НОБЭЩIышылэм и 16, гъубж 1922 гъэм Балъкъэрыр Горскэ АССР-м къыхэкIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областыр РСФСР-м хэту къэхъуащ. 1929 гъэм къалъхуащ УФ-м и ЛIыхъужь, СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ-къэхутакIуэ Мэзэхъу Владимир. 1932 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий. 1943 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, АР-м и цIыхубэ артист ЛIыцIэрыIуэ Ким. 1956 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ Къашыргъэ Мухьэмэд. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 - 6, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Iущ и акъыл и гъуэмылэщ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 →
НОБЭ
|