Хъуэхъу-сэламхэр

Адыгэ хъуэхъу-сэламхэр зыбжанэу зэтегъэпщIыкIащ. Хъуэхъу-сэламыр цlыхур зэлэжьу зыпэрыт IэнатIэм теухуащ. Сэлам хъуэхъур зытыр 6гъэдыхьарщ, къеIызыхыy жэуапыр зытыжыр лэжьыгъэ зыщIэу IэнатIэм пэрытырщ. Абы къыхэкlыу адыгэм лэжьыгъэ бжыгъэм тещIыхьа тыкlэ зэхуэмыдэхэри иlащ.
Зыбгъэдыхьар вэуэ ирихьэлlамэ:
- Бов апщий! - жреIэ. Абы къикIыр - «увэм къытекlэр бэв Тхьэм ищI!» - жыхуиlэщ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит, фIыкlэ пшхыжыну! - къыжреlэж.
Зыбгъэдыхьар мэкъу еуэу, гуэдз е мэш къихыу, нартыху къыдичу ирихьэлlамэ:
- Шхуошх апщий! - жреlэ. Абы къикIыр - «еншэу ушх!» - жиIэу аращ.
- Еншэу пшхын Тхьэм къуит! - къыжреIэж. Зыгуэр къищэхуу ирихьэлlамэ:
- Хъер пхухъу, е угъурлы тхьэм пхуищI! - жреlэ.
- Хъер хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Зэхъуэхъуар нэхъыжьмэ, «жьыщхьэ махуэ ухъу!»- жеIэри дыщlегъур.
Е ехъуэхъур нэхъыщIэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жеlэри дыщlегъу. Зыгуэр ищэу ирихьэлlамэ:
- Уасафlэ тхьэм пхуищl! - жреlэ. Ари ехъуэхъуам и ныбжь елъытакlэ къохъуэхъужыр.
Зыбгъэдыхьар Iэщыхъуэу е Iэщ щаlыгъ уэтэру щытмэ:
- Бохъу апщий! - жреlэ. Абы къикlыр - «уи Iэщыр Тхьэм пхуигъэбагъуэ, куэд Тхьэм пхуищI, - жыхуиlэщ. - Куэд хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж. Зыбгъэдыхьар Iуэуэ хьэмым тетмэ:
- Хьэмбов апщий! - жеlэ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Iэщ гуэр иукlыу е зэlихыу ирихьэлIэмэ:
- ФIыкlэ фышх е фIыкlэ Тхьэм фигъэшх! - жреlэ.
- ФIыкlэ пшхын Тхьэм къуит! Еблагъэ, ди ныш хьэзырщ! - къыжреlэж.
Гуп уэршэрым ябгъэдыхьэмэ:
- Уэршэр фlохъу апщий! - яжреlэ.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, къеблагъэ, удгъэуэршэрынщ! - къыжраlэж.
Пщэдджыжьым зэрихьэлlамэ:
- Пщэдджыжь фlохъу апщий! - жреlэ.
- ПщэдджыжьыфI Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Махуэу зэрихьэлlамэ:
- Уи махуэ фlы ухъу! -жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Пщыхьэщхьэу зэрихьэлlамэ:
- Пщыхьэщхьэ фlохъу апщий! - жреIэ.
- Пщыхьэщхьэфl Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Илъэсыщlэр къихьауэ щызэхуэзэкlэ:
- Етlанэгъэм фIыкlэ унэс, илъэсыщlэр угъурлы Тхьэм пхуищI! - жаlэри зохъуэхъухэр.
ПщlыхьэпIэ зылъэгъуам пщэдджыжьым гу нэщIу и пщlыхьэпIэр иlуатэркъым.
Пщlыхьэпlэ слъэгъуащ,- жиIэмэ;
- Хъер ухъу, уи пщIыхьэпlэр! - жраIэ. ЩакIуэу губгъуэм итым ирихьэлIамэ:
- Хьэкъуэж апщий! - жраIэ.
- Си хьэм къуэжар Тхьэм къуит,- къыжреIэж. КъищэкIуаIауэ кърихьэлIамэ, зыдегъэгуашэр.
IуэхуншитI зэрихьэлIамэ, нэхъыщIэм: - Уи махуэ фIы ухъу! - жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Гуп уэршэрым яблэкI лIы гъуэгурыкIуэм:
- Сэлам алейкум! - яжреIэ. «Сэламым» къикIыр «Къайгъэншэу, мамыру фыпсэу!» жыхуиlэщ, езыр хьэрып псалъэщ.
- Уахьэлекум сэлам! - къыжраlэж. «Уэри мамыру Тхьэм уигъэпсэу» жыхуаIэщ.
Пщыхьэщхьэм гъунэгъум е хамэ унагъуэ щIэсауэ къыщыщIэкIыжкIэ:
- НэхулъэфI фыкъикI! - яжреIэ.
- Уэри укъикI, жьыщхьэ махуэ ухъу е насыпыфIэ ухъу! - жраIэ и ныбжьым елъытауэ.
 

 

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: