Япэ псей

ИлъэсыщIэ гукъэкIыжхэр

ИлъэсыщIэр дэтхэнэ зы цIыхуми къыдокIуэкI, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ гъуэгу зэхэкIыпIэу. НэхъыжьхэмкIэ ар сабиигъуэ жыжьэм и зы къуэпсщ, щIэблэмкIэ мурадыфIхэм я гъуазэщ - тIум щыгъуэми гукъыдэжым и къежьапIэщ.
 Япэ илъэсыщIэ псейр ди хьэблэм щагъэувауэ щытащ 1964 гъэхэм. Дыщыпсэур егъэджакIуэ хьэблэт. Абыхэм къахэсыжт гъэ еджэгъуэщIэ къэс ди школым илъэс зыбжанэкIэ щылэжьэн хуейуэ къагъакIуэ урыс егъэджакIуэхэри. Езыхэми нэхъ къащтэу, егъэджакIуэ зэрыс унагъуэхэр къыхахырти, зэщыгуфIыкIыжхэу илъэс-илъэситIыр кIуэрт, мо къахыхьахэм хьэщIагъэшхуэ ирахрэ, унагъуэм илъ щIакхъуэ Iыхьэр зэдагуэшу. Модрейхэм дежи апхуэдэ гулъытэр щыкIуэдыртэкъым. Унагъуэм ис школакIуэхэм унэ лэжьыгъэхэр дащIыжырт, псом хуэмыдэу езыхэм зэрырагъаджэ дерсхэмкIэ я нэIэ къатетыпэу.

Гъунэгъуу къыдбгъэдэс ди адэ къуэшымрэ абы и щхьэгъусэмрэ (тIури егъэджакIуэт) махуэ гуэрым къыздашащ зы щIалэ щхьэпэлъагэрэ цIыхубз лъагъугъуафIэ цIыкIурэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ахэр зэщхьэгъусэт, университет нэужьым математикэмкIэ ирагъэджэну къагъэкIуат. Иджы хуэдэу тынштэкъым гъуэгу утету улэжьэныр. Абы къыхэкIыу апхуэдэ лэжьакIуэхэр пэш лей зиIэ унагъуэхэм я деж щIагъэтIысхьэрт.
Зыковхэ Николайрэ Софьерэ (арат абыхэм зэреджэр) илъэситIкIэ нэрэ псэуэ яхэсащ унагъуэми хьэблэми. АпхуэдизкIэ а тIум псоми фIыуэ зыкърагъэлъэгъуати, хэт зы шхын щIэщыгъуэ ипщэфIами, Колярэ Сонярэ я Iыхьэр хухахырт. Зи нэIэ къатет хьэблэ нанэхэмрэ модрей тIумрэ тэрмэш защIэкIэ зэпсэлъэн хуей хъурт. Хуэмурэ езыхэми адыгэбзэ псалъэ закъуэтIакъуэхэр зрагъащIэу хуежьащ. Апхуэдэхэм деж Соня имыщIэу Коля щэхуу зригъэщIа псалъэ закъуэтIакъуэхэр къыщызыкъуих щыIэт, псоми ягъэщIагъуэу.
ИлъэсыщIэр къыщысым, Соня и лъэIукIэ ди адэ къуэшыр Налшык нэс къакIуэри, псей лъагэшхуэ, унащхьэм щIэуэу, нришащ. Лъакъуэ щIалъхьэри, ар иригъэуващ унэкум, ягъэщIэрэщIэн фIэкIа хуэмейуэ. Хьэблэм цIыкIуу дэсым ар ди япэ псейт. Соня цIыкIухэр дызэхуишэсри, псейр гъэщIэрэщIэныр къызэрыунэхуам теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэм дыщIигъэдэIуащ. АдэкIэ цIыкIухэр стIол плIимэшхуэм дыкъригъэтIысэкIри, лэныстэ, салфеткэ хужь, бжьэхуц Iэрамэшхуэ иIыгъыу къытхэтIысхьэжащ.
ЕгъэджакIуэм тхылъымпIэм къытхухищIыкIа уэс тхыпхъэхэр, псэущхьэхэр, гуащэхэр тфIэгъэщIэгъуэну зэпэтплъыхьырт. IэпщIэлъапщIэнымкIэ школым щыдагъэдж дерсхэм щыдагъэлъэгъуа Iэмал гуэрхэри хэтлъхьэжри, псейм фIэтщIэну хьэпшыпу хъуар хьэблэ сабийхэм дигъэгъэхьэзыращ. Нэхъ лэжьыгъэ гугъуу къытхуэнар Уэс Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ я пыIэхэрт.
ТхылъымпIэ Iувыр ибзри, шхэпскIэ абы бжьэхуц хужьыбзэр тригъэпщIащ. Дэ къытхуэмыгъэсу адэкIэ къыкIэлъыкIуэнум дыпэплъэрт. АрщхьэкIэ, икIэм нэмыса лэжьыгъэр цIыкIухэм къытхуигъэкIуэтащ, фэ зэрывгъэщIэрэщIэфым севгъэплъ иджы, жиIэри. Хэти хьэпIацIэ щыгъэ, хэти мыщIэ цIыкIу къэдгъэхьэзыращ. Абы тхылъымпIэпс зэщIэцIыуэхэр щIыдгъужри, пыIэхэм ахэр хэдгъэуэжащ. Ди псейм фIэщIат IэфIыкIэри, мандаринхэри, уеблэмэ дэшхуэ нэгъунэ.
- Иджы хэт нэхъыфIу усэм къеджэми, саугъэт еттынущ. Зэман иджыри фиIэщ, деплъынщ фызэрыпэлъэщым, - ар жаIэри, Сонярэ унэгуащэ Бабусэрэ псоми усэ зырыз къытхуагуэшащ, тетрадь напэхэм хъэт дахэкIэ тхауэ иту.
Дыгъэгъазэм и 31-м псейр щагъэува пэшышхуэм дыщыщIыхьам, унэм кIапсэ зыбжанэ щызэпрышат, тыгъэхэр фIэщIауэ. Ахэр зищIысыр зэкIэ наIуэтэкъыми, къытхуэмыгъэсу дыпэплъэрт адэкIэ къэхъунум.
 Усэхэм гъуэрыгъуэу дыкъеджащ, псоми егугъуу зрагъэщIат - тыгъэм хэныну зыри хуейтэкъым! Гупым ятекIуам къылъысащ «Муха-цокотуха» тхылъ дахэшхуэр. АдэкIэ ди нэхэр гъуэрыгъуэу щапхэурэ, лэныстэкIэ къыпыдупщIын хуейт кIапсэм фIэщIа тыгъэхэр. УщIэмыупщIэ сабийхэм абы гукъыдэжу къаритам: хэти блэIэбыкIырти, блыным мащIэу жьэхэуэрт, зэ Iэбэгъуэм саугъэтыр къызыпэщIэхуэхэри къытхэкIырт. Псом ящхьэрати, зыри саугъэтыншэу къэнакъым, япэ хъурей къекIуэкIыгъуэм лъэмыIэсахэр, етIуанэм Iэмал имыIэу техуэжырт.
Джэгу зэпеуэхэр иуха нэужь, цIыкIухэм къалъыса саугъэтхэр къызэкIуэцIахащ: къэрэндащ зэмыфIэгъу, тхылъ, мажьэ, щхьэхэIу, тетрадь - псори дызыщыгуфIыкIын защIэт. А зэманым егъэджакIуэхэм къахьу щыта улахуэ мащIэ дыдэхэм къыхахри, хьэблэм сабийуэ дэсыр ягъэгуфIэну яхузэфIэкIат абыхэм.
Зэман дэкIри, Николайрэ Софьерэ Налшык ягъэзэжащ, хьэблэ псом я гум къыщIитхъыу. Абы щегъэжьауэ, зы илъэс къэмынэу, илъэсыщIэ псей гъэувыныр хьэблэм хабзэ яхуэхъури, цIыкIухэр балигъ дыхъуху къадекIуэкIащ.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: