Лъэмыжыр къызэIуахыжащ

«Кавказ» зи фIэщыгъэ Р-217 къэралпсо автомашинэ гъуэгум хыхьэ, Бахъсэн псыежэхым телъ лъэмыжыр зэрагъэпэщыжри, хуиту ущызекIуэ хъууэ иджыблагъэ къызэIуахыжащ. Абы икъук1э щыгуф1ык1ащ республикэм исхэри, 1уэхук1э ди деж къэк1уэн хуей хъухэри.
Иужьрей илъэсхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу лъэмыжыр машинэ мин 35-м нэблагъэ зэпаупщI. Аращ къызыхэкIар метри 122-рэ хъу лъэмыжым зрагъэубгъуныр, лъэныкъуитIымкIи автомашинэхэр т1рыт1у щызэблэк1ыу экIэщIэхыныр. Абы къищынэмыщIауэ, лъэмыжым хуэшэчыну хьэлъэр иджыри къэс зэрыщытам еплъытмэ, тIукIэ нэхъыбэ ящIащ. Къапщтэмэ, лъэмыжыр щIэрыщIэу тралъхьэжауэ жыпIэ хъунущ. Бахъсэн псыхъуэ къедза къуажэхэр «Махуэгъэпс лъэмыжкIэ» зэджэм япэщIыкIэ и екIуэлIапIэхэр трахри, ар зыбгъэдыхьэ псыхъуэ ныджэхэр къатIэщIащ. Гъуэгуухуэхэм ныджэ егъэбыдылIапIэхэр нэхъ бгъуэ ящIащ, абы иужькIэ лъэмыжыр яIэтри яшэщIащ. Лъэмыжым и лъэгур зытрагъэжыхьыну щIыпIэхэм гъущIыкIэ хагъэжыхьащ, бгыкъухэмрэ щхьэIумрэ хагъэувэжащ. Мы лэжьыгъэ Iыхьэр нэхъ гугъуу зэрыщытым къыхэкIыу, псыежэхым и уэрагъыр нэхъ мащIэ ящIу щхьэдагъэухын хуей хъуащ. И пкъыр псыхъуэ нэпкъхэм хагъэжыхьа нэужь, лъэныкъуитIымкIэ къекIуалIэ гъуэгухэм хыхьэжу асфальт тралъхьэжащ. Лэжьыгъэхэр зэрыщыту цIыхум и шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ мардэхэми, гъуэгум и фIагъыр къэзыIэт щапхъэхэми тохуэ. Къыхэгъэщын хуейщ лъэмыж лъэныкъуитIми пщыхьэщхьэкIэ къыпынэу уэздыгъэхэр зэрытрагъэувар, гъуэгу дамыгъэхэр зэрытращIар, зэпрыкIыпIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ зэрыхуащIар.
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, гъуэгуухуэхэм лъэмыжым лэжьыгъэшхуэ иращIылIащ, иджырей технологиехэр шэщIауэ къагъэсэбэпащ. Iуэхур нэсу къызэгъэпэща хъун папщIэ, Урысейм гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и къулыкъущIапIэр, «Кавказ» къэралпсо гъуэгум кIэлъыплъ IуэхущIапIэр, гъуэгуухуэ зэгухьэныгъэхэр жыджэру зэдэлэжьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зи гъуэгухэр нэхъыфIу къалъытаитхум ящыщщ. Абы щыхьэт тохъуэ ди республикэм и цIыхубэм я процент 73-р гъуэгухэм яIэ щытыкIэмкIэ арэзы зэрыхъур. Нэрылъагъущ, дагъуэ гуэрхэр щыхуащI къыхэкIми, гъуэгуухуэ IэнатIэм и къалэнхэр нэсу зэригъэзащIэр, иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм щыщIэныгъэ къызэрыхэмыкIыным зэрыхущIэкъур. Ауэ, нэхъыщхьэращи, екIуэкI гъуэгуухуэ лэжьыгъэхэм цIыхум халъэгъуащ я узыншагъэр зыхъумэ икIи тыншыгъуэхэр къахузэзыгъэпэщ жэрдэмхэр. Гъуэгу хуэIухуэщIэхэм ехьэлIа упщIэхэм жэуап езытахэм псоми апхуэдэ гупсысэхэр къыхагъэщащ.
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» къэрал программэр зэрызащIэ щIыкIэм ехьэлIауэ IэщIагъэлIхэм къыхагъэщ машинэ жапIэ тIуащIэ зиIэ, сэмэгумкIи ижьымкIи хуэзэу лъэмыжхэр ухуэныр, щыIэхэр а мардэхэм тету щIэрыщIэу зэгъэпэщыжыныр, зегъэубгъуныр, гъуэгу нэзхэр IэмалыщIэхэмкIэ гъэбыдэныр, жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм я екIуэлIапIэхэр зэIузэпэщ щIыныр технологиещIэхэм зэрытращIыхьым къыщымыувыIэу, экономикэм зегъэужьынми хуэунэтIауэ зэрыщытыр. ЦIыхухэм мыхьэнэшхуэ ират гъуэгу ухуэкIэм. Зэгуэр къуажэхэм пхыкIыу тралъхьауэ щытыгъа асфальт пIащIэр къилъэлъэжмэ, щIыпIэ-щ1ыпIэкIэрэ ар ядыжурэ уземыкIуэжыф зэрыхъуар, абы фэбжь мымащIэу къызэрыхэкIри нэрылъагъу хъуат. Аращ къуажэхэм щекIуэкI а лэжьыгъэшхуэхэм цIыхубэм я нэIэ тету щIекIуэкIыр. Иджырей гъуэгу ухуэкIэ мардэхэм къагъэув гъуэгу занщIэм телъ асфальт пIащIэр техауэ геотекстиль илъхьэныр, ар къатитIу зэтелъхьауэ асфальбетоныр къытеубгъуэжыныр, гъуэгу напщIэхэр къэIэтауэ асфальтбетоным нэс зэщIэгъэбыдэныр.
Къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм 2022 гъэм къриубыдэу километри 110-м гъуэгущIэхэр щытралъхьауэ щытамэ, дызэрыт илъэсым километри 130-м щIигъу гъуэгу зэрагъэпэщыжащ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, 2024 гъэм иджыри километри 100-м щIигъу тралъхьэнущ.
«ЦIыхум и гъащIэр гъуэгум тету ехь, абыхэм я шынагъэншагъэр къызэгъэпэщыныр, щызекIуэ щIыпIэхэр фIагъ и лъэныкъуэкIэ дагъуэ имыIэу къэIэтыныр узэбакъуэ мыхъун хабзэщ, ар зыхуей хуэдгъэзэныр ди хьэкъщ», – щыжаIэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: