Саугъэтхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ

Егъэджэныгъэ IэнатIэм къэрал гулъытэ хэха зэригъуэтым и щыхьэтхэр  мащIэкъым. Абы адэкIи  зегъэужьыныр къапэщылъ  къалэн нэхъыщхьэхэм зэращыщыр я псалъэхэм мызэ-мытIэу къыщыхагъэщащ УФ-ми КъБР-ми я Iэтащхьэхэм. Къэрал унафэщIхэр хуэнабдзэгубдзаплъэщ еджапIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр гъэбыдэным, егъэджакIуэ IэщIагъэм и пщIэр, егъэджэныгъэм и фIагъыр къэIэтыным, IэнатIэм  зи Iуэху зехьэкIэмкIэ къыщыхэжаныкI  егъэджакIуэхэри абыхэм я гъэсэнхэри гъэпэжэным. Аращ зытещIыхьар КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек  иджыблагъэ Iэ зыщIидза и унафэхэм ящыщ зыри.
А унафэм ипкъ иткIэ  ахъшэ саугъэтхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ иратынущ 2020-202I гъэ еджэгъуэ блэкIам къриубыдэу екIуэкIа школ олимпиадэхэм пашэ щыхъуа школакIуэхэмрэ ахэр зэпеуэхэм хуэзыхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ. Республикэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI саугъэтхэр хуагъэфэщащ Урысейпсо олимпиадэм и кIэух зэпеуэм щытекIуа ныбжьыщIи 3-м,  а зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм пашэ щыхъуа  школакIуэ 48-м, анэдэлъхубзэхэмкIэ екIуэкIа республикэпсо олимпиадэхэм щытекIуа еджакIуи 7-м, а ныбжьыщIэхэр зэпеуэхэм хуэзыхьэзыра егъэджакIуэ 56-м. Республикэ Iэтащхьэм и саугъэтыр зратыну школакIуэхэм я нэхъыбапIэр хамэ къэралыбзэхэмкIэ, биологиемкIэ, физкультурэмкIэ, экологиемкIэ, тхыдэмкIэ, обществознаниемкIэ, литературэмкIэ екIуэкIа  зэпеуэхэм хэтахэращ.
Къыхэдгъэщынщи, Урысейпсо, щIыналъэпсо  школ олимпиадэхэм щытекIуахэмрэ абыхэм къыхэжаныкIахэмрэ апхуэдэу саугъэтхэмкIэ гъэпэжэныр мы гъэм япэу къыхалъхьауэ аращ. КъБР-м и Iэтащхьэм а Унафэм  лъабжьэ хуищIащ дызэрыт илъэсым и накъыгъэ мазэм КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъэзауэ щыта дэфтэр нэхъыщхьэм къыхигъэбелджылыкIауэ щыта Iуэхугъуэхэр. Абы итт: «Зи лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр, анэдэлъхубзэр  зыфIэхьэлэмэт, ахэр зыджыну гукъыдэж зиIэ ныбжьыщIэхэр а Iуэхугъуэхэм нэхъри тегъэгушхуэн хуейщ. Анэдэлъхубзэр хъумэныр – ар къэкIуэну щIэблэхэм я пащхьэм дыщиIэ къалэнзщ. Ар къызыхуэтыншэу зэфIэтхын папщIэ, тлъэкI псори тщIэн хуейщ… Дэтхэнэ сабийми бгъэдэлъ зэфIэкIыр наIуэ къэтщIыным  делIэлIэн хуейщ. Абы хуэдгъэлэжьэн хуейщ методикэ пэрытхэр, егъэджакIуэхэм я зэфIэкI лъагэр, езы еджакIуэхэми я къарурэ зэманрэ. Олимпиадэхэр хэкIыпIэфIщ ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэчийр къэпхутэну, хэIущIыIу пщIыну, я пщIэр жылагъуэм къыщыпIэтыну».
А псори къилъытэри, КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ  сабий зэчиифIэхэмрэ абыхэм я унэтIакIуэхэмрэ ахъшэ саугъэткIэ гъэпэжэным ехьэлIауэ. Урысейпсо олимпиадэхэм я кIэух Iыхьэм щытекIуа ныбжьыщIэхэмрэ ахэр зэпеуэм хуэзыхьэзыра  я егъэджакIуэхэмрэ мы гъэм къыщыщIэдзауэ  илъэс къэс  иратынущ сом мин 50 зырыз,  а олимпиадэхэм я призерхэмрэ ахэр зыгъэхьэзыра  егъэджакIуэхэмрэ – сом мин 25-рэ зырыз,  зэпеуэхэм  я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэмрэ анэдэлъхубзэхэмкIэ екIуэкI хабзэ республикэпсо зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъуахэмрэ, апхуэдэуи абыхэм я егъэджакIуэхэм – сом мин I5 зырыз.
Урысейпсо олимпиадэхэм, абыхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щIэныгъэ куу къыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэми абыхэм я егъэджакIуэхэми дохъуэхъу  ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи хагъахъуэу, я мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ лъэIэсу,  ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэу   псэуну.
    
 
 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: