Хэт тхылъ еджэжыр?!

Нобэрей щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэмкIэ мыарэзыуэ псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкIыу куэдрэ зэхыбох. Апхуэдэу щытми, псори зы къупхъэм щIэбгъэкIыныр тэмэмкъым. ФIыи Iеи здэщымыIэ щыIэкъым, сыт щыгъуи гъащIэм а тIур щызэхэухуэнауэ къокIуэкI. ГъащIэм и хабзэхэм ящыщ зыуэ къыщIэкIынщ, сыт хуэдэ зэманми нэхъыжьхэр щIалэгъуалэмкIэ мыарэзыуэ щытыныр. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар лъэхъэнэкIэрэ къыддекIуэкI хьэлщ. Гуапэ зэрыхъунщи, диIэщ къэкIуэнум нэхъыфIкIэ дыхуэзыгъаплъэ щIэблэ, нэхъыщхьэжращи, апхуэдэхэр нэхъыбэщ…
Абы и лъэныкъуэкIэ сызрихьэлIа Iуэхугъуэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ, сызэдэIуэн хуей хъуа псалъэмакъым куэдым сригъэгупсысащ. Зэхэсхыр зэрызгъэщIэгъуэныр къысхуэщIэртэкъым, апхуэдизкIэ ар си гуапэ хъуати. ЗэрыжаIэу, Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и кIэри пщIэркъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым къалэм икIыу къуажэм кIуэ маршруткэм ситIысхьэжащ. Куэд мыщIэу абы нитIысхьа щIалитIым си щIыбагъымкIэ иIэ тIысыпIэхэр яубыдащ. Уэршэрыр кърагъажьэри, я псалъэмакъыр еджэным хыхьащ. ЩIалэ псыгъуэ къамылыфэр КъБКъУ-м и экономикэ къудамэм щIэст, адрейр, къызэрызгурыIуамкIэ, Москва дэт еджапIэхэм ящыщ зым и студентт. ЩIалэхэр щызэщIэупщIэм жаIахэмкIэ сэ щыгъуазэ сыхъуащ ахэр гъащIэм зэреплъ щIыкIэм. ЖыпIэнурамэ, я гупсысэхэр куут, я мурадхэр дахэт, а къыхаха лъагъуэм адэкIи тетмэ, сэ шэч къытесхьэркъым ахэр лъэ быдэкIэ гъащIэм зэрыхэувэнум.
Сэ сыт апхуэдизу гъэщIэгъуэн сщыхъуар жыпIэмэ, тхылъым теухуауэ зы щIалэм жиIарщ. НэхъыщIэхэм я гугъу тщIынкъыми, балигъхэми мащIэщ тхылъыр зи Iэпэгъуу яхэтыжыр. Псоми зэрытщIэщи, нобэ абы и пIэр иубыдащ Интернетым, сыт хуэдэ хъыбарри абы къыщыбгъуэтынущ. 
- Еджам хуэдэ щыIэкъым. ЩIэныгъэ убгъэдэлъмэ, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу упсэуфынущ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ узыпэрыхьэ Iуэхум фIыуэ хэпщIыкIыным, абы щыгъуэщ ехъулIэныгъэ ущиIэнур. Узэгугъур къогугъуж, жаIэ. Узэджар кIуэдынукъым, ар сытми зэ къыпщхьэпэжынущ. Сэ мы факультетыр къэзухмэ, юрист щIэныгъи зэзгъэгъуэтыну си мурадщ. Дэнэ-тIэ щIэныгъэ къыздитхынур? Ар нэхъыбэу къыдэзытынур мис мы тхылъхэрщ, аращ укъэзмыгъэпцIэнури, - жиIэрт щIалэ къамылыфэм, иIыгъ тхылъым теIэбэурэ.
- Сыт щхьэкIэ? Иджыпсту псори зэхэхауэ къыщыбогъуэт Интернетым, – къыпидзыжащ абы и гъусэм.
- Интернети сиIэщ, ари къызогъэсэбэп, ауэ абы псынщIэу утозашэ. Сэ пщыхьэщхьэм тхылъыр къызэгуэзмыхмэ, зыгуэр къэсщIэну блэзгъэкIам хуэдэу къысщохъу.
- Электрон тхылъхэр-щэ? 
- Ари згъэунэхуащ. Тхылъым хуэдэ хъунукъым ахэр. Уи нэр теубыдауэ экраным узэреплъым псынщIэ дыдэу урегъэшри, узэджэри тэмэму уигу пхуиубыдэркъым, гупсысэ кIапэри щIэх-щIэхыурэ пIэщIоху. Тхылъыр – ар нэгъуэщIщ, абы и напэкIуэцIхэм куууэ ухашэ абы къыщыIуэта Iуэхугъуэхэм. Псом хуэмыдэу адыгэ тхылъхэм сыщеджэкIэ, дунеищIэ гуэр къысхузэIуахыу къысщохъу, лъэпкъым и тхыдэм, и хабзэм теухуахэм лъэхъэнэ жыжьэм сыхрагъэшэжыф… 
Сэ сащыщщ нобэ къежьа электрон жыпхъэр и лъабжьэу хъыбарыщIэ куэд къыщыпщIэфыну Iэмалхэм япэ тхылъыр изыгъэщхэм. СфIэфIщ пщыхьэщхьэкIэрэ тхылъ седжэну, щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ ар къэзмыщтэу зэман гуэр дэсхамэ, абы сыхуэныкъуэу сохъу. Арауэ къыщIэкIынщ псалъэмакъыр гукъинэ щIысщыхъуари. Иджы… хэт тхылъ еджэжыр щыжаIэкIэ, апхуэдэхэр зэрыщыIэр, уеблэмэ ди щIалэгъуалэм зэрахэтыр, дяпэкIэ сэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ.

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: