Гъэм и кIыхьагъкIэ

«Псы къабзэ», «Къуажэхэм зегъэужьын» кэрал программэхэм хиубыдэу Аруан, Старэ Шэрэдж къуажэхэм псы зрикIуэ бжьамий километритI щыщIалъхьащ.
А къуажитIым, Псыгуэнсур яхэту, псы къыщIэшыпIищ щIэуэ щаухуащ. Псы къыщIэшыпIэхэмрэ псы зэбгрытыкIыпIэхэмрэ я щытыкIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ щIыналъэ администрацэм игъэхьэзыращ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Аруан щIыналъэм и коммунальнэ хуэIухуэщIэхэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэн» фIэщыгъэм щIэт программэ щхьэхуэ. Ар 2023 гъэ пщIондэ ягъэлэжьэнущ. Апхуэдэу щIыналъэм хиубыдэ жылэхэм я администрацэхэм ягъэхьэзыращ къуажэхэр тэмэму псы зэфэнкIэ къызэгъэпэщыным теухуа дэфтэрхэр. Абыхэм къызэрыхэщымкIэ, сом мелуан 646-рэ и уасэ лэжьыгъэ зэфIагъэкIыну я мурадщ.
Аруан щIыналъэм и гъуэгуухуэхэри илъэсыщIэм зэпэщу IущIэнущ. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт хуэIухуэщIэхэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу мы гъэм Нарткъалэ и Къэбэрдей, Свободэ, Терскэ, Дербентскэ, ПащIэм и цIэр зезыхьэ, Аруан къуажэм и Колхознэ уэрамхэр зэIузэпэщ ящIащ.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: