НОБЭ

ЩIышылэм и 11, махуэку

♦ФIыщIэ щIыным и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм и мэзгъэфIэнхэмрэ (заповедникхэмрэ) лъэпкъ паркхэмрэ я махуэщ

♦1943 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.

♦1995 гъэм УФ-м и Къэзыбж палатэр къызэрагъэпэщащ. Абы и япэ унафэщIу ягъэуващ Къэрмокъуэ Хьэчим.

♦1890 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Цей Ибрэхьим.

♦1899 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ я цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ.

♦1925 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Медалы Хьэчим.

♦1985 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Жыласэ Замир.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ.    Махуэм хуабэр градуси 2, жэщым  щIыIэр градуси 4 - 3 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Лыгъэ зыдзыр хесхьэж.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ