Псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ

Узун-Яйлэм и уней IуэрыIуатэ псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ
Абазагъэ – псынщIагъэ, тэмакъкIэщIыгъэ. «Уи абазагъэр умыгъэлъагъуэ» жиIэмэ, зэпIэзэрыту щыт, екIуу цIыхум яхэт, губжьыр зытомыгъакIуэ, жыхуиIэщ.
Дэущын – «ущын» псалъэм къытекIащ, «хуэмыфащэми, жиIэр пцIыми, ар дэIыгъын» жыхуиIэщ: «Уэри удэущас». Тыркум ис адыгэхэм яIэщ мы псэлъафэм и лъабжьэгъуу нэгъуэщI зыи: «ЩIэущыхьын» – уэркъыгъэм, адыгагъэм, лIыгъэм, цIыхугъэм къемызэгъыу зекIуэн, зэми зэ, зыщIыпIэ деж щыуагъэ зыIэщIэгъэкIын. «ЦIыху къых′эмыкI′ар кIуэнус-кIуэнурэ щIэущыхьынус». «ЗэрыщIэущыхьыну» щIыкIэм и щапхъэхэу къахь хабзэр: уи щэху, уи тIасхъэ, уи дагъуэ ищIэмэ, и псалъэ епцIыжынщи зыщIыпIэ деж тIысынщи ущиIуэтэжынщ; къалэм еджакIуэ-лэжьакIуэ кIуэнщ, и Iуэхури дэкIынщ, ауэ ахъшэмрэ фадэмрэ ягъэжэкъуэнщи, ари зыуэ «щIэущыхьа» хъунщ; цIыхубз IуэхукIэ къэпцIэнщи, и унагъуэ, и щхьэгъусэ игъэпудынщ, зыхуей хуигъэзэфынкъым, н. къ.
ЖыIэхуэ – цIыху цIэрыIуэм къыщIэна и псалъэ, псэлъафэ, жыIэгъуэ (афоризм): «Хьэфиз-ефэндым и жыIэхуэхэр», «адыгэ жыIэхуэ». «ЖыIын тIэкIу сиIыс...» – нэхъыжьхэм я пащхьэ нэхъыщIэм и псалъэ къызэрыригъажьэ жыIэгъуэ.
КI′агуэ, лъапагуэ - адыгэр тыркум зэреджэ цIэ лей, щIагъыбзэ (эпитет-эвфемизм).
Къэбэрдеигъэ – адыгагъэ, лIыгъэ, жьафIагъэ, хыхьэ-хэкI; гушыIэ-ауану къапсэлъмэ – кIыхьлъыхьыгъэм, псалъэ гъущэ гъэджэгуным (узун-яйлэ уэршэрым) и дамыгъэщ. «Абазагъэм» еплъытмэ, «къэбэрдеигъэ» щэныр «нэхъ зэтеубыда, зэпIэзэрыт» жыхуиIэу къокIуэ.
Насыппыуд – насып къэмыгъакIуэ.
ПащIэмыщ – адыгэр курдым зэреджэ цIэ лей.
ПсалъапIэ-увыпIэ етын – гъуэгу етын.
Псалъэ къэубыд – губзыгъэ, гурыхуэ, акъыл жан.
Пх′энжыр х′эз щIын – Iуэхур пцIыуэ, зэрыщытым хуэмыдэу цIыхум яхэхьэн.
Уэркъ къабзэ – «уэркъыгъэу дэгъэзеигъуэ кIыхьыр» дуней тетыкIэкIэ зыгъэпэж, зыгъэлъагъуэ цIыхум, лъэпкъыжь къабзэ къыхэкIам хужаIэ.
Уэркъыжь - уэркъыгъэр анэкъилъхуу лъэхъэнэ кIыхькIэ къызыдэгъуэгурыкIуэ лъэпкъыфI, лъэпкъышхуэ, абы щыщ цIыху («уэркъышхуэ»-м мыхьэнэкIэ щытехуэ къохъу).
Уэркъ цIафтэ – мылъку зимыIэж уэркъ.
Уэркъым ипкъ – къудан, зэкIуж. Псалъэжь: «Уэркъым ипкъ кIуэдыркъым» (Еплъ: Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдкъым).
Узун-Яйлэ хабзэ (Iузнейлэ хабзэ) – къэбэрдей гупсысэкIэм, хабзэ зехьэкIэм нэхъ тету Узун-Яйлэ щыува, щекIуэкIа хабзэ. ЖызыIэм елъытауэ (хэгъэгум щыщ, щымыщ) позитив мыхьэнэуи негатив мыхьэнэуи урохьэлIэ. «Жэбагъы хабзэ» (Къэзэнокъуэ Жэбагъы игъэува хабзэ) жыхуиIэ псэлъафэри Узун-Яйлэм и хабзэ унейхэм епхауэ къапсэлъ: «ЗыгуэрэкIэ зэныкъуэкъу хъумэ, къэбэрдейм – дыдейм – жаIэр арат: “Уэлей, а сэ жысIэр Джэбагъы и къануным напиплI къызэбдзэкIым етхуанэм итым!” – жаIэт. “Уэлей, ар Джэбагъы идэмэ, си пащIэр уэзгъэупсынтэм!”».
Узун-Яйлэ хьэщIэщ зэхэс – унафэ къыщащтэу, хъыбар щаIуатэу, жаIар зэрагъэхъуну щIыкIэхэр къыщахутэу Узун-Яйлэ хьэщIэщхэр икIэм нэс къэгъуэгурыкIуащ.
ХьэщIэщ зэкIэлъыкIуэ – цIыху кIуапIэу, унафэ къэщтапIэу уиIэныр, ар пIыгъыфыныр унагъуэм, лъэпкъым, лIым дежкIэ нэмысышхуэт. Узун-Яйлэ нэхъ лъэпкъыфIу исахэм я хьэщIэщхэм щаухэса хэгъэгупсо унафэхэм я хъыбархэр IуэрыIуатэм куэду къыхэнэжащ.  
Узун-Яйлэ уэршэр – «уэршэрын» псалъэм литературэбзэм къикI мыхьэнэм нэхърэ нэхъыбэ мыбдеж къыщырагъэубыд: «хуиту, гушхуауэ зэпсэлъэн» жыхуиIэм щегъэжьауэ «гушыIэн», «сэмыркъэун», «щIагъыбзэ куу хэлъу псэлъэн», «жьабзэ дахэ гъэлъэгъуэн», «псалъэншэу, гурыгъуазэу дамыгъэкIэ зэрыщIэн» жыхуиIэхэм нэсыжу.
Нэхъыжьхэм мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр къахьыр: хьэщIэщ уэршэр, щIалэгъуалэ уэршэр, лэгъунэ (псэлъыхъу) уэршэр, хъыджэбз хьэщIэ уэршэр, пхъужь уэршэр, удж уэршэр, нэгъуэщIхэри. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, уэршэрым мыхьэнэ нэхъыщхьэу иIар псалъэм уриджэгуфынрат, абыкIэ уэршэрэгъур къыдэпхьэхынрат.

Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться:

Читать также: