Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр щIэныгъэлIырщ

            Алыхьталэм и нэфI лъэпкъым зэрыщыхуар кърипщIэну зы нэщэнэ щыIэщ: щIэныгъэм хуэщIахэр нэхъыбэ мэхъу. Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и егъэджакIуэ нэхъыжь, «Мансур» мэжджытым и Iимам Щхьэныкъуэ Анзор шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор зэрыхъуа хъыбарым щымыгуфIыкIа, зи щхьэ лъагэу зримыгъэIэта цIыху куэд къинэжа къыщIэкIынкъым мы махуэхэм ди республикэм.

Иорданием и щыхьэр Амман къалэм Iустаз Анзор щыпхигъэкIа диссертацэр теухуат Кавказ Ищхъэрэм XIX лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ дызэрыт зэманым нэс муслъымэн щIэныгъэм зэрызыщиужьам. Iустаз Анзор дохъуэхъу и щIэныгъэм и хъер и щхьэкIи и унагъуэкIи къекIыну. Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэри Алыхьым хьэлимыншэ димыщIкIэ.   

         Зэман гугъум гур зыIэтыф псалъэкIэ утыку къихьэфахэм язщ Щхьэныкъуэ Анзор. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэу муслъымэнхэм къатехьэ лейм дызэрыхущытынумрэ нобэрей щытыкIэм арэзы дыкъызэримыщIым ди лъэр щIедгъэх зэрымыхъунумрэ щIэныгъэлIыр щытепсэлъыхьа и хъутIбэм щыщ пычыгъуэмкIэ дывдэгуэшэныр тфIэигъуэщ. 

        - Тенджыз куум кхъухь тетщ. А кхъухьым зыгуэр къыщыщIамэ, ар щIилъэфэнкIэ шынагъуэ щыIэмэ, сыт тенджыз Iуфэм Iут цIыху IэпцIанэ-лъэпцIанэхэм, зи Iэмалхэр мащIэхэм абы хуащIэфынур? «Ситхьэлэнуми, сыхыхьэнущ», -  жыпIэныр губзыгъагъэ? «Сыхыхьэмэ, сыщитхьэлэнукIэ, сыхэмыхьэу мыбдежым псы Iуфэм зыщытезгъэунщ, сыщыджэгунщ», -  жыпIэнри захуагъэ? «Иджыпсту салъэмыIэсыфми, пщэдей салъэIэсыфын хуэдэу, е мыбыхэм садэмыIэпыкъуфми, пщэдей апхуэдэ утыку нэгъуэщI ихуэмэ, сыхуэщхьэпэфын хуэдэу зызгъэхьэзырынщ», - жыпIэныр аракъэ Алыхьталэр зыхуейри акъыл къабзэм укъызыхуриджэри? Алыхьышхуэм щыжеIэ КъурIэн лъапIэм: «ЯжеIэ абыхэм: влэжь фи лэжьыгъэри, ялъагъунщ ар Алыхьми, Алыхьым и лIыкIуэми, муIминхэми. ИужькIэ щэхури нахуэри зыщIэм и деж вгъэзэжынщи, влэжьам и мыхьэнэр флъагъужынщ, къыпэкIуэ псапэри къыфIэрыхьэжынщ». Зыгуэр пхузэфIэмыкIмэ, абы уигъэщхьэжагъуэу, адрей пхузэфIэкIыр къэбгъэнэн хуейкъым. Абы нэхърэ нэхъ Iеижращи, зыгуэр пхузэфIэмыкIмэ, гуэныхь къэпхьу, тегъэупIэ, джэгупIэ улъыхъуэу удэувэж хъунукъым. ШейтIаныр аращ зыхуеиххэр. Уи Iэр ебдзыхыжыну, зыри уримыщIысу, пщIэми зыри къимыкIыу къыпщигъэхъуу, гуэныхьым уригъэтхьэлэну, езым къыщыщIам ещхьу. Нобэ муслъымэнхэм куэд яшэч, лей куэди къатохьэ. Ауэ ар нобэ къежьауэ нобэ иухыну, зыухынури дэрауэ къытщыхъуж хъунукъым. Къытщыхъужми, ди тхыцIэр зэпищIыкIынурэ, гугъи димыIэжу дыкъызэхэнэнущ. ЩыIэжкъым муслъымэнхэр псори зы къэралыгъуэу, зы унафэм щIэту щыщыта зэманыр. ЩIым и гъунэм деж зы муслъымэным лей къыщытехьэмэ, щIылъэр ягъэсысу муслъымэныдзэр къыщысу щытар. Нобэ муслъымэнхэр зэбгрыдза хъуащ, къэрал цIыкIу-цIыкIуу загуэшащ е ягуэшащ, я муслъымэныгъэми фIыуэ кIэрыхуащ, зыр адрейм хущытын зэрыхуейми икъукIэ зихъуэжащ.  Абы хэлъхьэж я зэхуаку дэлъ зэгурымыIуэныгъэ къомыр, суннитрэ шииту зэригуэшыр, адэкIэ суннитхэм зэрызагуэшыжыр, я зыгуэшыным политикэ куэдрэ щхьэзыфIэфIыныгъэрэ къызэрыхэзэрыхьыжыр.  А псом иужькIэ догъэщIагъуэ иджыри муслъымэн куэд дунейм зэрытетыр, я гур адрей муслъымэнхэм щхьэкIэ узу, сыт хуэдэ щытыкIэ яIэу щытми, абыхэм ядэувыну хьэзыру. Апхуэдэ гу къабзэ-псэ къабзэхэращ гугъэ къыдэзытыжри, муслъымэнхэм я къэкIуэнур нэхуу къытщызыгъэхъури.

Пэжращи, цIыху къэскIэ езым хузэфIэкIынур къыгурыIуэжу, нэхъ зыхэзэгъэнури зэхигъэкIыжу, и гъащIэр абы триухуатэмэ, а лъэныкъуэр иригъэфIакIуэу псэуатэмэ, апхуэдэу декIуэкIатэмэ, абы нэхърэ нэхъыфI нобэ тхуэлэжьынутэкъым. Ауэ дэ ди зэхэтыкIэр апхуэдэкъым. Дэ тщыщ куэд зэгъусэу зы лъэныкъуэмкIэ дыщIопхъуэ, ар мыхъумэ, аргуэру зэгъусэу нэгъуэщIыпIэкIэ дожэ, ауэ икIэм-икIэжым зыми дыщымыщу дыкъыщIокIыж. Е дин щIэныгъэм дохъуапсэри, куэд дин щIэныгъэлI дыхъуну дыхуейуэ дожьэ, къыттехьэлъэмэ, дыкъокIуэтыжри, дин щIэныгъэми дуней щIэныгъэми дыщымыщу дыкъонэж, а зэдгъэщIа мащIэмкIэ зыр адрейм депыджу дызэхэсщ. Сату Iуэхум ехьэлIауэ къащти, апхуэдэ дыдэщ.  Зыгуэрым зыгуэр къехъулIауэ зэхэтхмэ, хэзэгъэнури хэмызэгъэнури абы дыхохьэ, дызыхыхьар зэIыдощIэ, дэри дыкъызэIещIэри, зыр зым дыхукIэщIэплъыжу, дыхуэпсэлъэжу дызэхоувэж. 

Ауэ муслъымэн Iумэтыр хъерыншэ зэи хъунукъым. Щапхъэ дахэ зыгъэлъэгъуэфхэр диIэщ икIи сытым дежи диIэнущ. Нобэ зэхэтхар Алыхьталэм сэбэп тхуищI. Алыхь ину псори зи IэмыщIэ илъым, зи унафэм зыри щIэмыкIыфынум зыхудогъазэри, долъэIу ди къуэш муслъымэнхэу лей къызытехьэхэм жьауэ яхуэхъуну, я гущIэгъум химыныну,  я насыпыр тригъэкIуэну, я хъыбарыфI зэхыдигъэхыну.

                                               ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться:

Читать также: