И IэщIагъэм хуэпэжу

КъытщIэхъуэ щIэблэр тэмэму гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ гуащIэшхуэ езыхьэлIа егъэджакIуэхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт школ №1-м илъэс куэдкIэ щылэжьа КъардэнгъущI (Семэн) Ларэ (Iэмсирэт) ТIутIэ и пхъур. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс 40-м щIигъукIэ пэрыта Ларэ а зэманым къриубыдэу зыкъигъэлъэгъуащ зи лэжьыгъэм хуэIэижь, щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэу. КъардэнгъущIыр егъэджакIуэ къудейкъым, атIэ зэхъуэкIыныгъэхэр зи бэ IэнатIэм и IэмалыщIэхэм я лъыхъуакIуэу, къэхутакIуэу щытущ IэнатIэм зэрыпэрытар. 

IуэхуфI куэдрэ цIыху цIэрыIуэкIэ къулей Псыгуэнсу адыгэ къуажэжьым къыщалъхуащ Ларэ. Абы и адэ-анэ Семэнхэ ТIутIэрэ КIутIэрэ ящыщащ жылэм пщIэрэ нэмысрэ щызиIахэм. Я бынхэу Iэмирэт, Чэбирэт, Хьэбас, Ларэ (Iэмсирэт), Амырхъан, Мадинэ сымэ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтыфащ зэщхьэгъусэхэм. Нэхъыжьхэр нобэ ящхьэщымытыжми, абыхэм я щапхъэр я гъуазэу дунейм тетщ Семэн зэдэлъхузэшыпхъухэр: цIыхугъэр, пэжыгъэр, лъэпкъ хабзэр, пщIэр ягъэнэхъапэ. 
Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Ларэ еджэным щыпищащ Налшык дэт педучилищэм. IэщIагъэ зэзыгъэгъуэта егъэджакIуэ ныбжьыщIэм 1973 гъэм лэжьэн щыщIидзащ я къуажэ школым. ЩIэхыу хэзэгъащ ар зыпэрыхьа Iуэхум. Куэд дэмыкIыу Ларэ мурад ищIащ и щIэныгъэм хигъэхъуэну икIи КъБКъУ-м тхыдэ-филогогиемкIэ и факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Зэман дэкIри, ари фIы дыдэу къиухащ, и зэфIэкIкIи, и щIэныгъэкIи нэхъ къулей хъуауэ лэжьыгъэм пищащ. 
Урысыбзэмрэ литературэмрэ школакIуэ нэхъыжьхэм ярегъэджри, Iэзагъышхуэ хэлъу и дерсхэр еухуэ, и еджакIуэхэр абы зэрыдригъэхьэхыным, урысыбзэр хуиту икIи шэрыуэу къагъэсэпэфу щытыным хущIэкъуу. ЕгъэджакIуэм сабийхэм яIэ зэфIэкIым зрегъэужь, урысыбзэмкIэ ябгъэдэлъыпхъэ щIэныгъэм хегъахъуэ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр нобэрей зэманым егъэджэныгъэм къыхуигъэув къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ар зыхулъэкIынури зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ ета, зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу цIыхурщ. 
- ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм пасэ дыдэу гу хуэсщIауэ щытащ. Ар и фIыщIэу къызолъытэ япэ егъэджакIуэу сиIа Бэч Зерэ. Абы и лэжьэкIэ дахэр гъащIэм щапхъэ щысхуэхъуащ, и лъэужьым сызэриувамкIи зы махуи сыхущIегъуэжакъым, - жеIэ Ларэ. – Зэманым зехъуэж, абы дэщIыгъууи цIыхухэм я дуней еплъыкIэмрэ гупсысэмри нэгъуэщI мэхъу. Иджы егъэджакIуэм и пщэм къыдэхуэ къалэн нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ, щIэблэм щIэныгъэ куу етыным къыдэкIуэу, цIыхубэпсо лъапIэныгъэхэр яфIэмыгъэкIуэдыныр, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ я жыпхъэхэм иту къэгъэтэджыныр. 
НыбжьыщIэхэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу, фIымрэ Iеймрэ зэхащIыкIыу къэгъэхъуным дэтхэнэ дерсри хуигъэлажьэу екIуэкIащ ар. Псом хуэдэжкъым Ларэ литературэмкIэ иту щыта урок купщIафIэхэр. ГъащIэм и дерсхэу къалъытэ классикэ литературэм школакIуэхэр щыгъуазэ здищIым, КъардэнгъущIым къигъэсэбэпырт иджырей методикэ пэрытым, компьютер техникэм я Iэмал лъащIэншэхэр. Урысыбзэмрэ литературэмрэ и лъабжьэу, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм сабийхэр иришалIэрт дунейпсо щэнхабзэм, усыгъэр абыхэм псэкIэ захригъэщIэным, тхылъыр фIыуэ ялъагъуу, ар я ныбжьэгъу пэжу къалъытэным хущIэкъуу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Ларэ ныбжьыщIэхэм я псэр пэгъунэгъу ищIырт сыт хуэдэ лъэхъэни жылагъуэм щалъытэ лъапIэныгъэхэу ЦIыхугъэ, Пэжыгъэ, Лъагъуныгъэ, Жэуаплыныгъэ, Хэкупсэ жыхуиIэхэм. 
 ЕгъэджакIуэм къызэрилъытэмкIэ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ цIыхурщ бгъэдэлъ щIэныгъэр зи щхьэми, цIыхубэми, щалъхуа и Хэкуми и ехъулIэныгъэхэм хуэзыгъэлэжьэфынур. Аращ Ларэ щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ зэгуэхыпIэ зимыIэ зы Iуэхугъуэ ину къыщIилъытэр.
 Лэжьэн щыщIидзагъащIэм егъэджакIуэм зыхуигъэувыжауэ щыта къалэнхэм ар зэрынэсам щыхьэт техъуэ Iуэху куэд щыIэщ. КъардэнгъущIым иригъэджахэм къахэкIащ щIэныгъэ зэхуэмыдэхэм я докторхэр, кандидатхэр. Я цIэ къипIуэ хъунущ щIэныгъэм и дунейм гъуэгу щыпхызышахэу Тэрчокъуэ Тимур, БейцIыкIу Альберт, КъардэнгъущI Оксанэ сымэ. Зэгуэрым езыр и япэ егъэджакIуэм и лъэужьым зэриувым хуэдэу, Ларэ и щапхъэм тету егъэджакIуэныр IэщIагъэу къыхэзыха и гъэсэнхэри мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ Бэджийхэ Оксанэрэ Жаннэрэ, Гъуэгунокъуэ Мадинэ, нэгъуэщIхэри. И гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэрщ егъэджакIуэм и лъэр ноби жан зыщIыр, езыр а IэнатIэм пэрымытыжми. Апхуэдэ лъагапIэхэр, дауи, зы махуэ-махуитIкIэ зэпэща ехъулIэныгъэкъым, атIэ гупсысэ куурэ Iуэху зехьэкIэ пэрытрэ, псэ хьэлэл лэжьыгъэрэ жэуаплыныгъэрэ зи лъабжьэ гуащIэдэкIым къыпэкIуа текIуэныгъэщ, фIыгъуэщ. 
 ЕгъэджакIуэм и лэжьэкIэм гу лъамытэу къэнакъым. И ехъулIэныгъэхэм папщIэ абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, егъэджэныгъэмкIэ Аруан щIыналъэ IэнатIэм, Псыгуэнсу къуажэ администрацэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр. Ларэ и дежкIэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэжщ къуажэдэсхэр къызэрыхуарэзыр, иригъэджахэм я гурылъ дахэхэр. ЕгъэджакIуэ Iэзэм, гъэсакIуэ нэсым ноби куэдрэ зэхех абыхэм къабгъэдэкI фIыщIэ, щытхъу псалъэхэр.
 Къыхэдгъэщынщи, КъардэнгъущIыр адыгэбзэкIэ республикэм къыщыдэкI газет закъуэм, «Адыгэ псалъэм», и ныбжьэгъу пэжхэм ящыщщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, къыхуэмыгъэсу йожьэ абы и къыдэкIыгъуэхэм икIи ит тхыгъэхэр набдзэгубдзаплъэу щIеджыкI, упщIэ иIэ хъуми, редакцэм и лэжьакIуэхэм закъыпещIэ. 
 Зи дуней тетыкIэри гупсысэкIэри щапхъэ адыгэ бзылъхугъэ акъылыфIэм дохъуэхъу къэблэгъа ИлъэсыщIэмкIэ. И унагъуэм исхэм я насып илъагъуу, жылагъуэм щиIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ хэмыщIу куэдрэ узыншэу псэуну ди гуапэщ. 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: