ДжэдыкIэщIэ къыщIагъэкI

 Илъэс блэкIам и иужьрей махуэхэм джэдыкIэм и уасэр дэуеяуэ щытащ. ИлъэсыщIэ махуэшхуэр зэрыгъунэгъум и мызакъуэу, абы щхьэусыгъуэ иIэт - къэралым джэдыкIэр къемэщIэкIырт. Махуэ зыбжанэ дэкIри, ахэр Тыркум кърашын щIадзащ. Ауэ иджы цIыхухэр зыгъэпIейтейр нэгъуэщI Iуэхущ: Китайм джэдыкIэ нэпцI къыщагупсысащ. 
 Пэжым и хьэтыркIэ, ерыскъырэ гъавэкIэ бей зэпыту къекIуэкI ди щIыналъэхэм «къалэ джэдыкIэми» пщIэ егъэлея зэи щыхуащIакъым. Хэти ещIэ къуажэ джэдэщхэм къыщIаха джэдыкIэхэм джэд фабрикэхэм къыщрахахэр зэи зэралъэщIымыхьэнур. Ауэ а зэдмыпэсыщэ къалэ джэдыкIэри къыдигъэщтэжынкIи хъунущ мы Китайм къыщежьа лIэужьыгъуэщIэм. Нобэ-пщэдей зэдауэ гуэрхэр иращIэкIынщи, махуэ къэс телъам хуэдэу, джэдыкIэ нэпцIхэр адрей тцIыхухэм хагъэзэрыхьынщ, уеблэмэ ахэр нэхъыфIу ди фIэщ ящIынщ. Аращи, рекламэ зыщIыфхэр къыдэмыбгъэрыкIуэ щIыкIэ, зэхэдвгъэгъэкI мы китай джэдыкIэхэм я Iуэхур. 
 Сыт къызыхащIыкIыр китай джэдыкIэ нэпцIхэр? Абы халъхьэ къомым нэхъ зи цIэ зэхэтхауэ яхэтыр кальций, калий шыгъухэрщ, къинэмыщIауэ, гипс, парафин, желатин, лимон фIэIупс, бензой фIэIупс, бзэху ахъшэдэщ. ДжэдыкIэр зэращIыр мыпхуэдэущ: япэщIыкIэ псы хуабэм калийм и шыгъур щызэIахри, абы кальций, желатин, бензой фIэIупсыр, бзэху ахъшэдэщыр халъхьэ. Ахэр зыщыщхъу хъуа нэужь, джэдыкIэпс хуэдэр хьэзыру аращ. АдэкIэ кугъуэр догъэхьэзыр. Иджы ищхьэкIэ зэхэтпщахэм лимон фIэIупсрэ шхыныгъуэхэр зэрыраIэ плъыфэ гъуэжьрэ хыдолъхьэжри, щхьэхуэу къупхъэ хъурейм идокIэ, ар калийм и шыгъу зэIыхам халъхьэж. Сыхьэт хуэдизкIэ хэлъа нэужь, кугъуэ хуэдэр къыхахыжри ягъэгъущ. ИтIанэ ар джэдыкIэпсым хуащIа къупхъэм иралъхьэри, аргуэру калийм и шыгъу зэхэщIам хагъэлъ. ДжэдыкIэр хьэзыр хъуакIэщ, ауэ фэ телъкъым. Фэ игъуэтын папщIэ, джэдыкIэ хуэдэр иджы парафиным, гипсым, кальций шыгъум къыхэщIыкIа ткIуаткIуэм халъхьэри, джэдыкIафэ къытолъадэ. 
 Иджы упщIэ къоув. Сыт джэдыкIэ нэпцI ящIын хуей щIэхъуар? ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы ахъшэшхуэ къыпхущIэхынущ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, сомищэкIэ нэхъ пуду джэдыкIэ къэсщэхуащ жиIэу къыщIэлъэдэжыну унэгуащэр? ДжэдыкIэ нэпцIхэм ахъшэу ятекIуадэр процент 25-кIэ нэхъ мащIэщ, джэдыкIэ пэж дыдэхэм елъытауэ. Абыхэм «мы пIалъэм фIэкIмэ, пшхы хъужынукъым» щIахужыпIэн щхьэусыгъуи иIэкъым, ахэр зэи зэIыхьэнукъым! 
 IуэхущIэ къежьагъащIэ псоми пэжи хуэгъэфэщэныгъэ куэди пыщIа зэпытщ. Дэри зэкIэ догугъэ ди джэдыкIэхэр дрикъужыну. Ауэ ахэр Тыркум кърашын зэрыщIадзами уегъэгузавэ. ФщIэжтэкъэ ди хадэгъэкIхэм я нащэхэр Iуащхьэу гъуэгубгъум щызэтелъу, апщIондэху Индием «нащэ цIыкIухэр гъэфIэIуауэ» кърашу зэрыщытар? Аращи, дывмыгъэбэлэрыгъ. Джэд зыгъашхэ щыдикуэдкIэ, иджы джэдылым и мызакъуэу, джэдыкIэми уасэшхуэ зэриIэм абы елэжьхэр тегъэгушхуапхъэщ. 
Дуней псом джэдыкIэ къыщIэгъэкIынымкIэ япэ итхэщ Китайр, США-р, Индиер. ДжэдыкIэ шхынкIэ псоми ятекIуэр Мексикэрщ. КъызэрабжамкIэ, мы къэралым щыщ псоми махуэ къэс зы джэдыкIэрэ ныкъуэрэ яшх. Урысейр а къебжэкIым зэрытыр I2-нэ увыпIэрщ. 
ЗэкIэ китай джэдыкIэхэр щызекIуэр езы къэралым нэхъ ину дэт къалэхэрщ: Пекин, Шанхай, Гуанчжоу. Шхыныгъуэ хэплъыхьарэ лъэпкъ пщэфIэкIэкIэ цIэрыIуэ китайхэри къимыгъэгубжьынкIэ Iэмал иIэкъым, дауи, я джэдыкIэщIэхэм. ЗэкIэ ахэр къэралым къабыл ищI шхапIэхэм нэсакъым. ЦIыхухэм къазэрыщыхъум еплъу арагъэнщ. КIуэ, ресторанхэм, кафехэм нэхъ щызэбгрокI. 
 Урысейм къэсын гугъэ щыIэ а джэдыкIэхэр? Шэч хэмылъу. Япэрауэ, Китайр ди ныбжьэгъу къэралщ. ЕтIуанэрауэ, джэдыкIэхэр къыдомэщIэкI. Иджыблагъэ Пермь къалэм и Iэгъуэблагъэм зыгуэр щытхьэусыхащ джэдыкIэ нэпцI бэзэрым къыщысщэхуащ жиIэри. Напэ къабзэкIэ щэн-щэхуэным бгъэдэмыхьэ сатуущIэхэми уахуэбэлэрыгъ зэрымыхъунур псоми дощIэ. Ди телефонхэр щащIам девгъэплъыжи, шэч къытедвмыгъэхьэ джэдыкIэ нэпцIри ди унэ къызэрысынум. 
 Дауэ-тIэ джэдыкIэ нэпцIхэр пэжхэм къазэрыхэпцIыхукIынур? Япэрауэ, нэпцIхэр нэхъ хъурейщ, мыдрейхэм елъытауэ. ЕтIуанэрауэ, я джэдыкIафэр нэхъ лыду, пхъашэу щытщ. Ещанэрауэ, джэдыкIэр пкъутэмэ, кугъуэмрэ джэдыкIэпсымрэ тэлай зэрыдэкIыу зэхолъэдэж. ДжэдыкIэ пэжым апхуэдэ къыщыщIыркъым. Кугъуэри джэдыкIэпсри зэхэзэрыхьыркъым. Иджыри зы: джэдыкIэ пэжым и фэр мафIэм исыркъым. ДжэдыкIэ нэпцIым ейр ес. 
 ДжэдыкIэ пэжыр бгъавэмэ, кугъуэм и гъунэхэр мащIэу щхъуафэ мэхъу. ДжэдыкIэ нэпцIым ар къыщыщIыркъым, езы кугъуэри щащэркъым. ДжэдыкIэпсыр гъуэжьыфэ мэхъури мэщащэ, джэдыкIэ пэжым ейр хужьщ икIи быдэщ. 
 Ерыскъы нэпцIым и гугъу щытщIкIэ, дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ апхуэдэхэр мымащIэу зэрыщыIэр. ЗэрылъапIэм къыхэкIыу, нэхъыбэу нэпцIкIэ яхъуэжхэм хохьэ бдзэжьей хугу фIыцIэмрэ плъыжьымрэ, фор, оливкэ дагъэр, шафраныр, сое шыпсыр. 
 Иужьрей упщIэращи, сыт хуэдэ зэраныгъэ Iэпкълъэпкъым къыхуихьынкIи хъунур китай джэдыкIэм? ДжэдыкIэ нэпцIыр бгъавэрэ пшхымэ, хьэфэ топ гъуэжь цIыкIуу уи кIуэцIым итIысхьэу аращ. Балигъхэр къэгъэнауэ, джэдыкIэ нэхъыбэу зрагъэшх сабийхэм бзэху ахъшэдэщыр зэран зэрахуэхъунум шэчышхуэ хэлъкъым. 
 А къомыр къыщIедгъэкIуэкIар ди щIэджыкIакIуэхэм къагурымыIуапIэ иIэкъым. Уи къуажэ, уи хадэ, уи пщIантIэ, уи губгъуэ, уи Хэку къыщIэплъыхъуэжыр апхуэдэ гуэрщ. «Узыдэмыхьа къуэладжэ лы дэзщ» псалъэжьри а гупсысэм поджэж. Уи щхьэ пхъумэжын Iуэхур Iуэху цIыкIукъым, абыкIэ уи фэри уилри зэса уи щIыпIэм зыри къытекIуэнукъым. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: