Дахэу гушыIэрт нэхъыжьыфIхэр

                    Хэтлъхьаи хэтхаи щымыIэу, дигу къыдогъэкIыж нэхъыжь Iумахуэхэм я гушыIэу зэхэтхахэм щыщ. Жэрдэм фщIырэ фэри къыпыфщэмэ, ди гуапэщ.            

Совет Союзым и зэманыгъуэм уи Iэпщэ къару зыхэлърат лэжьыгъэ тэмэму къалъытэр. Артистхэм, пшынауэхэм, къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм къэралым улахуэ щIаритыр цIыху къызэрыгуэкI куэдым ягъэщIагъуэрт икIи къагурыIуэртэкъым.

 Апхуэдэ зэмант. Зы хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэ лIыжь гуп здэщысым тIысыпIэ къыщылъысат ди республикэм ис щIалэгъуалэхэм фIыуэ яцIыху зы уэрэджыIакIуэм.

         ЗэрыцIыхун хуей щыхъум, Iэнэм и нэхъыжь дадэ Iумахуэр щIалэщIэм еупщIащ: «Уэ хэт ухъуну, шынэхъыщIэ? Хэтхэ уарей, уи цIэр хэт, уи лэжьыгъэр сыт?».

         ЩIалэщIэм и цIэмрэ унэцIэмрэ къаригъэщIа иужь, иригушхуэу нэхъ макъ къыхэгъэщакIэ: «СыуэрэджыIакIуэщ!» - жиIащ.

         ЩIэупщIа тхьэмадэр мащIэу хэгупсысыхьри: «Уэлэхьи, щIалэ, дэри тIэкIу дефа иужь уэрэд тхужыIэнум, дэ къэтщIэну дызыхуейр уи лэжьыгъэ дыдэр аращ», - игъэщIэгъуащ дадэм.

  •  

         «Уа, мы ЛутI гъэщIэгъуэн гуэрщ. Пенсэ къыхуахьа иужь, хэт къелъэIуми щIыхуэ яретри, иужькIэ къакIэлъекIухьыжри дэтщ, щIакхъуэ уасэ щхьэкIэ къыдэлъэIуу уэрамым къыдонэ. Зымахуэ гъусэ сызэхуищIри щIэупщIакIуэ дигъэкIуащ сымаджэщым операцэ ящIыну ягъэхьэзыр Хьэжмуд деж. Дохутырхэм захуигъэзауэ, гур игъэузу, зэ жыIэгъуэкIи игу мызагъэу, къытригъэзэжурэ йолъэIу: «Дохутырхэ, икъукIэ сыволъэIу, мы щIалэр ажалым къевгъэлэну».

         - Уи къуэшу къыщIэкIын ар.

         - Хьэуэ.

         - АтIэ, уи ныбжьэгъуфI хъунщ.

         - Хьэуэ.

          - Хэт хъуну, атIэ, апхуэдизу ущIэгузавэр?

         - Мыр си гъунэгъущ. Мазэм хуэзэу къызата пенсэр щIыхуэу сIихащи, илъэс хъуауэ къысхуэмыубыду, къызимытыжыфу йокIуэкI.

                                        *                  *                   * 

          Зы лIыжь, зи ныбжь хэкIуэтар, и гъунэгъу щIалэ уэршэрэгъу хуэхъуам хуэтхьэсыхэрт: «Уэлэхьи, сынохъуапсэм, уэ иджыри ущIалэщ, уузыншэщ, уи насып къэкIуэгъуэщ, хьет жебгъэIэ хъунущ. Сэ си нэм фIыуэ илъагъужыркъым, жьажьэ сыхъуащи, фIыуэ зэхэсхыжыркъым. ТелевизорымкIэ жаIэми, радиомкIэ сыт къатми сымыщIэ, газетми семыджэф».

         «Зым щхьэкIи уигу умыгъэныкъуэ, дадэ, уигу мэскъалкIэ хэзыгъэхъуэн икIи плъагъунукъым, икIи зэхэпхынукъым, газетми къибджыкIынукъым. Уеблэмэ уи насыпу къыщIэкIынущ абыхэм уазэрыхэкIыжыр», - жиIащ щIалэщIэм.

            *                        *                               *             

         «Уа, мы ди хьэблэр сыту цIыхугъэншэ. Ягурэ я псэрэ къыбгъэдэкIыу сэлам къуахынукъым е усымаджэкIэ къыпщIэупщIэнукъым, узыхащIыкIыу, зыкIи зыкъыпщIагъэкъуэнукъым. Сыту мыукIытэхэрэ?» - хуотхьэусыхэ и гъунэгъу дадэм зи щIалэгъуэ, къаруилъыгъуэ Хьэсбий.

         «Улажьэрэ, узыхуейр бгъуэту упсэурэ, зыгуэрым зыгуэркIэ сэбэп узэрыхуэхъуфын зэфIэкI уиIэ?» - щIоупщIэ лIыжьыр.

         «Хьэуэ».

         «АтIэ, си щIалэ, пщIэ къыпхуащIын, гулъытэншэ умыхъун щхьэкIэ,  акъыл уиIэн, псэукIэ пщIэн хуейщ. ТхьэмыщкIэр, сэбэпыншэр лъагъугъуафIэкъым» - жеIэ лIыжь Iущым.

                                                                                      ШАФИЙ Аслъэн.

Поделиться: