ТхьэIухудхэм я гуащэ Хъалис Кериман

1932 гъэм Бельгием щекIуэкIа ТхьэIухудхэм я япэ дунейпсо зэпеуэм  щытекIуа Кериман Халис Эдже Тамер  (1913 - 2012) 1913 гъэм мазаем и 16 Истамбыл къыщалъхуащ.
щытым деж щыпсэуащ. И адэм и лъэныкъуэкIэ хъыджэбзыр  щыщщ  Быжнэу унэцIэр зезыхьэ убых лъэпкъым.   
Дахагъэм и гуащэ хъуныр зи натIэм иту къыщIэкIа пщащэм и адэшхуэр сулътIаным пэщэуэ бгъэдэтахэм язщ, и анэХъыджэбз цIыкIур тырку сатуущI Тэуфикъ Хъалис Бей и еханэ сабийт. Ар къыхэкIащ  1864 гъэм Урыс-Кавказ зауэ нэужьым и хэкур зыбгынэу Уэсмэн къэралыгъуэм Iэпхъуа   адыгэ-абхъаз  унагъуэм. Кериман и адэжьхэр нобэ  Адлер урыс къалэр здэдэлъхумрэ и анэшыпхъумрэ зэчий хъарзынэ зыбгъэдэлъ музыкэ IэщIагъэлIхэт.  ЗэрыжаIэмкIэ, Кериман и анэшыпхъу Невессер Кокдешщ япэу Тыркум макъамэ щызэхэзылъхьэн щIэзыдза, иужькIэ композитор цIэрыIуэ хъуа   бзылъхугъэр.
 Адэ-анэм хъыджэбзым щIэныгъэфI ирагъэгъуэтащ. Пщащэм и дахагъэм зэрыцIыкIурэ гулъытэр зришалIэрт. Кемаль Мустэфа (Ататюрк) тепщэгъуэр къыIэрыхьа нэужь, къэралым къухьэпIэ хабзэхэм зритати, щIэуэ къыхалъхьэхэм ящыщу,  Дахагъэ зэпеуэхэр ирагъэкIуэкIыу къаублат, апхуэдэ IэмалкIэ тырку цIыхубзхэр зыужьыныгъэм пэгъунэгъу ящIу ялъытэу. ГурыIуэгъуэщ а зэпеуэхэм хэтыну Кериман мызэ-мытIэу зэрырагъэблэгъар.  ЗэраIуэтэжымкIэ, «ар иджыри цIыкIущ» жиIэурэ, и адэм   пщащэр  зэхьэзэхуэм  яшэну  къэкIуахэм  тхуэнейрэ «хьэуэ» яжриIащ.  
 Хъыджэбзыр къыдэкIуэтейуэ адэ-анэм зэпеуэм хэтыну хуит зэращIу, ар япэщIыкIэ езыр зыдэс къалэм дэт еджапIэм, итIанэ – щIыналъэм щытекIуащ. 1932 гъэм Кериман езым хуэдэ хъыджэбз 50-м япэ ищри, Тыркум  и  япэ тхьэIухуд хъуауэ щытащ.

А илъэс дыдэм ар хагъэхьащ  Бельгием щыщ Спа къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. А къалэм  ТхьэIухуд  зэпеуэхэр 1888 лъандэрэ щрагъэкIуэкI хабзэт, ауэ 1932 гъэрщ абы япэ дыдэу дунейпсо  мыхьэнэ щигъуэтар.  Къэрал 27-м къикIа хъыджэбз тхьэIухудхэм Кериман нэхърэ а цIэр нэхъ зыхуэфащэ яхэмыту  къалъытащ.
Убых пщащэр зэрытхьэIухудым шэч хэлътэкъым. Ауэ ипэжыпIэкIэ гъуазджэм нэхърэ политикэр япэ нэхъ щрагъэща а зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм я унафэщIым Кериман утыкум къыщришэм  жиIар Iущым дерс зыхихыпхъэ псалъэщ: «Нобэ Европэм чыристан диныр зэрыщытекIуар догъэлъапIэ.  Илъэс 1400-кIэ дунейм щытепщэу  щыта ислъам диным  кIэ еттащ! Муслъымэнхэм я лIыкIуэ тхьэIухуд Кериман нобэ зэрызагъэпскI щыгъынкIэ ди пащхьэ итщ. Мыгъэм дэ къыхэтхыр Дахагъэм и гуащэкъым, дгъэлъапIэр Европэм чыристан диныр зэрыщытекIуарщ. Езым и лъэхъэнэм франджыхэм къэфэн щезыгъэгъэтыжа Сулеймэн Телъыджэм и щIэблэм щыщ  хъыджэбзыр  нобэ зэрызагъэпскI щыгъынкIэ ди  пащхьэ къиуващ, дигу зригъэхьыну хуейуэ.  Дэ дигу ирохь а пщащэр икIи  муслъымэнхэм я пщэдейрей махуэр абы къытенэну дыщыгугъыу,  тырку тхьэIухудым «Дахагъэм и гуащэ» («Мисс мира») цIэр  фIыдощ, ди бжьэхэри доIэт,  Европэм  и  текIуэныгъэр  дгъэлъапIэу».     
ЗэрыжаIэмкIэ, Кериман къамыцIыхумэ нэхъ къищтэу, Iэмал иIэмэ, утыку имыхьэу псэуащ. Илъэс 99-м иту, къуитIрэ къуэрылъху 13-рэ зыпIа анэр  2012  гъэм  дунейм ехыжащ.
          

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: