Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэм теухуауэ хъыбарыщIэ зыбжанэ

«IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» зи фIэщыгъэ, КъБР-м щыщ режиссёр Коваленкэ Кирэ и фильмыр фокIадэм и 25-м щы­щIэдзауэ Урысейм и киногъэлъэгъуапIэхэм къыщатынущ.

ХъыбарыщIэм щыгъуазэ дызыщI, фильмым и продюсер Роднянский Александр зэрыжиIэмкIэ, лэжьыгъэм иджыри ехъулIэныгъэ зыбжанэ зыIэригъэхьащ.
«Иджыблагъэ хэIущIыIу ящIащ Кирэ и фильмыр Ев­ропэм пщIэ нэхъ щызиIэ, ­Сан-Себастьян къалэм щы­зэхэтыну 69-нэ фестивалым и зэпеуэ программэ нэхъыщхьэм зэрыхагъэхьам и хъыбар, - щетх Роднянский Александр  инстаграмым  щиIэ напэкIуэцIым. - Фести­валым хэтыну къыхэзых ­къэп­щытакIуэхэм абы хагъэ­хьэ  хабзэр  илъэсым  и кIуэцIкIэ нэм нэхъ зыкъы­щIэ­зыдза, гу зылъезыгъэта, кино IэщIагъэлIхэмрэ критикхэмрэ я нэ къыфIэна, Испанием иджыри щамыгъэлъэгъуа ­фильм­хэрщ».
«Фигу къэзгъэкIыжынщи, «IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» фильмыр Канны къалэм щызэхэт хабзэ кинофестивалым саугъэт нэхъ лъапIэр япэ дыдэ къыщызыхьа урысей фильмщ, - етх адэкIэ Роднянский Александр. - Зэрыхъу ­хабзэуи, текIуэныгъэр зыIэ­рыхьа фильмым щIы хъурейм кином щелэжь IуэхущIапIэ псоми гу къылъатащ. Ар ирагъэблэгъакIэщ пщIэшхуэ зиIэ фестивалхэу Теллурайд, Торонтэ, Нью-Йорк, Иерусалим, Варшавэ щекIуэкIынухэм. Иджы а къебжэкIым къыхэуващ нобэ зи гугъу тщIы Сан-Себастьян щекIуэкIыну фестивалри».
Продюсерым зэрыжиIэм-кIэ, Коваленкэ Кирэ и филь­мыр пщIэшхуэ зиIэ апхуэдэ ­зэпеуэ зэрыхагъэхьар езы фильмым хуагъэув уасэр зэ­рылъа­гэм и щыхьэтщ.
Роднянскэм кIэщIу дигу ­къегъэкIыж Налшык щыщ хъыджэбзым триха фильмхэр зытеухуар. Ар щокIуэкI Осе-тие Ищхъэрэм щыщ, къурш зэхуакум дэкъузауэ дэс, ­фIамыщI къыщIэхыпIэ къалэ Мизур. Гукъутэ къэхъукъащIэ гуэрым иужькIэ къалэм къэ­Iэпхъуауэ щопсэу фильмым хэт лIыхъужь нэхъыщхьэхэм          яз Заур и унагъуэр. И къуэри ипхъури ткIийуэ зыIыгъ адэм гъэсэныгъэмрэ гулъытэ егъэ­леямрэ я гъунапкъэр IэщIокI. И къуэ нэхъыжь Аким ар хуэмыхьу Ростов лэжьакIуэ зэрыфIэкIуэрэ куэд щIащ. ЩIалэ нэхъыщIэ Дакко гъащIэм къыпихыну зыхуейр ­езыми ищIэркъым иджыри. Хъыджэбз закъуэ Адэ щIэп­хъуэжыну и мурадщ. Адэм и IэплIэ быдэхэр зэрихыу хуиту псэуну хуей хъыджэбзым ар тыншу къехъулIэркъым.
Куэд къэнэжакъым Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэм еплъыну щIэхъуэпсхэм ар ­щалъагъуну пIалъэр къэ­сыным. «Пионер» кинокомпанием и фIыгъэкIэ фильмыр фокIадэм и 25-м Урысейм къыщагъэлъэгъуэн щIадзэнущ.
Тхыгъэр хьэзыр хъуакIэт зи гугъу тщIы фильмым Иерусалим щекIуэкIа фестивалым и саугъэт нэхъыщхьэр къы­зэ­рыхуагъэфэщам и хъыбарыр щызэхэтхам.

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться: