Анадолэ адыгэм и псалъалъэ

Узун-Яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ – джэгу псалъалъэм щыщ
Махъсымафэ – адыгэ нысашэм и зы махуэм хэхауэ ящIу щыта ефэ-ешхэщ, хьэщIэщ хабзэжьщ. Нысашэм емыпхами, махъсымэ зэращIа къудейм и цIэкIэ адыгэ уэрэдыжьрэ хъыбаркIэ Iэзэ лIыжьхэр зэхуашэсырти махъсымафэ уэрэд жрагъыIэхэрт. Махъсымафэ уэрэдхэр репертуар щхьэхуэщ, адыгэ IуэрыIуатэм и классикэщ, Хэкужьым здырахыжа уэрэдыжь зыбжанэщ: «Дунеижьыр щымыджэмыпцIэм...», «Хьэтх Мыхьэмэт-гъуазэ и уэрэдыр», «Хьэтхым и КъуэкIасэм и уэрэдыр», «Жэщтеуэжьым и уэрэдыр», «Къэбэрдей къаным и уэрэдыр», «Хъымсад-гуащэ и гъыбзэр», «Ажджэриикъуэ Кушыкупщ и гъыбзэр», н.
Махъсымафэм хэс дэтхэнэ зыми зы уэрэд едзыгъуэ жиIэти къыбгъэдэсым «нокIуэ, уэрс!» жриIэти махъсымэбжьэр хуишиирт. Адрейми Iимыхыу «гъуэгуфI!» жиIэт, зэ закъуэ хэфырт, къыIихырти, къыкIэлъыкIуэ едзыгъуэр жиIэрт. «Зэрызафэ», «зы уэрэд едзыгъуэ едзын» жыхуаIэр аращ.  
Нысашэ тхьэмадэ – нысашэ ежьэ гупым я нэхъыжь, хабзэр фIыуэ зыщIэ, жьабзэ зыIурылъ лIы цIэрыIуэ. «Нысашэр зыгъэщIэгъуэн тхьэмадэ»: нысашэр щIагъуэ (къекIу, дахэ) зыщIын, хабзэм тету зэфIэзыхыфын.
ПщафIэ – нысашэ гупым ящыщщ, тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъущ. ПщафIэу нэрыбгитI (цIыхухъу пщафIэрэ хъыджэбз пщафIэрэ) яхэтт. ЦIыхухъу пщафIэм и къалэн нэхъыщхьэр тхьэмадэр здэщыс Iэнэм ерыскъыкIэ хуэсакъынырат. Хъыджэбз пщафIэр нысашэ гупым хэт хъыджэбзхэм яхуэсакът, зыхуей хуигъазэт.
Тхъурыжьэ – щэ дагъэкIэ гъэжьа тхьэвхэкI шхын, нысашэ дауэдапщэ ерыскъыхэм ящыщщ.
Тхьэмадэкъуэдзэ – нысашэ тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъу, и къуэдзэ.
Уэрдадэ пашэ – Уэредадэр къыхэзыдзэ, ар жызыIэ гупым я пашэ.
УэрдадэжыIэбжьэ – нысашэ уэредадэр жызыIа щIалэ гупым хуагъэфащэ фадэбжьэ.
Фошыгъу хьэлыгъуанэ – хъыринэ щыщIащIэкIэ ягъэхьэзыр дауэдапщэ шхыныгъуэ IэфI: фошыгъур ягъэткIури хъурейуэ трагъэлъадэурэ ягъэж.
ХакIуэ (ХакIуэжь) – щауэишыжым хэт дауэдапщэ нэрыбгэщ (персонажщ); джэгуурэ «мэщыщ», и щхьэр иудэурэ фадэбжьэм «хопсэ», «хопырхъэри» зэбгреутхыкI, хъуахъуэхэм ятреутхэ, утыкур къежыхь, хъыджэбзхэм ядогушыIэ, щIалэхэм «йотхауэ». ХакIуэ къалэныр зыгъэзащIэу щытар унэIут-куэбжэIутт. ЩызекIуауэ ттхыжар Мударей къуажэщ. ХакIуэм и дамыгъэ эквиваленту языныкъуэ абазэ къуажэхэм къашэт «гуу».
Хъыринэ – япэу щIалэцIыкIу къащыхэхъуэкIэ (куэдрэ бын ямыIауэ хъыджэбз цIыкIу къалъхуами, нэхъыжьхэм я псалъэкIэ жыпIэмэ, «нану щIэщыгъуэ» щагъуэткIэ) хъыринэшхуэ щIащIэт, абы и бгъуитIымкIэ щIалэхэмрэ хъыджэбзэхэмрэ тетIысхьэурэ ещIэт, ещIэхукIэ зэдэгушыIэхэт, хъуэрыбзэ зэрадзт, уэрэд жаIэт. Хъыринэм ягъэхьэзыр дауэдапщэ шхыныгъухэм ящыщщ фошыгъу хьэлыгъуанэр, ар хъыринащхьэм деж кIэращIэт.  
Шэшэн – къэфэкIэ псынщIэ лIэужьыгъуэщ, къэбэрдей къафэ кIыхьым, къафэ къуаншэм, уджым ягъусэу Узун-Яйлэ щызокIуэ, Тыркум ис адрей адыгэхэми фIыуэ ялъагъу, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм. «Унэишэ цIыкIум деж пхъужьхэр къагъэшэшэнт». («Пхъужь»-кIэ узун-яйлэ адыгэхэр зэджэр лъэпкъым щыщу дэкIуауэ, унагъуэ ис бзылъхугъэхэращ; мыбдеж - хьэгъуэлIыгъуэм хэтыну зи дыщ къэкIуэжа фызхэр, щауэм и адэшыпхъухэр.)
ЩIакхъуэмыгъэтэдж – дауэдапщэ ерыскъым лIэужьыгъуэ, нысашэ ежьэхэм здырахьэжьэ шхынхэм Iэмал имыIэу халъхьэт.
ЩIалэIэтэ (щIалэIэтэ щIын, …щIыгъуэ) – джэгум хэт щIалэхэм я дауэдапщэ зэбэн, зэзауэ, зэпщэфыIэ («фэзэбэным (фэкъыхэдзэм)», «пыIэзэфIэхьым», кIахэ «паIохьэм, зэхэплъэжым», джылахъстэней «балий мыхъум» хуэдэу):  нэхущ уджыр яуха нэужь, джэгу къутэжыгъуэ шыхъуам деж «Мударейм я щIалэIэтэщIыгъуэ хъуащ», жаIэт.
ЩIэупщIэн – джэгум хэтхэр (нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ) зыр зым пщIэ хуащIу фадэбжьэ, «джэгъарэ» (тутын), IэфIыкIэ сытхэмкIэ «ирищIэупщIэу» зэрыхуахь, е зэрыхурагъэхь хабзэ. Дауэдапщэ «гулъытэм» дауэдапщэ «гулъытэншагъэри»  и гъусэти, хабзэм къыдекIуэкI псэлъафэщ мыри: «Зы псы фалъэкIэ мыхъуми, сыт укъыщIытщIэмыупщIар?!». «Гулъытэншагъэ» зезыхьар джэгуурэ фIэгъэнапIэ ящIырти ягъэгъэпшынэжырт (шхын-фадэ сыткIэ), екIужыпщIэ шхыныр иужькIэ зэхэс щхьэхуэу зэдашхыжт.
ЩIэшын – пцIы зэфэзэщыр зыгуэрым и фIэщ щIын, дэгушыIэурэ къэгъэпцIэн. IуэрыIуатэ цикл къещIэкIащ Мударей, Пэзэрсу (Анзорей ЦIыкIу) къуажэхэм я щIалэгъуалэ гушыIэкIэхэр, Тохъу Хьэжумар и щIэшынхэр. Псалъэм и къэкIуэкIэ нэхъыщхьэхэр: «щIеш» («догушыIэ»), «ущIеш» («къыбдогушыIэ», «укъегъапцIэ»), «ЩIиш къудей мыхъуу иришажьэри къришэкI′ас». Пэзэрсу щIалэхэм я щIэшыкIэм щыщщ, псалъэм папщIэ, я фIэщу хьэщIэм зэреупщIу щытахэр: «Къаз нахъутэрэ шыд налрэ ящэри, пщэхун, си къуэш?».
IункIыбзэ дамыгъэ – нысашэ дауэдапщэ ерыскъыр зэрылъ матэм щхьэщалъхьэну хьэлыуэ IупщIищым гуащэм и IункIыбзэмкIэ тредзэ (хьэлыуэр хуабэ щIыкIэ, щаубэм деж). Хабзэр Хэкуми (пс. п. Инжыдж псыхъуэ) щызекIуащ.
 Iэпэщэхуж – джэгуакIуэм и зы къалэнщ, джэгум хэт дауэдапщэ нэрыбгэщ: къафапщIэр (щIалэм е хъыджэбзым къызыдэфэну хуейм къыдагъэфэн папщIэ къит «уасэр» – ахъшэ, е цIыкIу-фэкIу гуэр) къыхэзыдзыр, мыри «куэбжэIут-унэIутым ящыщт». «Уй, мыбы мыпхуэдиз къитащ!», – жиIэурэ къата щэхужыпщIэр игъэнэхъыбэу, игъэкуэду жеIэ. Джэгур якъутэжа нэужь ахъшэм и Iыхьэ гуэрыр къэзытам иратыж хабзэт.
 

 

Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться: