НОБЭЩIышылэм и 20, щэбэт ♦1588 гъэм урыс пащтыхь Фёдор Иван и къуэм Кремлым щригъэблэгъат Черкасскэхэ Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт и къуэ Къудэнэтрэ. ♦1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ. ♦1932 гъэм къалъхуащ Ветеранхэм я республикэ советым щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу лэжьа, УФ-м и Журналистхэмрэ ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Пщыбий СулътIан. ♦1936 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НапщIэкъуий Заур. ♦1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Елмэс Албий. ♦1959 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор КъуэщIысокъуэ Роберт. ♦1975 гъэм къалъхуащ дуней псом самбэ бэнэкIэмкIэ тIэунейрэ и чемпион Алъхъо Сыхьэтбий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru" сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 7 - 12, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: ЩIым и IэфIрэ IэфIым и дагъэрэ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 →
НОБЭ
|