ИлъэсыщIэ тыгъэ

ИлъэсыщIэм ипэ иту ди республикэм и кIэм щынагъэс гъэ псом зэфIагъэкIын хуейуэ яубзыхуа Iуэхухэр.
Апхуэдэу Ислъэмей къуажэм и кIэм щынэблэгъащ «Щэнхабзэ» пэхуэщIэм хиубыдэу зэрагъэпэщыж ЩэнхабзэмкIэ унэм иращIылIэ лэжьыгъэхэр. 1957 гъэм цIыху 450-рэ щIэхуэу ящIа унэр 2010 гъэм лъандэрэ къагъэсэбэпыжыртэкъым, кхъахэ хъуауэ щытыкIэ шынагъуэм зэритым къыхэкIыу. Псом хуэмыдэу зыпэмылъэщыжыр гъуанэпщIанэу телэжьыкIа унащхьэмрэ блын къэчахэмрэт.
Иджыпсту сэкъат зыгъуэта пкъыгъуэхэр хагъэкъэбзыкIри, унащхьэр, псыр унэм зэрыщIашэ икIи къызэрыщIашыж бжьамийхэр, электрокъарур зрикIуэ кIапсэхэр щIэкIэ яхъуэжащ, пэш кIуэцI, унэ щIыб лэжьыгъэхэм иджыри иужь итщ.
ЗэIузэпэщ ящI ЩэнхабзэмкIэ унэм къуажэдэс щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ щыхуагъэсэнущ къэфэным, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэным, сурэт щIыным, къуажэдэсхэм папщIэ махуэшхуэ дауэдапщэхэри щрагъэкIуэкIынущ. Лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсынущ ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ