Шы

Новеллэ

Си шыр тхьэмахуищ нейкIэ шэщым щIэтащ – щIэзэшыхьакъэ! Нобэ сышэсри, уанэ тесхакъым сыхьэтитIкIэ. Шыр ешащ, тхъурымбэр къохуэх. Абы гу лъыстащ, Вадар псыхъуэ дыдыхьа нэужь. Шыр ешами, сэ сыкъызэрыкIа къудейт. ЩIопщ уэгъуэ есхри, шым зричащ. Дзэлычым си напэр щIехулыкI, жьыр фийуэ зэхызох. Зыгуэрым срихьэжьауэ къысщохъу, жьыбгъэ сышэса хуэдэщ. «Илъэс щитху хуэдэ и пэкIэ сыкъалъхуатэми!» – а зыращ си гур зэрызгъэфIыр. Илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытамэ, дуней жыхуаIэр фэзгъэлъагъунт! НеIэмал… Дыкъалъхуакъым и чэзум…
Пшэ Iэтэ сырыхухэр уафэ лъащIэм щхьэхынэу щос. Шыри ешауэ къысфIощI, кIуэрым техьэн и мурад си гугъэщи, щIопщыр хузогъэдалъэ. Шым, аргуэрыжьщи, зреч, кумблъэмб хуэзэкIи, къызэтеувыIэркъым. Шы лъэгум къыщIэлъэт ятIэ шыкъырымрэ мывэкIэщхъымрэ, къуанщIэ фIыцIэ хуэдэ, си ужьым итщ… Илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытатэмэ! «Хьет!» жрагъэIакъэ ди адэжьхэм! ЛIыгъэ-шыгъэкIэ уащIыхьэнт – жыжьэуи уапэхъунутэкъым. ЗекIуэм хэкIакъым, шым епсыхакъым зы махуэ! Бетэмал, илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытатэмэ! Дунейр тIэу пкIэгъуэ схурикъунтэкъым, батэр згъэшынт! Дэ сытым дыщыщ: дыкъэрабгъэщ, дыщхьэхынэщ, дынасыпыншэщ, дыIэщэншэщ, дыхьэрычэтыншэщ – аращ дыкъызэрызэхэнар. Шым нэхъри зрызогъэч, пщIэнтIэпсыр къыпхысхуащ. Псым дзэл бацэхэр щхьэщытщ; сэмэгурабгъумкIэ гъущI гъуэгу щызолъагъу: зиIуантIэ-зишантIэу, псым доущ гъущI гъуэгур, адэ-мыдэкIэ зыдедзэ, мэбгъунлъэ – псыхъуэм блапцIэ дэпщ фIэкIа пщIэнкъым.
Шыр емышурэ, сэ сешащ, си куэ лыпцIэр зэрызэхиущэбар зыхызощIэ. Гу къыслъита хуэдэ, шым нэхъ хуэм зещI, и тхьэкIумэр зэблигъэплъурэ хопырхъыкI, бахъейр къыщхьэщех.
Къалэ цIыкIум дынэсыжащ. Псы Iуфэм зыIуагуэшащ къалэ цIыкIум дэт кхъуэщыныщхьэ унэхэм. Я лъэгуажьэм нэс псым хэувауэ, цIыхубзхэр мэжьыщIэ. Сыкъыщалъагъум, хьэхэр зэщIэбэнащ. Шыр къыжьэдэскъуащ. Си Iэпкълъэпкъыр зэхэубэрэжьащ, шым сыкърамыхьэхыжмэ, сыкъепсыхыжыфын къысфIэщIыркъым.
Аракъэ схузэфIэкIынур? Аракъэ си фэм дэхуэнур? Шы схуэфащэ сэ? Зы теуэгъуэ зэпысчати, си щхьэр унэзауэ, си Iэпкълъэпкъыр зэхэубэрэжьауэ уанэгум сисщ. Сыт къысхужаIэнт, дяпэ итахэм сыкъалъэгъуатэмэ? ЦIыхум сыхабжэжынтэкъым. Илъэс щитху хуэдэ и пэкIэ сыкъалъхуатэми! «Хьет!» жезгъэIэнт, уанэгум жэщи махуи сисами, зыуи къысщыхъунтэкъым. Сытым сыщыщ иджы: зыри сриуасэкъым, шыи схуэфащэкъым – ар хьэкъ сщыхъуащ нобэ. Сигурэ си щхьэрэ зэбгъэжауэ, тхьэ сIуащ: «АфIэкIа сымышэсыжын шы! Ди адэжьхэм я напэр тезмыхын!..»

 

Хьэтыкъуэ Умар.
Поделиться: