усэм къыхощ щIым макъ зэ­мыщхь бжыгъэншэхэр зэры­щыIур: бзухэм я уэрэдыр, псым и даущыр, хьэ­гъуэлIыгъуэ Iэгуауэр, уафэгъуагъуэр, къыр дзакIэ къыгуэхум и макъыр… Абыхэм языхэзми и IукIэкIэ, щIэIу щхьэу­сыгъуэкIэ, зыгъэIукIэ лъапIагъэ пыухыкIа ябгъэдэлъщ. Ауэ, усакIуэм пэжу гу зэ­рылъитащи, абыхэм яхэзэгъэнкIэ Iэмал иIэкъым шэ, ­лагъым къэуэж макъхэр. Усэм и кIэух сатыр­хэм абы щетх:
… Ауэ ирехъу щIыр
Гуауэм къыдэмыскIэу -
Мы щIылъэм
Шэ фий макъ къыщремыIу.

(«Макъхэр»)

И купщIэкIэ, и зэхэлъыкIэкIэ, къы­щы­Iэта гупсысэкIэ «Макъхэр» усэм поджэж Мыкъуэжьым «Дунеишхуэ…» зыфIища усэри. Зауэм зи псэр щыщтэ усакIуэм мамырыгъэм и нэщэнэ нэ­хъыщ­хьэу къегъэлъагъуэ дунейр щы­му, даущыншэу щытыныр. Аращ абы щIитхыр:

Дунеишхуэ,
УмыIэуэлъауэ.
Дунеишхуэ,
СынолъэIу, зыущэху.
Топ зыщIыпIи
Зэрыщамыгъауэр
Хьэкъ къысщыщIи,
Мы си гур гъэпсэху.

(«Дунеишхуэ…»)

Мыбдеж усакIуэр зауэм и макъ шынагъуэм и бийуэ увмэ, «Iугъуэ» усэм деж абы зауэм и Iугъуаем зыпыIуедз. Усэм и япэ едзыгъуитIым къыхощ зы бы­нунагъуэм я гъащIэ мамырыр, лэ­жьыгъэ хьэлэлыр, дунейм и дахагъыр, цIыхугухэм я къабзагъыр… Бынхэм нэжэгужэу хадэр ягъэкъабзэ, анэри, «и нэгу къищу нэщхъыфIагъэ», абы­хэм яхуопщафIэ. Дунейр мамырщи, «хьэку уэнжакъым къриху Iугъуэри» мамырыгъэм и нэщэнэу, «уафэ къащхъуэри гуфIэу» усэм къыщыгъэлъэ­гъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зи гугъу тщIы усэм Мыкъуэжьым щызэпэщIегъэувэ мамырыгъэм и Iугъуэмрэ зауэ Iу­гъуаем­рэ я образхэр, абы и кIэух едзыгъуэми щетх:

ЩIимыгъанэм зауэ Iугъуэм,
Хуиту щIылъэм къыIуплъэфмэ,
Уафэр хуейкъым нэгъуэщI фIыгъуэ.
Уафэ къащхъуэр ирегуфIэ!

(«Iугъуэ»)

Мыкъуэжьым къызэрилъытэмкIэ, уафэмрэ щIылъэмрэ къабзэу, зыри я зэхуаку къыдэмыхьэу, зэIуплъэфу щы­тыпхъэщ. А гупсысэхэр и лъабжьэу, усакIуэм зауэм хуиIэ лъагъумыхъуныгъэр «Сыхьэт закъуи и IитIыр мып­сэхуу…» усэм щыщIохуабжьэ икIи зэIухауэ езы зауэм зыхуегъазэ:

Къыуах нэлат, щымыIэ уэ къыпхуей,
Си сатырхэми пщыхуащ я ней,
Зауэ!

(«Сыхьэт закъуи и IитIыр мыпсэхуу…»)

Мамырыгъэр игъэлъапIэу, зауэ Iугъуэм­рэ шэ фий макъымрэ защи­дзейуэ Мыкъуэжьым игъэпсащ ­«Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну…» усэ­ри. Абы усакIуэм щегъэув упщIэ жэуапыншэ куэд: «Зауэм и Iугъуэм щIиуфэм - / Дыгъэм и лажьэр сыт?», «Шэм и фий макъым игъащтэм - / Бзу­хэм я лажьэр сыт?», «Ем къыщIэхутэм и лъэгум - / Гъэгъам и лажьэр сыт?». А упщIэхэм я къалэн нэхъыщхьэр цIыху къэскIэ зыщIигъэгупсысыжынырщ, щIэблэм къэкIуэну дахэ яIэн папщIэ балигъхэр зэгурыIуэнырщ, зауэ мафIае зэщIамыщIэнырщ. Усэм и купщIэ нэхъыщ­хьэр къыщыгъэлъэгъуащ абы и кIэух едзыгъуэм:

Хуейщ сабий цIыкIухэр джэгуну,
ЩIым гуфIэу къыщажыхьыну.
Балигъхэр зэгурымыIуэм,
Сабийм я лажьэр сыт?

(«Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну…»)

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер зэрыжиIащи, зауэмрэ мамырыгъэмрэ ятеухуауэ уса­кIуэ нэхъыфIхэм ятхахэм я куп­щIэкIи я гъэпсыкIэкIи ябгъурыбгъэувэ хъунущ Мыкъуэжь Анатолэ мамырыгъэм теухуа и усэхэр.

УсакIуэр и псэм щыщ IыхьэкIэ нэхъыбэрэ гуэшэхукIэ, абы къыщыщIэж усыгъэ-псынэр икIуэщIыкIыркъым, атIэ кIуэ пэтми нэхъ уэр, къабзэ мэхъу. И интервьюхэм языхэзым Мыкъуэжь Анатолэ щыжиIэгъащ: «УсакIуэ нэсым и дежкIэ щыIэкъым щхьэ закъуэ на­сып. Абы и насыпыр къыгуэхыпIэ имы­Iэу епхащ щIым цIыхуу тетым я на­сыпым, бэм я насыпым. ИкIи езым и гум къыщрихьэкI дуней хьэрэмыгъэн­шэм ещхь хъуауэ мы дызытет дунейр илъагъунырщ абы и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр». Мы псалъэхэри усакIуэм и IэдакъэщIэкI дэтхэнэ усэри щыхьэт тохъуэ абы и лъэпкъ зэхэщIыкIыр зэры­лъагэм, адэжь щIыналъэм хуиIэ гуры­щIэ къабзэм и кууагъым. Мыкъуэжьым и усэхэм щызэхэжыхьащ хэку лъагъу­ныгъэри, лъэпкъым и тхыдэри, Iуэры­Iуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэри, анэдэлъ­хуб­зэм и къулеягъ-шэрыуагъри. Адыгэм и блэкIа гуузым куэдрэ хуэмыу­сэми, ХIХ лIэщIыгъуэм икухэм ди лъэп­къэгъухэм хэкур зэрырагъэбгынар, пшахъуэ налъэ зырызурэ хамэщIхэм зэрыщикъухьар сыт щыгъуи усакIуэм и гукъеуэщ, «шэпхъыу и гум хэпхъащ»: «Залымыгъэу залымыгъэ бзаджэт. / Схуегъэхкъым тэмакъым ар: / Сабийхэр балигъхэм еджэу, / Балигъхэр макъ­кIэ зэщыджэу / Я лъахэм зэрырашар» [«Си нанэу си нанэ дыщэ…»]. Мы зы усэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгэм и гупсысэкIэри, и хьэл-щэнри, и лIыгъэри, и бэшэчагъри («Бий куэдым куэдрэ яфыщIми, / И лIыгъэм яху­хэ­мыщIу, / И джатэ Iэпщэр ихузт»), Хэкум и дахагъри («Си Хэку и дыгъэр гуапащэщ…»), анэдэлъхубзэм и IэфIагъри («КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, / ХэкIынущ си адыгэпсэр»). Мыкъуэжьым и бзэр фIыуэ илъагъу къудейм къыщынэркъым, атIэ ар анэм, анэкъилъхум пещI: «Си анэм и гукъеуэр къызэрысхуиIуатэ / Бзэм нэхъ лъапIэ теткъым сэркIэ мы дунейм» - жеIэ, абы къыщымынэуи, усакIуэр бзэм и хъумакIуэу, и къыщыжакIуэу къоув:

Си бзэм сэрэ дызэтIолъхуэныкъуэу
Зы адыгэ анэ дыкъилъхуащ…
Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,
Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар!

(«Си бзэм сэрэ
дызэтIолъхуэныкъуэу…»)

Мыкъуэжьым и усыгъэм зы Iыхьэш­хуэу хоувэ фIыуэ илъагъу цIыхухэм - адэ-анэм, къуэшым, шыпхъум, щхьэгъусэм, бынхэм, ныбжьэгъухэм - яхуитха усэхэр. Псом хуэмыдэжу гуапэщ анэм хуигъэпса тхыгъэхэр, а образри нэсу усакIуэм къехъулIащ. Абы къыхегъэщхьэхукI анэм и хьэл-щэн нэхъыщ­хьэхэр, и псэ зэхэлъыкIэр: анэм и «гъащIэр ехь и быным тегужьеикIауэ», «химыгъэхьэу жэщым», «химыгъэхьэу щIыIэм», псоми зыгуэр къращIэн фIэ­щIу. УсакIуэм анэмрэ дыгъэмрэ зэры­зэ­ригъапщэр адыгэ литературэм щы­щIэщыгъуэщ - а тIур я хуабагърэ гуапагъэкIэ зэхуегъадэ.
Зы усакIуи зэрыхузэфIэмыкIауэ худо­жественнэ Iэзагъ хэлъу Мыкъуэжьым зэрихьэлIащ анэмрэ фIыуэ илъагъу пщащэмрэ яхуиIэ лъагъуныгъэр, абы щыгъуэми, зыр зым пимыдзыхыу, «зэ­рытемыгъакIуэу», а цIыхуитIым уса­кIуэп­сэм щаубыд увыпIэр къигъэлъэгъуэфащ. Анэмрэ псэм и щIасэ пщащэмрэ я лъагъуныгъэр лIэужьыгъуитIу къогъуэгурыкIуэ, ауэ усакIуэм и гур абыхэм зэхуэдитI яхурищIыкIащ. Усэм и пэщIэдзэм деж Мыкъуэжьым къыхегъэщ «егъэлеяуэ мы щIылъэм фIыуэ цIыхуитI зэрыщилъэгъуар», ар абыхэм сыт щыгъуи «яхуэныкъуэщ», «яхуо­сакъ».­ УсакIуэм зи гугъу ищI цIыхуитIыр усэм и кIэух едзыгъуэм наIуэ щохъу:

Зыр - си анэ дыщэ гумащIэрщ,
ФIыуэ слъагъу пщащэрщ адрейр,
ТIуми яхуэсщIэр сфIэмащIэщ:
Зым къызитащ сэ си гъащIэр,
Хуитщ къыпищэнум адрейм.

(«Егъэлеяуэ мы щIылъэм...»)
 
Мыкъуэжь Анатолэ и усыгъэм щIыпIэ ин дыдэ щеубыд лъагъуныгъэ лирикэм. УсакIуэм а темэм къыхуегъуэтыф езым и бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэ. Псом хуэмыдэу ар нэрылъагъу щохъу игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и щхьэгъусэ Мыкъуэжь - Хьэмыкъуэ Маринэ теухуа «Си уэрэд мыух, си гъыбзэ кIэншэ» поэмэ-элегием. Ар къэплъытэ хъунущ, езы усакIуэм и лъагъуныгъэ лирикэм и мызакъуэу, адыгэ лирикэм и фIыпIэу.
КъытеувыIапхъэщ Анатолэ «Гущэкъу уэрэд» зыфIища усэми. Ар хуабжьу цIэрыIуэ хъуащ Жылау Арсен макъамэ щIилъхьэу, КъБР-м и цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим жиIэу дунейм къытехьа нэужь. А уэрэдыр гуимыхуж зыщIар абы ди литературэм щыщIэщыгъуэ образ куэд узэрыщрихьэлIэрщ, ахэр усакIуэм бзэм и Iэмал гъэщIэ­гъуэнхэмкIэ къызэриIуатэрщ:

Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Уафэм кIэрыщIащ.
Вагъуэ цIыкIухэр щыгъэу
Зэбгрыщэщащ…
Жэщыр пщIыхь дахащэу
Iупхъуэм къызэпхощ,
Уэри мыщIэ цIыкIуу
Гущэм укъыхощ.

(«Гущэкъу уэрэд»)

Мыбы къыхэщ зэгъэпщэныгъэхэр езы усакIуэм и дунейр къызыпкърыщщ. Къапщтэмэ, адыгэ усыгъэм зэи дыщрихьэлIакъым мазэр тхьэгъу лъэны­къуэм, сабийр мыщIэ цIыкIум егъэп­щэным. Ахэр щыхьэт тохъуэ Мы­къуэ­жьым и «Гущэкъу уэрэдыр» лъэпкъ усыгъэм и мызакъуэу, адыгэ щэнхабзэми гъуазджэми хэлъхьэныгъэфI зэ­ры­хуэхъуам.
Мыкъуэжь Анатолэ езым и дуней къэзыгъэщIыжа, зыми емыщхь хъэтI зиIэж усакIуэщ. Аращ абы и усэхэм языхэзым мыпхуэдэу щIыщитхри: «…А си дунейр емыщхь адрейхэм… / Усыгъэ щыгухэм ящыщ зым / Си нып, тедзауэ си дамыгъэ, / ЩыхэстIэжакъэ сэ езым» [«Уэ умы-Блок, умы-Есенин…»]. Мы­къуэжьым и творчествэм и пщIэр ягъэлъэхъшэн мурадкIэ, зыгуэрхэм «уэ умы-Блок, умы-Есенин» къыщыж­раIэкIэ, усакIуэм абыхэми жэуап екIу яретыжыф, езыми и усыгъэм и мыхьэнэмрэ и псалъэм и лъэщагъым­рэ а жэуапымкIэ щIигъэбыдэу:

Пэжщ, сымы-Блок сэ, сымы-Байрон,
Сымы-КIыщокъуэ, сынэгъуэщIщ.
СокIуж си гъуэгу, си гъуэгущ сэ скIужыр, -
Сэ сы-Мыкъуэжьщ, сэ сы-Мыкъуэжьщ.

(«Уэ умы-Блок, умы-Есенин…»)

Дэтхэнэ усакIуэ нэсми хуэдэу, ар зэIухауэ, пэжыр и гъуазэу, и щхьэр зыми хуимыгъэщхъыу матхэ:

Пащтыхь симыIэ. СиIэкъым Iужажэ.
Сыхуиту си щхьэ щIылъэм сыщопсэу.
СиIэжщ си фIыгъуэ, ар - си Iэужь тIэкIурщ,
Срокъу си закъуэ сэ зы дуней псо.

(«Пащтыхь симыIэ. СиIэкъым Iужажэ…»)

Мыкъуэжь Анатолэ ящыщщ «Дахагъэр зи Тхьэу, Пэжыр зи КъурIэн» уса­кIуэхэм. Ар зэрыпсэум хуэдэу мэусэ, зэрыусэм хуэдэу мэпсэу.

Мыкъуэжь  Анатолэ  и  усэхэр

Дунеижь

Е-щхьэзыфIэфIыр зи жьантIэдэсу,
Уей, дунеижь!
ЦIыхугъэ нэсыр зи бжэкъуагъкъуэту,
Уей, дунеижь!
АкъылыфIагъэр зыфIэделагъэу,
Уей, дунеижь!
ФэжьIужь делагъэр зыхуэхъужауэ,
Уей, дунеижь!
НэмыукIытагъэр зи жьэгу щыпэкIуу,
Уей, дунеижь!
ЕмыкIур екIум хэзыгъэгъуащэу,
Уей, дунеижь!
Бохъшэ домбейхэм къадеуджэкIыу,
Уей, дунеижь!
Хейр уэчылыншэу щыхаутапэу,
Уей, дунеижь!
Шатащхьэ IувкIэ щыкIар зыгъашхэу,
Уей, дунеижь!
Бэр зи кIэкъинэм хэзыгъэшхыкIыу,
Уей, дунеижь!
Зауэ-зэдауэр зи зэштегъэууэ,
Уей, дунеижь!
Псэ хей гуIэжхэм яхуэгунэфу,
Уей, дунеижь!
ЦIыху уасэр мылъкукIэ къыщапщ-щалъытэу,
Уей, дунеижь!
Гухэлъ уэрэдхэр щафIэауану,
Уей, дунеижь!
ЗдэармырамкIэ еджэрэзэкIыу,
Уей, дунеижь!
ЩыхупIэ нэзым IукIэрэхъухьу,
Уей, дунеижь!
Уи нэ щыпхахэр зэ къэптIэтэжу,
Уей, дунеижь!
Гъуэгу захуэ нэхум дынытепшэжкъэ,
Уей, дунеижь!
Гугъэн-хъуэпсэнкIэ дезыгъэшауэ,
Уей, дунеижь!
Гурыгъ мелуанхэр изыгъэжауэ,
Уей, дунеижь!
Шы дахэ жэркIэ сыпщыгугъами,
Уей, дунеижь!
Шы гъуабжэ мыжэу укъысхущIэкIти,
Уей, дунеижь!

*   *   *
Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну,
ЩIым гуапэу къедэхэщIэну.
Зауэм и Iугъуэм щIиуфэм -
Дыгъэм и лажьэр сыт?

Хуейщ бзухэр уэгум итыну,
Хуиту уэрэд кърашыну.
Шэм и фий макъым игъащтэм -
Бзухэм я лажьэр сыт?

Удз дахэр хуейщ къэгъэгъэну,
Еплъ псоми ягу хигъэхъуэну.
Ем къыщIэхутэм и лъэгум -
Гъэгъам и лажьэр сыт?

Хуейщ сабий цIыкIухэр джэгуну,
ЩIым гуфIэу къыщажыхьыну.
Балигъхэр зэгурымыIуэм,
Сабийм я лажьэр сыт?

Ди  кхъухьыр

Ди кхъухьыр уардэт, хуэдэ тенджызышхуэм
Темыт тфIэщIыжу, исхэр дригушхуэрт.
Есыхт адрейхэр, дыдэсейрт ди закъуэ,
Ерыщу толъкъуныдзэм деIэпщакIуэрт.

Тенджызым хабзэ ткIийуэ къыдекIуэкIхэр
Къидмыдзэт, есых псоми дащIэнакIэрт.
Дыхэтт дблэсыкIхэр тлъэкIым едгъэплъыну,
Зэрытенджызу зыдэдгъэплъеину.

АрщхьэкIэ тенджызышхуэр бэшэчами,
Ди ерыщагъыр куэдрэ хуэшэчакъым:
БорэнкIэ дыкъищIащ натIэрыуапIэ,
Зэхикъутащ ди кхъухьыр хьэбэсабэу.

Толъкъунхэр зэрыхуейуэ ирикъухьу
ЕзыхьэкIыну зи гугъа ди кхъухьыр
Иджы тенджызым къызыхидзыжауэ
И Iуфэм Iулъкъэ зэтещэхэжауэ…

Дапщэщ ди дыгъэр пшэхэм къыкъуэкIыжу
А псыхьэлъахуэр щигъэгъущыжынур?
А псыхьэлъахуэм кхъухь къыхэтщIыкIыжу,
Тенджызым тетхэм дащыщIыхьэжынур?!

*   *   *
ГъащIэ-хышхуэ, хэт хьэфэ гъэпщакIэ,
Хэт кхъуафэжьей цIыкIукIэ,
 хэт кхъухь инкIэ -

Дытехьащи, щхьэж зэрыхуэщIакIэ -
Дэ дыщосыр псори уи толъкъунхэм.

Демызэшу къунтххэр зэфIыдощIэ,
Идодзыхыр хъыхэр уэ уи лъащIэм.

Дожьэ махуэ ди кIэн къыщикIынум -
Ди насып-бдзэжьейр къыщыкъуэкIынум.

Ди мурадым дылъэIэс щытфIэщIым, -
Зэтрекъутэж псори уи жьапщэм.

ДокI зэмани, ифI зыкъыбошэжри,
Гугъэ нэпцIхэм псэр зыщIогъэшэжыр.

Кхъухьым исым джейр хуощIыжыр плъапIэ,
Адрейхэм - щхьэж езым фIэлъапIэр.

Апхуэдэххэу дыбогъэхь ди гъащIэр
ДыщIэтIысыкIыхукIэ уи хы лъащIэм.

…ФIыуэ слъагъурат, насыпу слъытэу,
Си дыщэ бдзэжьейуэ си пщIыхь хэтыр.

Ауэ къунтхкIэ ар къысхуэубыдакъым,
Хъы зыIыгъхэм сэ сыхиубыдакъым.

*   *   *
Шэрхъ гудзэншэу дунеижь абрагъуэр
Зи Iэмырым къыдекIэрэхъуэкI,
Хабзэ пхэнжхэу мы ди гъащIэр мыгъуэ
КъытщызыщIхэр щIым щытхузэхъуэкI.

Зи гущIэгъур ин! Дунейм и шхуэIур
Залымыгъэм къытхуIэщIэгъэкI.
Нэмысыншэм цIыху гъэсам и нэкIур
ЩIихулыкIыу хуумыдэ афIэкI.

Хейм и фащэр мысэм щебгъэтIагъэу,
ЩIэпхъаджащIэм хуумыгъэхъу уэчыл.
ИумыгъэщI пэжщIэкъур щIэнэкIалъэ,
Былымаблэм и нэгур гъэджыл.

ЦIыху щэджащэм дзы къыхуебгъэлъыхъуэу,
Iимансызыр щихъыу умыгъэIу.
АкъылыфIэр, и щхьэр игъэлъахъшэу,
Тумыгъэт ахьмакъхэм я бжэщхьэIу.

КъыумыгъэкI и кIэныр нэжэсыгъэм,
ЩIым делагъэм зыщумыгъэубгъу.
ДжэдыгуибгъукIэ зы лIым ухуэупсэу,
Къыумыгъанэ джэдыгуншэу лIибгъу.

Уи гулъытэ хэбну зыхуэфащэр,
Джэгу щIыхьыншэм ирумыгъэщIэкI.
Зи щIалэгъуэу зи хыхьэгъуэр гъащIэм
Ем и жьапщэм ирумыгъэщIыкI.

…ЩекIуэкI псори ди щIыгушхуэм плъагъуу,
ЕпхьэкIар уэ мыилъэс мелуан,
«А уи лъэIухэм хэлъкъым зы щIэщыгъуэ», -
КъысхужыпIэу, сыкъыумыщI ауан.

Ди щхьэщыгум дыгъэр къизыIыгъэу,
Зи IэмыркIэ щIыр къекIэрэхъуэкI,
Пэлъэщауэ е-бзаджейм цIыхугъэр
ЩIы хъурейр зэгуэрым  нэху къегъэкI.

ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться: