ЛIыхъужьым и партэ

Фэеплъ

 

Налшык къалэм и курыт еджапIэ №1-м щагъэуващ «ЛIыхъужьым и партэ», Звёзднэ посёлкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулыкъу щызыщIа, дзэ Iуэху хэхам къалэныр щрихьэкIыу хэкIуэда сержант Анисимов Максим и фэеплъу.
Ар къыщызэIуахым кърихьэлIащ «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэхэр, ЩIыпIэ самоуправленэм и советым и депутатхэр, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр, Максим и Iыхьлыхэмрэ къулыкъу къыдэзыщIахэмрэ. 
 Анисимовым тепсэлъыхьахэм къыхагъэщащ ар и къулыкъум, и псалъэмрэ Iуэхумрэ хуэпэжу зэрыщытар, пщIэ къыхуащIу гупым зэрахэтар. 
«ЛIыхъужьым и партэм» япэу дагъэтIысхьащ еджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщ. 
  

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: