Шэрджэс-урысей зэхущытыкIэр 1552 - 1829 гъэхэм

 Бытырбыху дэт «Нестор-История» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ адыгэ тхыдэ щIэныгъэм куэд щIауэ зи цIэ щыIуа, КъШР-м щыщ щIэныгъэрылажьэ Уэз ФатIимэ и тхылъыщIэ: «Анэмэт Iуэхугъуэм шэрджэс-урысей зэхущытыкIэм щиубыд увыпIэр: 1552-1829 гъгъ.» («Институт аманатства в черкесско-российских отношениях 1552-1829 гг.). Лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэхъуащ бзылъхугъэ зэчиифIэм и доктор диссертацэр.

 «Мы къэхутэныгъэр зытеухуар нэхъыбэу Мэзкуурэ Бытырбыхурэ пыщIауэ къекIуэкIа Къэбэрдейрщ (КъуэкIыпIэ Шэрджэсейрщ), - щетх Уэз ФатIимэ тхылъым и пэублэм. - Ауэ къухьэпIэ-шэрджэс лъэныкъуэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэри гулъытэншэ тщIыныр къытхуегъэзэгъакъым. Япэрауэ, XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм – XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм епха урысей тхыдэ дэфтэрхэри, хьэрыпыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, алыджыбзэкIэ, урымыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, персыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ зекIуэ тхыдэ лэжьыгъэхэри а хабзэм тетщ. ЕтIуанэрауэ, кавказыдж цIэрыIуэхэм я хьэлт щIыналъэр къызэщIэубыдауэ яджыныр, абы Iэмал къыует Кавказым дунейпсо гъащIэм щиубыд увыпIэр къэбгъэлъэгъуэну».
 Тхылъыр IыхьиплIрэ гуэдзэну зэхэтщ. Япэ Iыхьэр адыгэбзэкIэ «анэмэт» жыхуэтIэ, ауэ къызыхэкIа хьэрыпыбзэми урысыбзэми «аманат» фIэщыгъэр щызезыхьэ псалъэм и мыхьэнэм теухуащ. А Iыхьэм щIэныгъэрылажьэм къыщыдгурегъаIуэ псалъэм и мыхьэнэ дыдэмрэ ар политикэм епха термин щыхъукIэ, къикIым зэрызихъуэжымрэ. Политикэ зэгурыIуэныгъэкIэ къэралитI щызэбгъэдэувэм деж, зым адрейм ирита псалъэр зэригъэпэжынум и щыхьэту, анэмэтхэр зэIэпах. Апхуэдэхэм я щапхъэщ Кавказым ираша щIалэхэр урысыдзэм хагъэхьэу, Бытырбыху щрагъаджэу, европей гупсысэкIэ зэрыратынум хущIэкъуу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къару нэхъыбэ зыбгъэдэлъ къэралыгъуэм хуэщхьэпэн цIыху лIэужьыгъуэ къыхащIыкIыным елIалIэу къызэрекIуэкIар. Урысеймрэ Каказымрэ я гугъу пщIымэ, Уэз ФатIимэ и лэжьыгъэр щыхьэту къоув апхуэдэ щапхъэхэм яхыубжэфын япэ зэпыщIэныгъэхэр Мэзкуу пщыгъуэмрэ Къэбэрдеймрэ зэрыпхашамкIэ. Псори зыщыгъуазэ тхыдэ хъыбархэм къриплъэж хуэдэурэ, ФатIимэ, япэрауэ, дызэсэжа тхыдэ теплъэгъуэхэм нэгъуэщIынэкIэ дрегъэплъ. ЕтIуанэрауэ, адыгэ-урыс зэхущытыкIэр Iыхьэ-Iыхьэу егуэшри, анэмэту ята щIалэ цIыкIухэм ятепсэлъыхькIэрэ, пщыгъуитIым яку дэлъа зэгурыIуэныгъэр зауэм зэрыхуэкIуа гъуэгум ироплъэ.
 КъыкIэлъыкIуэ тхылъ Iыхьэхэм Уэз ФатIимэ щызэпкърех езым пкъыгъуищ ирищIыкIа Урысеймрэ Шэрджэсеймрэ я зэбгъэдэтыкIэр. Анэмэт Iуэхугъуэм шэрджэсхэмрэ урысхэмрэ я зэхуакум зэрызыщиужьа щIыкIэр къызэригъэлъагъуэм ипкъ иткIэ, щIэныгъэрылажьэм зэщIигъэуIуэ зэманыр илъэс 300-м хуэбгъэкIуэфынущ. «Дэ ди гуэшыкIэр Броневский Семён и гуэшыкIэм тохуэ, - жеIэ езы ФатIимэ. – Дэ ар зы налъэкIэ иридгъэкъуну дыхуейуэ аркъудейщ. Ар «лIыкIуэхэм я лъэхъэнэ» зыфIэтща зэмани а зэхущытыкIэм зэрыхэтарщ, а щапхъэр икIи Урысеймрэ Кавказымрэ я зэхущытыкIэр зытетар наIуэ къызэрыпщIыф Iэмалщ. Абы къыхэкIыу, дызытепсэлъыхьыпхъэ лъэхъэнэхэр щы мэхъу: «лIыкIуэхэм я лъэхъэнэ» (1552-1721); «щIыналъэкIуэцI дипломатие» (1722-1763); «Кавказ зауэм и япэ Iыхьэ (1763-1829)».
 ГъэщIэгъуэнщ Уэз ФатIимэ «шэрджэс», «Шэрджэсей» фIэщыгъэхэм ятеухуауэ иIэ еплъыкIэри. Ар и акъылэгъущ адыгэ хэкум Шэрджэсей цIэр щIигъуэта щхьэусыгъуэр пщы КIэс зэрызэфIигъэувам къыхэкIауэ жызыIэхэм. Нэгумэ Шорэ и «Пщы(р) КIэс(щ)» псалъэ зэпхар къегъэсэбэпри, ар щIыналъэцIэм зэрыхуэкIуа гъуэгум ироплъэ ФатIимэ: «Пщы(р) КIэс(щ) ейщ», нэгъуэщIу жыпIэмэ, «КIэс зи цIэ пщым ей». «Дэ дызэреплъымкIэ, - етх абы адэкIэ, «шэрджэс» лъэпкъыцIэр япэу къэзыщтар хьэрып, перс щIэныгъэлIхэрщ, европеибзэхэм ар хуэмурэ «Шэрджэсей (Черкесия) цIэм щыхуэкIуэжащ».
 НапэкIуэцI 630-м нэблагъэ тхылъышхуэм щхьэфэду утепсэлъыхьыну хуэфащэркъым икIи гугъущ. Ауэ зыпэрыхьа темэр сыт щыгъуи нэгъэсауэ уи пащхьэ кърилъхьэн зи хабзэ, ар икIи IупщIу зэпкърыхауэ къыббгъэдэзылъхьэжыф Уэз ФатIимэ и тхылъыр нэхъ еджэгъуафIэ хъун папщIэ, пкъыгъуэ-пкъыгъуэкIэрэ зэпыудауэ цIыхухэм я пащхьэ къилъхьэн хуей къыщIэкIынщ, сыту жыпIэмэ, щIэныгъэлIым и бзэр дэтхэнэ зым дежкIи къэщтэгъуафIэкъым. ИтIани, дэфтэр гъуэтыгъуейхэр утыку къизыхьэрей хъыджэбзым и лэжьыгъэри, и Iуэху еплъыкIэри апхуэдизкIэ щIэщыгъуэщи, зи лъэпкъ зыгъэлъапIэм зыхигъэкIыж хъунукъым. Илъэсищэ бжыгъэкIэ зэрыщымыту ялъэгъуа гуэрым асыхьэтым нэхушхуэ трезыгъадзэ щыхьэт нахуэхэр зыщIыпIэ «къызэрыщыщIитIыкIыфым» ищIыIужкIэ, ФатIимэ а къигъуэтам ди зэхэщIыкIым щихъуэжыпхъэри гунэсу къыббгъэделъхьэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язу адыгэбзэм къидгъэзэгъащ адыгэхэр Пётр Езанэм зэрыдекIуэкIа щIыкIэр къыщыгъэлъэгъуа пычыгъуэр:
 «Пётр Езанэм Къэбэрдейм и пщы пашэхэм яхуригъэхьа грамотэхэр (1711, 1713, 1721, 1723) щыхьэту къоув лъэныкъуитIым зэдаухуар зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэу зэрыщытыр. Ар IупщIу къегъэлъагъуэ Пётр Езанэм 1709 гъэм мазаем и I5-м Азов и губернатор Толстой Иван адыгэхэм щэхуу ягурыIуэн зэрыхуейм щытепсэлъыхьу хуригъэхьа тхыгъэм. «Иджыпсту кърымхэм езауэ [шэрджэсхэм], - етх Пётр Езанэм, - дэ къыдгухьэн ядэну пIэрэ?» Урыс пащтыхьым Толстой Иван и пщэ дилъхьауэ щыта а къалэн щэхур и кIэм нигъэсауэ щытащ пщы Бекович-Черкасский Александр, езы адыгэхэр пащтыхьым дызыгуэгъэхьэ жаIэу къелъэIуа хуэдэу Iуэхур къызэригъэпэщри. Урысейм лIыкIуэ Iуэхухэр зэрыщызэрахьэ хабзэр зэрылажьэр апхуэдэут: мэзкуу пащтыхьыгъуэм япэу зыкъыхуэзыгъазэ лъэныкъуэр зэгурыIуа къэралитIым я нэхъ лъахъшэ хъурт».
 Фигу къэдгъэкIыжынщи, Уэз ФатIимэ тхыдэ щIэныгъэхэм я докторщ, КъШР-м Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым хыхьэ къудамэхэм я зым и унафэщIщ. Бытырбыху дэт къэрал университетыр 1987 гъэм диплом плъыжькIэ къиухащ, и кандидат диссертацэр СССР-м ТхыдэмкIэ и институтым щыпхигъэкIащ. Нобэ зи гугъу тщIы тхылъыр Бытырбыху дэт ЩIэныгъэмкIэ Урысей академием (РАН) ТхыдэмкIэ и институтым абы 2019 гъэм щыпхигъэкIа доктор лэжьыгъэщ.
 Уэз ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Шэрджэсейм и тхыдэм теухуа очеркхэр» тхылъыр, адыгэ тхыдэм теухуауэ лэжьыгъи I00-м щIигъу. Абыхэм уащрохьэлIэ Мэзкуу, Бытырбыху, Анкара, Дон-Iус-Ростов, Тамбов, Къэзан, Налшык, Мейкъуапэ, Псыхуабэ, Черкесск къыщыдэкI щIэныгъэ тхылъхэм.
 

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: