Къэрал дамыгъэр зыхуагъэфэщахэм йохъуэхъу

Урысей Федерацэм лъэпкъ гвардиемкIэ и дзэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэм и унафэщI, генерал-полковник Захаров Сергей  Урысей гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къэрал дамыгъэхэр щаритыжащ ведомствэм и лэжьакIуэхэу зыпэрыт къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьахэм.

Апхуэдэу гупым яхуэупсащ зэрылэжьэн автомобилыщIэу 15-кIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Управленэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыхуагъэфэщамкIэ.

«Дэ дрогушхуэ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэнхэр лIыгъэ яхэлъу, Iэзагъышхуэ къагъэлъагъуэу щызыгъэзащIэ ди хэкуэгъу щIалэхэм - Урысей гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэм.  IэнатIэм и лэжьакIуэхэм нобэрей махуэмкIэ сынывохъуэхъу. Узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, фIыгъуэ фиIэну», - щитхащ КъБР-м и Iэтащхьэм и социальнэ напэкIуэцIым.

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: