ГъэщIэгъуэнщ макъамэм и гъэпсыкIэр

Языныкъуэхэм хуагъэфащэ макъамэр щIыуэпсым къигъэIу макъхэм - уафэхъуэпскIым, тхьэмпэ щхъыщхъым, уэшхым - къыхэкIауэ. НэгъуэщIхэми трагъэкIыныхь цIыхум и бзэм къыдалъхуауэ. «Макъамэ» псалъэр Пасэрей Алыджым къикIащ. Алыдж мифологием музэхэр Зевс ипхъухэрт, ахэр гъуазджэмрэ щIэныгъэмрэ тепщэ хуэхъурт. Макъамэр къэунэхуащ цIыхум дэщIыгъуу. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм жаIэ япэ макъамэ Iэмэпсымэр къанцIурауэ (флейтэ). Макъамэм епха Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр щыIэщ. 
Сабий цIынэ зыгъашхэ бзылъхугъэр макъамэ щабэ едаIуэмэ, и быдзышэр процент 20-м щегъэжьауэ100-м нэсыху нэхъыбэ мэхъу. Ауэ поп-макъамэ е джаз едаIуэмэ, быдзышэм кIэроху. 
Бразилием къэхутэныгъэ щрагъэкIуэкIри, къащIащ бжьэ къэпщIахэм макъамэ зэхахмэ зэрытесэбырэжыр. 
Иджыри XX лIэщIыгъуэм щIэныгъэлIхэм къахутащ макъамэм «щIэдэIу» къэкIыгъэр нэхъ щIэхыу зэрыхэхъуэр, уеблэмэ гъуну щIэзыдзахэри къыщигъэщIэрэщIэжи къэхъуу. 
Макъамэр цIыхум и гум йоIэзэ. Зи гур операцэ ящIар макъамэ щабэ куэдрэ ебгъэдэIуэну сэбэпщ. 
Спорт зэхьэзэхуэхэм зыщыхуагъэхьэзырым деж спортсменхэр макъамэ едаIуэмэ, ар допинг папщIэ яхуохъу. 
Сиэтл щыщ рэпер NoClue Гиннесс рекордхэмкIэ и тхылъым иратхащ дуней псом и репер нэхъ псынщIэ дыдэу къалъытэри. Медан 51, 27-м ар къеджащ псалъэ 723-рэ. 
Нотэр нэхъ кIыхь дыдэу зыукъуэдий рекордсмен хъуауэ щытащ Харкет Мортен.
1990 гъэ пщIондэ Исландием закон щыIащ а къэралым и цIыху хъуну хуейхэм я цIэр абы и хабзэм тету яхъуэжын хуейуэ. Ауэ советскэ дирижёр цIэрыIуэ, пианист Ашкенази Владимир абы Iэпхъуа нэужь, къэралым и Правительствэм абы Iэпхъуэ цIыхухэм зыфIащыну хуитхэм хатхащ дирижёрым и цIэр. 
Гъуазджэм и бзэ къэгъэщIынымкIэ проект зэмылIэужьыгъуэ куэд утыку кърахьащ зэман кIыхькIэ. Абыхэм ящыщу гъэщIэгъуэну къыщIэкIащ «Соль-ре-соль» макъамэбзэр. Ар зэхигъэуващ франджы макъамэдж Сюдр Жан Франсуа. ИкIи 1817 гъэм къигъэщIа бзэм и хабзэхэр зыхуэдэр къигъэлъэгъуащ. Илъэс 40-кIэ яджащ а бзэм и зэхэлъыкIэр, грамматикэр, мыхьэнэр. 1868 гъэм Париж а бзэмкIэ тхыгъэ къыщыдэкIащ. Макъамэр зи тегъэщIапIэ бзэм лъабжьэ хуэхъуащ нотэ нэхъыщхьиблыр: Си-м къикIырт «нтIэ», до-м – «хьэуэ», ре-м – «икIи», ми-м - «е», до – ре - м - «сэ», до фа-м «ар», ре-до-м – «сысей». АрщхьэкIэ бзэр егъэлеяуэ гугъуу къыщIэкIащ, IэщIыби ящIыжащ. 
Милан консерваторием щIэтIысхьэну хуей ныбжьыщIэр экзаменым рояль щеуащ, макъамэ зэхилъхьахэми иригъэдэIуащ. АрщхьэкIэ ар ягъэщIэхъуащ, консерваторием щищIэн щымыIэу жаIэри. Ар 1832 гъэрт къыщыхъуар. Илъэс пщIы бжыгъэхэр дэкIауэ, Милан консерваториер хуей хъуащ икIи тригъэчыныхьащ зэгуэр еджапIэ къимыщта макъамэтхым - Верди Джузеппе - и цIэр зэрихьэным. 
Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: