Зэ девгъэгупсысыж

Къэрал Думэм и зэхуэсу щэкIуэгъуэм и 25-м екIуэкIам цIыхухэр гуитIщхьитI зыщIа жэрдэмкIэ утыку къыщихьащ Дагъыстэным щыщ депутат Хамзаев БийсулътIан. КъулыкъущIэм урыс лъэпкъым теухуа къэрал хабзэр хъуэжыпхъэу, «россиянхэр» фIэщыгъэр гъэкIуэдыжауэ, «урыс цIыхубэ» псалъэ зэпхар ди къэралым ис псоми ехьэлIэн хуейуэ къелъытэ.
 «Сэ сызэреплъымкIэ, урыс лъэпкъым теухуа къэрал хабзэщIэ къыдэгъэкIыпхъэщ, - жиIащ Хамзаевым. – Урысейм лъэпкъ куэд щопсэу, ауэ щыхъукIэ и цIыхубэр зыщ. «Лъэпкъ куэду зэхэт Урысей Федерацэм и цIыхубэ», - жыдоIэ дэ. Си гугъэмкIэ, «Урысей Федерацэм щыпсэу урыс цIыхубэр» жыIэн хуейщ».
 Хамзаевыр зэрегупсысымкIэ, СССР-м щызекIуа «совет цIыхубэ» фIэщыгъэм зэхигъэзэрыхьар зэхэхыжын хуейщ. «Россиянхэр» псалъэм зезыгъэубгъуауэ щытар Ельцин Борист. Нобэрей жылагъуэр ипэкIэ кIуэтащи, «урыс цIыхубэ» псалъэхэр бзэм къыщигъэсэбэпыным хуэхьэзырщ. Иджырей урыс цIыхубэм хеубыдэ славянхэр, лъэпкъыбэу зэхэт Дагъыстэныр, Тэтэрстаныр, Шэшэныр, Башкортостаныр, Удмуртиер, Якутиер, къинэмыщIхэр. КъулыкъущIэхэм «сэ сыурысщ» псалъэм и мыхьэнэр IузэIуэу къагъэсэбэпри, цIыхухэр ягъэбэлэрыгъ. Псори зы жыIэкIэм дытевгъэт, жи. Лъэпкъым и цIэр сыт щыгъуи зрапхыр бзэрщ, депутатыр зэреплъымкIэ. Псалъэм папщIэ, Дагъыстэным даргинхэмрэ къумыкъухэмрэ щызэпсалъэкIэ, къагъэщхьэпэр урысыбзэрщ. НтIэ, дауэ абыхэм узэреджапхъэр? ИджыпстукIэ «дагъыстэн цIыхубэр» жыдоIэ. Ауэ зебгъэубгъумэ, «урысхэр» жыIэн хуейщ. ФщIэжыркъэ Гамзатов Расул къызэринэкIа псалъэхэр: «Дагъыстэным сыщыаварщ, Мэзкуу сыщыдагъыстэнщ, къэрал щIыбым сыщыурысщ». Хамзаевым къызэрыфIэщIымкIэ, мыурысхэм я лъэпкъыбзэхэр зыкIи игъэпудыркъым апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм, ахэр нэхъ къаруунши нэхъ гъащIэ кIэщIи ищIыркъым, сыту жыпIэмэ, а псори лъэпкъ республикэ къэс и конституцэм итщ, ауэ щыхъукIэ псори «урыс дунейм» дрицIыхущ.
 Мы къыхэплъхьа IуэхумкIэ зэхуэбгъэхъуну узыхуейр, щIагъыбзэу щIэплъхьэр сыт, - жиIэу, Хамзаевым зыхуэзыгъэза журналистым къыIэрыхьа жэуапыр мыращ:
 - Сэ пхызгъэкIыну сызыхуейр зыщ: «урыс цIыхубэ, урыс народ» жыхуаIэ псалъэхэм я мыхьэнэр зэрынэхъ куурщ. Мис, сэ урысыбзэкIэ сынопсалъэ, пэжкъэ? Ауэ щыхъукIэ, сэ лъэпкъкIэ сыкъумыкъущ, Дагъыстэным сыкъыщалъхуащ. ФIы дыдэу сощIэ икIи солъагъу си анэдэлъхубзэр, урысыбзэкIи шэрыуэу сопсалъэри, «урыс дунейм» сызэрыщыр хабзэу къезгъэщтэну сыхуейщ. КъинэмыщIауэ, «урыс цIыхубэ» жыхуаIэр къэрал хабзэкIэ щIэгъэбыдапхъэу къызолъытэ. Илъэс 25-рэ хъуауэ «россиянин» фIэщыгъэр ди жылагъуэм хапщэну хэтати, къехъулIакъым. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, «россиянин» псалъэм къилэжьынур къилэжьащ. Аращи, «урыс цIыхубэ» мыхьэнэм хегъэубыдэн хуейщ Урысей Федерацэм щыщ лъэпкъ псори. Дыхуейми дыхуэмейми, хамэ къэралхэм я пащхьэм дэ псори дыщыурысщ. «Россиянин» псалъэр зыми къыгурыIуэркъым. ДызэфIэнэжыным щIэхъуэпс хьэгъапхъэхэм я лъэр щIэзудыну сыхуейщ. КъинэмыщIауэ, дэ къулыкъущIэ гуэрхэр диIэщ «Урысейр зейр урысхэращ» жаIэу. Апхуэдэхэр лъэпкъ республикэхэми щымащIэкъым. ТIуми фIым дыхуашэркъым.
 Мы гупсысэмкIэ жылагъуэр къэзыгъэпIейтеяр дагъыстэн депутатым и закъуэкъым. Къэрал Думэм и УнафэщIым и къуэдзэ Толстой Пётр «Дакъикъэ 60» нэтыным ардыдэр нэхъ пхъашэу щыжеIэ. «Дэ езыр дыкъуаншэщ «россиянхэр» псалъэр зэрыщыIэмкIэ, - и фIэщу мэшхыдэ Толстойр. – Ельциным тэтэрхэм, хьэмэ хэтыт абы иджыри зи жагъуэ имыщIыну хуеяр, къысхуэщIэжыркъым. Сытми, адрей лъэпкъхэм зэреджэн псалъэ къыхуегъэзэгъыртэкъыми, Бурбулис Геннадий ар арэзы ищI щIыкIэу, Даль Владимир и псалъалъэм кърихри, «россиянхэр» псалъэр къыIуридзащ. Абы лъандэрэ дэ, урысхэм, ди Хэку Урысейм дисыжрэ пэт, зи мыхьэнэр мыгурыIуэгъуэ а псалъэр къэдгъэсэбэпын хуей мэхъу. Гу лъыфтэт! Урысейм е урысхэм ятеухуауэ Iей гуэр жызыIэну хуейхэрщ ар щIэх-щIэхыурэ къытхудэзыгъэжейр. СССР-м щыщу щыта къэралхэми къыщагъэщхьэпэр а «россияне» псалъэрщ. «Урысхэр ипэкIэ мэкIуатэ» жаIэркъым, «россиянхэр ипэкIэ мэкIуатэ». Я деж музейхэр къыщызэIуахри, гуахъуэрэ бжэмышхрэ зэраIыгъыфымкIэ «россиянхэм» я щIыхуэ ятелъу тхьэ щаIуэж. Аращи, дэ езым «россиянхэр» щыжытIэм деж, Урысейр зылъагъу мыхъухэм жаIэр ядэтIыгъыу аращ. Дэ дылъэпкъыбэ къэралщ. Ди къуэшхэу авархэр, шэшэнхэр, тэтэрхэр, башкирхэр псори урысщ. Ахэр Урысейм щIыщыпсэум щхьэусыгъуэ иIэщ. Тхыдэр апхуэдэу къекIуэкIащ. Грозный Иван Къэзан къалэр къыщIищтар нобэ «россиянхэр» жытIэн щхьэкIэкъым. ИкIи жытIэнукъым!»
Мы утыку кърахьа гупсысэм урысуи мыурысуи куэд зэгуигъэпащ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, депутатхэр зытепсэлъыхь башкирхэми, тэтэрхэми, дагъыстэнхэми, адыгэхэми Урысейм щыщыныр щIафIэфI щхьэусыгъуэхэм язщ я лъэпкъыцIэми, абы епха хабзэхэми, бзэми къытенэжыну Iэмал зэраIэр. «Сыт тэтэрхэм, башкирхэм, таджикхэм «дыурысщ» щIыжаIэнур? Дэ дыхэт итIанэ?» - жаIэ урысхэми. ЩIыпIэцIэмрэ лъэпкъыцIэмрэ зэхэбгъэзэрыхь зэрымыхъунур цIыху балигъым езыр-езыру къыгурыIуапхъэщ. «Тхыдэр апхуэдэу къекIуэкIащ» псалъэухам кIуэцIышыхьа пэжри зымыщIэ «россиян» щыIэкъым.
«Сэ сыурысщ, сехъулIащ! Сэ сыурысщ! Дуней псом и ней къысщрехуэ!» - а псалъэхэр зи ежьу Шаман (Дронов Ярослав) и уэрэдым щIигъэпхъуа «хэкулIхэращ» зи гупсысэ зэIытпщIыкIыр. Дэтхэнэ лъэпкъми щыщ цIыхум а гупсысэ дыдэхэр зэриIэр зэзэмызэ я пщIыхьэпIэм къыхэхуэми ягъэ кIынутэкъым абыхэм.
 ЩэкIуэгъуэм и 28-м екIуэкIа Дунейпсо урыс соборым и XXV зэхуэсым Путин Владимир гурыIуэгъуэу щыжиIащ «урыс дуней» жыхуаIэм къикIыр: «Урыс дунейр – ди адэжьхэмрэ ди щIэблэмрэщ, абы къызэщIеубыдэ псэкупсэ гурыщIэкIэ Урысейм епхауэ зыкъызыщыхъуж псори, урысыбзэр, урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ езым ейуэ къэзылъытэжхэр, езым и лъэпкъми уеблэмэ динми емылъытауэ… Урыс лъэпкъыр, урыс цIыхубэр хэмыту, урыс дунейри езы Урысейри щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым».
 Абы иужькIэ упщIэ щыIэн хуейкъым, узыхиубыдэмрэ узыхимыубыдэмрэ зэхэбгъэкIын папщIэ.
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: