Хэку журналистикэм щынэхъыщхьэрУрысей Печатым мы гъэм егъэлъапIэ и илъэс 321-р. 1703 гъэм, Петр Езанэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, дунейм къытехьащ япэ урыс газетыр - «Ведомости»-р, нобэ а газетым зэреджэр «Санкт-Петербургские ведомости»-щ. Абы и япэ номерыр дунейм къытехьащ щIышылэм и 13-м икIи аращ Печатым и махуэр абы техуэу щIагъэлъапIэри. Печатым и тхыдэм ухуеплъэкIыжмэ, 19-нэ лIэщIыгъуэм икухэм ди къэралым къыдэкIыгъуи 100-м нэблагъэ щызэфIэуват. Ар газетхэм я закъуэтэкъым, атIэ щIэныгъэ-публицистикэ, литературэ альманаххэр, жылагъуэ-политикэ, экономикэ, техникэ Iуэхухэр къэзыIэт къыдэкIыгъуэхэр дунейм къытехьэрт, уеблэмэ модэм теухуа журнали къыдагъэкIыу щIадзат. Тхыдэм къыхэщыжу дыщыгъуазэщ а лъэхъэнэм нэхъ цIэрыIуэу къыдэкIыу щытахэм: «Вестник Европы», «Северная пчела», «Московский телеграф». 1913 гъэм махуэ къэс къыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я бжыгъэр 400-м щынэсащ ди къэралым, абыхэм я тиражхэр ин дыдэт, къищынэмыщIауэ, тхьэмахуэм зэ фIэкIа къыдэмыкIхэр 2500-рэ хъурт. Хуабжьу гъэщIэгъуэнщ махуэм тIэу къыдэкI урысей газетипщI зэрыщыIар. ЦIыхухэм хъыбарыщIэхэр и чэзум яIэрыгъэхьэным папщIэ къагъэсэбэп Iэмалт ар. Большевикхэм я газет нэхъыщхьэ «Правда»-ри революцэм и пэкIэ къыдэкIыу хуежьащ. Абы и япэ номерыр дунейм къытехьащ 1912 гъэм накъыгъэм и 5-м. Абы ипкъ иткIэ, СССР-м Печатым и махуэр щагъэлъапIэу щыщытар накъыгъэм и 5-рщ. ЩIышылэм и 13-м Печатым и махуэр ягъэлъапIэу щыхуежьар 1991 гъэрщ. Ди лъэхъэнэм журналист IэщIагъэм пэрыт цIыху мин бжыгъэхэм я махуэшхуэщ ар. НобэкIэ журналистикэм нэхъ иныжу зиубгъуащ. А махуэр зейр тхылъымпIэм тедза къыдэкIыгъуэхэр зыгъэхьэзырхэм я закъуэкъым, атIэ виртуальнэу къыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я лэжьакIуэхэри къызэщIеубыдэ. Урысейм къыщыдэкIхэм еджэр зэгъусэу къапщтэмэ, цIыху мелуан 400-м нызэрохьэс. Къэбгъэлъагъуэмэ, иджыпсту Интернетым политикэ, жылагъуэ, щIэныгъэ, публицистикэ къыдэкIыгъуэу итыр нэхъ мащIэкъым, тхылъымпIэм тедзауэ къыдэкIхэм нэхърэ. Сыт хуэдэ Iэмалыр къыхихынуми хуитщ иджы цIыхум, нэхъыщхьэр абыхэм хъыбарыщIэхэр и пIалъэм яIэрыгъэхьэнырщ, гъащIэм къыкIэрымыхуу псэуныр къызэзыгъэпэщ, зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу журналистыфIхэр зэрымымащIэрщ. Интернетым дунейр зэщIищтами, нобэ къыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ ди гъащIэм хэмыту нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. Иужьрей илъэсхэм а къыдэкIыгъуэхэр гугъуехь мымащIэ хэхуащ. Пандемием и лъэхъэнэм щIыналъэ газет зыкъомыр зэхуащIыжын хуей хъуащ. Ауэ Урысей Правительствэм игъэбелджыла ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ и программэм и фIыгъэкIэ, куэдым къызэранэкIащ гугъуехьхэмрэ экономикэ лъэпощхьэпохэмрэ. БлэкIа илъэситIым хэку журналистикэм къалэнышхуэ щегъэзащIэ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм. Абыхэм щылажьэ дзэ корреспондентхэр я гъащIэ щымысхьу Iуэхур тетым дыщагъэгъуазэ, икIи фIыщIэ ин яхуэфащэщ я пщэрылъыр щIыхь пылъу зэрагъэзащIэм папщIэ. Зи IэщIагъэр печатым епха дэтхэнэми дохъуэхъу узыншэу, гукъеуэншэу, хъыбарыфIкIэ цIыхухэм ядэгуашэу куэдрэ лэжьэну, я лэжьыгъэм къыпэкIуэ хъерым щыгуфIыкIыу псэуну!
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
02.04.2024 - 13:24 →
Бзухэм я дунейпсо махуэ
21.03.2024 - 10:00 →
Махуи жэщи щызэтехуэ
20.01.2024 - 13:00 →
Нэжэгужагъэщ - узыншагъэщ
15.01.2024 - 17:45 →
Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэ
|