Азэмэт – шахматист

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм Анетэ цIыкIу и анэшым къэкIуауэ щыIэт. Гъэ еджэгъуэр «тху» защIэкIэ къэзыуха цIыкIум Iыхьлыуэ иIэр щыгуфIыкIынтэкъэ? Псори щыгуфIыкIащ. «Феплъыт ди хъыджэбз цIыкIум и оценкэхэм», - жаIэу зэIэпахырт абы къалэм къыздриха и дневникыр.
Азэмэт я унагъуэм къэкIуа хъыджэбз цIыкIур щIэх дыдэ ныбжьэгъу къыхуэхъуащ. ЗэрицIыху махуэрэ ар шахмат джэгуфу игъасэрт. Арат Азэмэт и хабзэр. Хэт ныбжьэгъу къыхуэхъуми шахмат джэгуфрэ мыджэгуфрэ зэригъащIэрт. ИщIэрэ – дэджэгурт, имыщIэмэ – джэгуфу иригъасэрт.
Зэрыхабзэщи, шахмат джэгуф цIыкIухэм балигъхэми нэхъ пщIэ лей къыхуащI. Азэмэти сытым хуэдэу фIыуэ къалъагъурэ я хьэблэм. Балигъхэм щыщу хигъэнэфри мащIэкъым. «Азэмэт» къудейкъым абы къызэреджэр, атIэ «Азэмэт-шахматистщ».
Анетэ ещхьу, Азэмэти «тху» защIэщ иIэр, физкультурэ закъуэм къинэмыщIа. Абы и тхьэмбылым щIыIэ хыхьэу и гум зритыжыну ищIа, джэгуным дихьэхыу и лъакъуэр псыф хъуа къудей щхьэкIэ? ИщIакъым. Абы къыхэкIыу еплIанэ классыр къиухыху, и нэ къызыхуикIыу щыта физкультурэм хыхьэну дохутырым хуит ищIакъым. Езым физкультурэмкIэ «тху» имыIэныр фIэемыкIущ. Арагъэнущ абы и дневникым Анетэ къыщIэупщIэху «щIызэхимыхри».
Анети стIолыщхьэ теннисымкIэ зэфIэкI иIэми, анэшым къызэрыкIуэрэ шахматым дихьэхат, хьэблэми яхэсыхьат. Азэмэти, зи мыувыIэу, абы дэIэпыкъурт.
Зэгуэрым Азэмэтрэ Анетэрэ шахмат джэгуу школ мывэ хъунэм и лъабжьэм щIэст. Мывэ блыным къыщхьэпрылъэта баскетбол топ хьэлъэр бэлэрыгъауэ щыс Азэмэт и натIэм зэуэ къытехуэри, и лъакъуэхэр дэгъэзеяуэ джэлащ. Къэтэджыжыну хунэсатэкъым, имыцIыху щIалэ цIыкIу гуэр мывэ къалэм къыщытехутам. Азэмэт топым къызэрыриудар щIалэ цIыкIум хуабжьу дыхьэшхэн щыхъуат. Анети дыхьэшхырт. Топ къищтэжар щIым тригъауэурэ, баскетболистыр Анетэ къыхуеплъэкIащ:
- Уэ къалэм дэт еханэ школым ущеджэркъэ?
- Сыщоджэ, - къэтэджащ Анетэ.
- Ебланэ школым теннис ущыджэгуакъэ?
- Пэжщ, сыщыджэгуащ. Ар уэ дэнэ щыпщIэрэ? Сэ уэ усцIыхуркъым.
– Сэ ебланэ школым сыщоджэр. Етхуанэ класс сыхъуащ. Шахмати уджэгуфрэ?
- Соджэгуф. Азэмэт сригъэсащ.
- Шахмат фыджэгуну пасэщ фэ, - ауаныщIу жеIэр щIалэ цIыкIум. – Си гугъэмкIэ, шахмат джэгуу щысыфынур жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэщ.
А псалъэхэр Азэмэт щызэхихым и фэр пыкIащ. Абы зэбгрылъэлъа шахматыр зы псалъи жимыIэу зэщIикъуэжырт.
- Атлетикэ псынщIэращ, армыхъу сыт шахмат мыгъуэр зищIысыр? – зегъэщIагъуэр модрейм. Топ иIыгъым ину лъапэкIэ еуэри, мывэ блыным щхьэприхужащ. Псэлъэрейуэ къыщIэкIа къалэдэсым ахэр топ игъэджэгуну иригъэблэгъащ.
- НакIуэ пэжу, Азэмэт, шахмат мыхъумэ нэгъуэщI джэгукIэ щымыIэж нэхъей, дыщысщ. – Азэмэт ищIэнум пэмыплъэу, Анетэ баскетболистри къыдэIэпыкъуурэ, мывэ блыным елъащ.
Азэмэт шахматыр и блэгущIэм щIэлъу унэм мэкIуэж. «ХьыI! Къалэдэс! Етхуанэ класс! «Къысхуэгъэгъу» зэрыжаIэр пщIащэрэт уэ! Анети ныбжьэгъу пэжкъым…»
Азэмэт нэщхъейт. Шахматми гукъыдэж хуиIэжтэкъым. Пщэдджыжьым ар и анэм бгъэдыхьэри елъэIуащ:
- Мамэ, кхъыIэ, дохутырым деж сышэ. Сэ къызэузыжIауэ къысхуэщIэркъым. Сэ сыхуейкъым, мамэ, шахматым сыбгъэдэсурэ, топ къэлъеям сыкъриудыну. Сэри сыхуейщ топ сыджэгуну, сыкъэжэну, сыкъэлъэну. Иреджэгу ныкъуэдыкъуэхэмрэ жьы хъуахэмрэ шахмат! – Азэмэт пщтырагъ имыIэ щхьэкIэ, и нэкIущхьэхэр дэпу къызэщIэнат…
Дохутыр къеплъам, къедэIуам «ухъужащ» щыжиIэм, Азэмэт цIыкIу зэуэ и нэпсхэм къызэпажыхьащ. Iэминати и гуфIэгъуэ нэпсхэр IэдакъэкIэ щIилъэщIыкIырт.
- Сэ ин сыхъумэ, армэм сагъэкIуэну? – йоупщI Азэмэт дохутырым.
- Iэмал имыIэу, Азэматик! Сэ бжесIаи узэрыхъужыпар.
Зэанэ-зэкъуэр сымаджэщ пщIантIэм къыдэкIыжауэ унэм мэкIуэж. Азэмэт иджы спорт лIэужьыгъуэу щыIэм игури и псэри хуитхьэщIыкIат. Гу лъамытэххэу абыхэм Анетэ къабгъэдэлъэдащ:
- Азэмэт, кхъыIэ, къысхуэгъэгъу, - лъаIуэрт ар. – Сэращ а махуэм щыуар. Уэ зыри жыпIакъым, сэри усымаджэу сщIакъым, армыхъу плъагъунт а щIалэ цIыкIу щхьэгъавэм жесIэр. Зыщыгъэгъупщэж абы кърибжэкIахэр. ПщIэрэ, сегупсысыжыпащи, а шахматым нэхъыфI спортым хэтыххэкъым. Плъагъуркъэ, зэхэпхыркъэ, радиоми газетми Каспаровымрэ Карповымрэщ Iуэхуу яIэжыр. Сынохъуэхъу абыхэм хуэдабзэу уэри, Азэмэт, шахматист цIэрыIуэ ухъуну! – жиIэри, и гур къызэфIэнауэ Iужыжащ Анетэ цIыкIу.
Азэмэт «упсэу!» жиIэну зигъэхьэзыра щхьэкIэ сыт - къыхудэшеякъым. А дакъикъэм Азэмэт ищIэртэкъым илъэс дэкIауэ Анетэ зэрыхуэзэжынур. Ари шахматкIэ зэпеуэн хуейуэ.
А махуэм Налшык щекIуэкIырт еджакIуэхэм я шахмат зэхьэзэхуэ. Иужь дыдэу зэхьэзэхуэм хэт хъыджэбз цIыкIур Азэмэт къыбгъэдэтIысхьащ.
- Уузыншэм, Азэмэт-шахматист! – Азэмэт занщIэу къицIыхужащ а псалъэхэр жызыIэр зэры-Анетэр.
Иджыри къэс езы Азэмэти егъэщIэгъуэж Анетэ абы щыгъуэ къызэрытекIуар.
 

 

ПЩЫХЬЭЩIЭ Сэлам.
Поделиться:

Читать также: