СурэтыщI икIи егъэджакIуэ

ДифI догъэлъапIэ

УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэт, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къегъэщIылIауэ лажьэ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ центрым и унафэщI, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
Жылэ Анатолэ 1953 гъэм Тэрч щIыналъэм хыхьэ Акъбащ Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. 1971 гъэм Тамбов къуажэм къыщиухащ курыт еджапIэр. 1976 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс къэрал пединститутым и художественно-графикэ факультетыр къиухащ. 2006 гъэм щыщIэдзауэ ар хэтщ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм. 1979 гъэм щыщIэдзауэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, республикэм, хамэ къэралхэм щекIуэкIа выставкэ 50-м нэблагъэм и лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, езым и лэжьыгъэхэм хухэха гъэлъэгъуэныгъэу 5 къызэригъэпэщащ.
Гъуазджэм и жанрхэм ящыщу куэдым зезымыпщыт, нэхъ гугъуу къалъытэ тхылъ графикэм Жылэм зэфIэкI зэрыщиIэр гуапэщ. КъищынэмыщIауэ, театр, телевизионнэ спектаклхэм папщIэ декорацэхэр къызэрегъэпэщ. Ар икIи егъэджакIуэщ, илъэс 20-м щIигъуауэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ лекцэхэм къоджэ, гъуазджэм теухуа и лэжьыгъэхэр къыдэкIыгъуэ зыбжанэм къытрадзащ. СурэтIыщым альбомищ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Зи лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ фIыуэ щыгъуазэ Анатолэ абыхэм ятриухуэ сурэтхэм гупсысэшхуэ ящIэлъщ, ахэр фIы дыдэу къохъулIэ. И лэжьыгъэхэм щIэ куэд хыболъагъуэ, къапщтэмэ, псалъэ шэрыуэхэм яхуищIа сурэтхэр гъэщIэгъуэнщ. Ди блэкIар, ди бзэр, ди хабзэр, ди нэмысыр, ди литературэр дымыщIэмэ, ди къэкIуэнури тщIэнукъым. Тхыдэм цIыхур егъэIущ, гъащIэм хурегъаджэ. Аращ зытеухуар Жылэм и лэжьыгъэхэри. Анатолэ илъэс зыбжанэкIэ ищIа лэжьыгъэхэр зэхуэхьэсауэ Лъэпкъ музейм иджыпсту щагъэлъагъуэри, республикэм исхэм Iэмал яIэщ сурэтыщI IэпщIэлъапщIэм и IэдакъэщIэкIхэм еплъыну.
Анатолэ нэхъыфIу илъагъу тхакIуэхэу, усакIуэхэу Искандер Фазиль, Лохвицкий Михаил, Гоголь Николай, Бещтокъуэ Хьэбас, ГубэщIыкI Владимир, Пхъэшх МуIэед, нэгъуэщIхэми я тхыгъэхэм, гупсысакIуэхэу Къэзэнокъуэ Жэбагъы, Конфуций я жыIэгъуэхэм, псалъэ шэрыуэхэм яхуищIа сурэтхэм удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Абыхэм къыхощ Жылэ Анатолэ литературэм лъагъуныгъэшхуэ зэрыхуиIэр. Шэч зыхэмылъыжращи, Анатолэ и сурэтхэм я фIыгъэкIэ а тхыгъэхэр тхылъеджэхэм нэхъ гъэщIэгъуэн, гурыIуэгъуэ тщохъу. Псом хуэмыдэу гъэм и мазэ 12-р къехъулIащ. Сурэтым къощ зи гугъу ищI зэманыр сурэтыщIым и нэгу къызэрыщIыхьэр. Тхыдэр, гъащIэр, лъагъуныгъэр, дахагъэр, гупсысэр къыщыгъэлъэгъуа и лэжьыгъэхэм цIыхухэр дахьэх, абыхэм куэд щызэхэухуэнащ.
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ЦIыхубэ творчествэмкIэ и методикэ центрым и унафэщIу мы зэманым лажьэ Жылэр зэрысурэтыщI IэпщIэлъапщIэм къыдэкIуэуи, жэуаплыныгъэ ин зыхэлъ цIыху гуапэщ. Дэтхэнэ зы адыгэри иримыгушхуэнкIэ, иримыгуфIэнкIэ Iэмал иIэкъым Анатолэ къызыхэкIа лъэпкъым и гъуазджэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIым.
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: